ЩIыуэпсым и ухуэныгъэ Бгы гъуанэжь

«Бгы гъуанэжь» жыхуэтIэр Хьэбэз районым хыхьэ Хьэгъундыкъуей къуажэм щыIэщ. СэмэгурабгъумкIэ укъекIуэкIрэ и щхьэм удэкIуеймэ, бгы гъуанэм и щыгу утоувэ. ЩIыуэпсым къигъэщIа мы ухуэныгъэ телъыджэм ди сабиигъуэм мащIэкъым дызэрыщхьэщыхьар. Гъуэмылэ такъыр здэтщтэти, хьэблэ цIыкIухэр абы дыдэкIыу, хьэуа къабзэ щытшэу щытащ. Мис ди щIалэгъуэр дигу къэдгъэкIыжу бгыгъуанэжь и щыгум доувэ. А дакъикъэхэм согупсыс: «нэпкъым мыпхуэдэ гъуанэшхуэр къыхэщIыкIа хъун папщIэ лIыщIыгъуэ дапщэ дэкIын хуейуэ пIэрэ?! ЩIыуэпсым и ухуэныгъэ гъэщIэгъуэныр цIыхухэм я зэхуэсыпIэу, лъапIэныгъэ гуэру щытауэ къыщIэкIынщ».

Абы хэтуи уафэм сыдоплъейри, хуэмурэ и дамэр ишэщIу бгъэшхуэр щызолъатэ. Нэпкъым сыщхьэщохьэ. Си нитIыр зэтызопIэри, дунейм макъ зэхуэмыдэхэр къыщIоувэ. Жыгхэр зэрыщхъыщхъым, къуалэбзухэм, жьыбгъэр зэрыфийм дунейм псэ къыIуагъакIэ. «Мыбы цIыху макъыр хэтыжамэ!», — жысIэу сыщегупсысым, си гъусэхэм ящыщ зыр ину къогуо: «Уэхьэхьеееей! Сызэхэфхрэ?!» А псалъэхэм щIыуэпсым зыпхидзри, зиIэтащ. Жьым хэзэрыхьри, бгыгъуанэжьым и къуагъкIэ щыIэ блэкIам хыхьащ. «Узэхызох, узэхызох…», — сыпэджэжащ си гъусэм. ЩIыуэпсым къигъэщIа апхуэдэ телъыджэ куэд ди щIыналъэм итщ, я къэхъукIэ, я тхыдэ яIэжу.

Дзэмыхь М.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *