Хьэбэз къуажэр районым и купсэу щыткIэрэ, къалэн, жэуаплыгъэ нэхъыбэ ихьу жыпIэ хъунущ сыт и лъэныкъуэкIи, абы щыщу—къуажэм и къабзагъэм ехьэлIауи.
Мы гъэм мэлыжьыхьым ипэ махуэм щегъэжьауэ, мазэ псор къызэщIиубыдэу, къэгъэбзэныгъэ щIыхьэхухэр убгъуауэ республикэм и дэнэ къуажи, къали щокIуэкI. Мазэ лэжьыгъэр нэхъри жэуаплыгъэ зыпылъ ящI щытыкIэ хэIэтыкIаитIым—нэхъыщхьэращи, ТекIуэныгъэм и Махуэр, и илъэс 80-р къызэреблэгъэпам, етIуанэу—мэлыжьыхьым сыт щыгъуи республикэпсо щэбэт щIыхьэху, Ленин къыщыхъуа махуэр и къыхуеджэныгъэу зэрырагъэкIуэкIыр.
— Беслъэн, Хьэбэз къуажэр гъэкъэбзэныгъэ и лъэныкъуэкIэ армукъым зэгуэрми, ауэ мэлыжьыхь мазэр нэхъ хэгъэщхьэхукIащ. АтIэ, сыт хуэдэ Iуэхухэм фыхущIыхьа мы зэманым, сыт дяпэкIэ фи мурадхэр? — абыхэми, нэгъуэщI упщIэхэми жэуап кърет Хьэбэз къуажэ советым и Iэтащхьэ Туаршы Беслъэн.
— Сыт щыгъуи шэщIауэ фыкъыддолажьэ, ди лэжьыгъэр къывогъэлъагъуэ, адыгэ лъэпкъым гулъытэ хэха хуэфщIу, гуихарэ псэ къабзэу фи гуащIэ хувогъэтIылъ. Абы папщIэ щхьэхуэу тхьэгъэпсэу вжызоIэ, ди Iуэхухэм япэ изгъэщу.
Ди псалъэр зытеухуар гъэкъэбзэныгъэращи, абыкIэ къезгъэжьэнщ. Мазэ хэха имыIэу, шэщIауэ къуажэм и къабзагъэм, санитар щытыкIэм дытолажьэ. Арами, гъатхэр къыщыскIэ, уэсым, уэтIпсытIым щIихъума псори къыщыщIэщыжкIэ, апхуэдэ теплъэгъуэ мыщхьэпэм къару псомкIи дыпэщIоувэри, щэбэт щIыхьэхухэр идогъэкIуэкI. Мэлыжьыхьым щIыхьэхухэр нэхъри щIыдогъэхуабжьэ ТекIуэныгъэм и Махуэм хуэкIуэу теплъэ къабзэ, дахэ къуажэм иIэ тщIыныр ди мураду. Гуапэ зэрыхъущи, мыпхуэдэ лэжьыгъэм псори къыхохьэ: къулыкъущIапIэхэр, IуэхущIапIэхэр, уней хьэрычэтыщIэхэр, унагъуэхэр, къуажэдэс гумызагъэхэр. ЩIэблэмкIэ зыбгъазэмэ, абыхэм Iуэху Iыхьэ гуэр ягуэщIыным къыщымынэу, гъэсэныгъэм хуокIуэж, щIыуэпс щIэнхабзэр щIэблэм къахуегъэуш.
Гъэкъэбзэныгъэхэм къызэщIыдогъэубыдэ къулыкъущIапIэ IуплъапIэхэр, уэрамхэр, псыхъуэхэр, псы Iуфэхэр, къуажэ цIыхубэм и зэхуэсыпIэ нэхъыщхьэхэр. Хьэбэч Умар и цIэр зезыхьэ къуажэ купсэ уэрамым ежьужьыр техыныр, хьэрткъуртыр тегъэкъэбзыкIыныр, жыгхэм сэху текIэныр, нэгъуэщIхэри сыт щыгъуи щыдогъэкIуэкI. Мэлыжьыхь мазэр «месячник» жэуэ цIыхухэм яхыдогъаIуэри, абы тету мазэ псом гъэкъэбзэныгъэ лэжьыгъэхэр зэпымыууэ йокIуэкI. Удзым и зэщIэрыуэгъуэм лэжьыгъэр нэхъри нэхъыбэщ. Гуапэ зэрыхъущи, цIыхухэр фIыуэ къытподжэж, гумызагъэхэр ди мащIэкъым, техникэкIи къыддоIэпыкъу, зыкъытщIагъакъуэ. АтIэ, къару зэхэлъхьэкIэ пхуэгъэкIуэтэнумрэ къару закъуэм къихьынумрэ шумрэ лъэсымрэ хуэдэщ.
Хэхауэ дыхуэлэжьэнущ ТекIуэныгъэ и Махуэм, накъыгъэм и 9-м. Ар цIыхубэм фIыуэ илъагъу махуэщIу зэрыщытым къыщымынэу, я къару, я гъерэт, я жэрдэм халъхьэу, нэхъри дахэ, екIу, и купщIэм хуэфэщэн зэращIыным дыпылъщ, къуажэдэсхэми зыкъытщIагъакъуэу. Апхуэдэ зы IуэхущIафэщ, зауэм хэтахэм я фэеплъу гъэ къэси зыгъэпсэхупIэ паркым жыгыщIэхэр зэрыхэтлъхьэр. Мы гъэми а хабзэфIым дытету жыгыщIэхэмкIэ паркыр дгъэбэгъуэнущ. ЖыгыщIэ цIыкIухэр гъэкIынымкIэ къуажэ еджапIэхэри, къулыкъущIапIэхэри армукъым, ахэр зыдэмыт къулыкъущIапIэ пщIантIэ иджы плъагъужынукъым.
Тхьэмахуэ кIуам республикэпсо зы щэбэт щIыхьэхушхуэ едгъэкIуэкIащ, иджыри зы едгъэкIуэкIынущ. Жыг лъабжьэхэр сэхукIэ дгъэпскIынущ, удзхэр щIэдгъэкъэбзыкIынущ, IэрыщIу къагъэхъуа хьэрткъурт идзыпIэхэр дгъэкIуэдынущ, зэщIэткъуэнущ Iэхэлъахэр зэрыщыту. КIэщIу жыпIэмэ, тхьэмахуэ къэс гъэкъэбзэныгъэ щIыхьэхухэм дыхэтынущ икIи дыхуэхьэзырщ апхуэдэ лэжьыгъэ уардэм, — жеIэ Туаршы Беслъэн.
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.