ЩIыхьым хуэфащэ пщIэ

«Ди къэралым гъэ къэси дыгъэгъазэм и 9-м щагъэлъапIэ Хэкум и ЛIыхъужьхэм я Махуэр. А махуэм дэ яхуэфащэ пщIэ ялъыдогъэс Совет Союзым, Урысей Федерацэм я ЛIыхъужьхэм, Щихъ Геор гий, ЩIыхь орденхэм я кавалерхэм. А махуэщIым и мыхьэнэр икъукIэ ин мэхъу ТекIуэныгъэр илъэс 80 щрикъу гъэм – Хэкум и хъумакIуэхэм я Илъэсым.

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къызэрыхигъэщымкIэ, мы фэеплъ махуэр къыгуэпх мыхъуну епхащ ди къэралым и тхыдэм. Абы къегъэлъагъуэ дэ дыкъызытекIыжахэр, ди зэманэгъухэр, зи IуэхухэмкIэ, зи гъащIэмкIэ Хэкум къулыкъу зэрыхуа щIэм и щапхъэ пэж къэзыгъэлъагъуэ псори. Къэрэшей-Черкесыр яхуэфащэ дыдэу ирогушхуэ и къуэхэм, Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм, Урысей Федерацэм и зауэлI лIыхъужьыгъэ тхыдэм зи напэкIуэцIхэр хэзытхахэм. Ди лъэхъэнэм къегъэщI зауэ операцэ хэхам ди Хэкум и хьэлэмэтхэр хахуэу щызыхъумэ лIыхъужьыщIэхэр. Лъэхъэнэ псоми я лIыхъужьхэм я хахуагъэр дэркIэ ирокъу хьэкупсагъэ щыпкъэм, Хэкур фIыуэ лъагъуным и щапхъэ, абыхэм дыкъыхураджэ Урысейм и лъэщагъым и цIэкIэ IуэхущIэхэр лэжьыным.

Фэеплъ мыкIуэщI яхуэфащэщ ди къэрал инымрэ абы и лъэпкъыбэ цIыхубэмрэ зи гъащIэр щIэзытахэм. ПщIэрэ щIыхьрэ – иджы псэу лIыхъужьхэм! ФIыгъуэрэ щIэрэщIэныгъэрэ яIэну дыкъыздалъхуа Къэрэшей-Черкесымрэ Урысей инымрэ! Черкесск къалэм и мэр Баскаев Алексей сщIыгъуу я фэеплъыр дгъэщыпкъащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм, удз гъэгъахэр щыдгъэтIылъащ СВО-м хэкIуэда, Урысейм и ЛIыхъужь, генерал-майор Боташев Къэнэмэт и фэеплъ сыным.

Ди щхьэр яхудогъэщхъ лIыхъужьхэм, щIыхь хэлъу зыщалъхуа щIыналъэр зыхъумахэм, Урысейм и зауэ тхыдэм зи лIыхъужьыгъэкIэ зи цIэр игъащIэкIи хэзытхэхэм», — щитхащ социальнэ зэпыщIэныгъэхэм ди хэгъуэгум и лIыщхьэм


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *