Зи ныбжь хэкIуэтахэм, социальнэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм ядэлэжьэнымкIэ республикэ Купсэм и къудамэу Черкесск къалэм щылажьэм пшыхь хьэлэмэт щызэхашащ, мазаем и 23-м — Хэкум и хъумакIуэм и Махуэм и щIыхькIэ.
ХабзэфI зэрыхъуауэ, шей, псы IэфI, IэфIыгъэкIэ зэхуэмыдэхэмкIэ узэда Iэнэм щызэхуэзащ мы социальнэ къулыкъущIапIэм и нэIэм щIэтхэр. Абыхэм гуапэу яхъуэхъуащ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ Купсэм и унафэщIым и къуэдзэ Мэремкъул Жумэлэдин, къулыкъущIапIэм и зы къудамэм и унафэщI Оверченко Татьянэ. Дэтхэнэми къыхигъэщащ Хэкум и хъумакIуэм и Махуэм и мыхьэнэр, ар илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ къэралым къызэрыдекIуэкIыр.
— Мамырыгъэ, угъурлыгъэ, узыншагъэ быдэ фиIэну дывохъуэхъу! Ди щIалэ — хъумакIуэхэр, нобэ СВО-м щыIэхэр узыншэу кIэщIрэ псынщIэу къытхигъэхьэж! ТекIуэныгъэр дыдеинущ! — жаIащ къэпсэлъахэм. Щэнхабзэм и лэжьакIуэ емышыжхэу Иванченко Алексейрэ Людмилэрэ нэхъыжьхэм я зыгъэпсэхугъуэр нэхъри дахэрэ хуабэрэ зэращIыным и Iэмал псори зэрахьащ. Уэрэдхэмрэ къафэхэмрэкIэ къызэхуэсахэм я пащхьэ къихьащ Черкесск къалэм дэт, гъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэм и гъэсэнхэр. Нэхъыжьхэмрэ щIэблэмрэ я зэпыщIэныгъэ узыншэм, фIыр, тхыдэр зэрызэIэпахым и щыхьэту зауэ илъэсхэм теухуа уэрэдхэр жаIащ, щIэнгъуазэ зэпеуэ зэдыхэтащ. ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.