КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и Министерствэм и къызэгъэпэщыныгъэкIэ, «Архыз 24» телеканалым и дэIэпыкъуныгъэкIэ, фокIадэм и 23-25 махуэхэм Черкесск къалэм дэт «Спутник» купсэм щылэжьащ «Щэнхабзэзэпх зэпыщIэныгъэм и еджапIэ» щIалэгъуалэ егъэджэныгъэ форумыр.
Щэнхабзэм епха лэжьыгъэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр дэгъэкӏыным, хъыбар нэпцӏхэмрэ «хъы» къэухьым шынагъуэу щыхъэмрэ защыхъумэным, утыку къэпсэлъэкӏэм зыхуегъэсэным ятеухуауэ лекцэхэмрэ мастер-классхэмрэ къызыхалъыта программэм хэтащ Ищхъэрэ Кавказым хыхьэ хэгъуэгухэм я ищхьэ еджапӀэхэмрэ колледжхэмрэ къабгъэдэкӏа студент 50. Абыхэм спикеру къыхурагъэблэгъащ РУДН-м, РАНХиГС-м, Лъэпкъ къэхутакӏуэ университетым, КъЧР-м и МВД-м я ӏэщӏагъэлӏхэр, егъэджакӀуэхэмрэ журналистхэмрэ. Япэ махуэр хуабжьу купщIафIэ хъуащ студентхэмкIэ. «Иджырей зэманым и щэнхабзэ дипломатиер. Дипломат хьэл-щэн: щэнхабзэхэмрэ хабзэхэмрэ я зэхуэмыдагъыр» лъэныкъуэгъазэм теухуауэ лекцэ иригъэкIуэкIащ Лумумбэ Патрис и цIэр зезыхьэ, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и Урысей университетым (РУДН) гуманитар икIи социальнэ щIэныгъэхэмкIэ и факультетым и деканым и къуэдзэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Линьковэ Еленэ. «Урысейм и иджырей гуащIэдэкI миграцэр: жыпхъэхэр щытыкIэхэм щапэщIэтым деж» упщIэр къиIэтащ Ищхъэрэ-Кавказ къэрал академием хамэ къэрал къикIа цIыхухэр егъэджэнымрэ щIэплъыкIынымрэкIэ и Купсэм и унафэщI, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор Богатыревэ Мартэ.




Егъэджэныгъэм и япэ махуэм и кIэух хъуащ «Архыз 24» телеканалым и хъыбарыт программэхэр зыгъэхьэзыр Эркенов Хьэзрэт щIалэгъуалэм дригъэкIуэкIа мастер-классыр — ар и лэжьыгъэр нэхъыфIу зэфIихынымкIэ Iэмалу къигъуэтахэм я щэхухэр наIуэ къызэрищIыным пылъащ, хэхауэ жыпIэмэ, утыкум укъызэрыщыпсэлъэн, щэн хабзэ, бзэ зэхуэмыдэ зезыхьэхэм тэрэзу уазэрыдэуэршэрын хуейр, псалъэ екIум хэти узэрыгуригъаIуэр студентхэм яжриIащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм форумым хэтхэм яIущIащ Урысейм и ФАДН-м дауэдапщэхэмрэ хъыбарегъащIэ хуэIухуэщIэхэмрэ гъэкIуэтэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Черкесов Елдар.
«Гурыӏуэгъуэщ, дэ еуэ къэс датопсэлъыхь лъэпкъхэр, щэнхабзэхэр зэзыпх зэпыщIэныгъэхэм, ауэ мыбдеж псом нэхърэ нэхъыщхьэр — зэпыщIэныгъэ псалъэращ. Ди щӏалэхэмрэ пщащэхэмрэ зэрызэгурыIуэфыну хэкIыпIэхэр къалъыхъуэн щIадзэмэ, ахэр сыт хуэдэ лъэпкъым щыщми, сыт хуэдэ диным тетми емылъытауэ, мы дунейм къаймыхъулӏэн щыIэкъым. Нэхъыщхьэр — тыншу зэгурыIуэу, зым жиIэр адрейм зэхихыу щытынращ. Иджыпсту, пэж дыдэу, ӏэмал куэд дыдэ щыӏэщ нэIуасэ узэхуэхъунымкIэ, жылагъуэ утыкухэм зыкъыщыбгъэлъэгъуэнымкIэ, абы щхьэкIи зыщIыпIэ закъуи укIуэн хуейкъым, ӏуэхуфӏхэр щыдэбгъэкIыфынущ, псапи щыпщIэфынущ узыщалъхуа щӏыналъэм», — жиIащ къыщыпсалъэм Черкесовым.
Форумым къыщыпсэлъахэм ящыщщ Лъэпкъ къэхутакӏуэ университетым. Дунейпсо экономикэмрэ политикэмрэкIэ и факультетым еджэныгъэ IуэхухэмкIэ и деканым и къуэдзэ Исэров Андрей, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) лъэпкъ политикэмкIэ, къэралщIыб зэпыщIэныгъэхэмкIэ, мысату организацэхэм я Iуэхухэмрэ СМИ-мрэкIэ и Комитетым хэт, «Архыз 24» Медиахолдингым и унафэщI Батчаевэ Мадинэ, КъЧР-м и МВД-м экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и Купсэм мыхьэнэ хэха зиIэ IуэхухэмкIэ оперуполномоченнэ нэхъыжь Пхъэш Иринэ, Ингушетием и Мэлгъэбэг къалэм дэт курыт еджапIэм щезыгъаджэ, «Знание. Лектор» Урысейпсо зэпеуэм щытекIуа Камурзоевэ Зарэ сымэ. Ингуш бзылъхугъэм и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ ди къэралым бзэ 270-м щӏигъу зэрыщыIур, лъэпкъи 190-м нэблагъэ зэрыщыпсэур, дэтхэнэми езым и щэнхабзэ, и хабзэ дахэ зэриIэжыр.
Икӏи махуэ къэс лъэпкъхэр зыпэщIэхуэ гугъуехьхэр зэгъусэу къызэранэкӏыфын папщIэ, псом хуэмыдэжу иджыпсту, ди гъащӏэм мыхьэнэшхуэ щызиӏэ къэхъугъэм дыщыпхыкӏ зэманым дылъэщу, дызыуэ дызэрыщытыпхъэр. Ещанэ махуэм лекцэ къатащ РАНХиГС-м Ищхъэрэ Кавказым щиIэ къудамэм и ректор Лъыс Азэмэтрэ РУДН-м тхыдэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Кряжевэ-Карцевэ Еленэрэ. ТIымыжь Даринэ — ИщхъэрэКавказ федеральнэ университетым япэ курсым щоджэ: «Сэ мы форумым ныбжьэгъущIэхэр къызитащ, си зэхэщIыкIри къиIэтащ. ЕгъэджакIуэ сыхъуауэ ищхьэ еджапIэм сыкъыщIэкIмэ, си фIэщ мэхъу махуищми спикеру къыддэлэжьахэм сызыхагъэдэIуар къызэрысщхьэпэжынур.
Нэхъ сигу дыхьауэ къыхэзгъэщыну сыхуейт Пхъэш Иринэ и лекцэмрэ Эркенов Хьэзрэт и мастер-классымрэ. Махуэхэр зэрылъэтари къыдгурымыIуэу кIуащ, щэнхабзэзэпх зэпыщIэныгъэм теухуауэ щIэныгъэ дэгъуэхэр къытхуигъанэри. Сыт мы егъэджэныгъэм и къыпэкIуэныгъэ нэхъыщхьэр жыпIэмэ, ар, шэчыншэу, сызыхэта «Вершина» командэр зэрытекIуаращ, «Щэнхабзэхэр зэгъунэгъущ» зыфIэтща ди проектыр нэхъыфIхэм я нэхъыфIу къызэралъытаращ».
Ажий Аринэ — Ищхъэрэ-Кавказ социальнэ институтым и ещанэ курсым щоджэ: «Тхыдэ и лъэныкъуэкIэ мы форумым сызыщигъэгъуэзар куэдщ. СфIэгъэщIэгъуэну зэпкърысхащ командэ лэжьыгъэу къыдата кейсищыр, икIи, сызэрыгугъауэ, ди проектыр къызэрытпщытэжар жюрим игу ирихьри, япэ увыпIэр къытхуигъэфэщащ». Махуищкӏэ екӏуэкӏа еджэныгъэм я щӀэныгъэкӏэ командитху щызэхъуэжати, абыхэм ягъэхьэзыра социальнэ проектхэм жюрим уасэ щыхуищIым, унафэ къахьащ гупитхум щыщу щым: «Вершина», «Авангард», «Барс» жыхуиӏэхэм япэ увыпӀэр — текӀуэныгъэр зэхуэдэу ялъыгъэсыпхъэу, фӀы къызыпэкӏуэнкӏэ хъуну лэжьыгъэхэр къазэрыдэхъуам къыхэкӏкӏэ. Икӏи, иужь дыдэу, КъЧР-м лъэпкъ ӏуэхухэмкӏэ, цӀыхубэ зэпыщӏэныгъэхэмрэ печатымрэкӏэ и министр Есенеев Мурат дэтхэнэ ныбжьыщӏэми тхылъ иритащ егъэджэныгъэ программэм зэрыхэтар иту.
— Дэ ди къалэн нэхъыщхьэр фыгупсысэфу фыдгъэсэн, мы щIы хъурейм къалэну щыфхьхэр къывгурыдгъэӏуэнращ. Фӏыщӏэшхуэ яхузощӏ фызыпӏа, феджэну ӏэмал къывэзыта фи адэ-анэхэм, согугъэ щIэныгъэ зэвгъэгъуэтыхун фи зэманыр пщӏэншэу фымыгъэкIуэдыну. Къэрэшей-Черкесым илъэси 100 щыхъуам къыдэдгъэкIауэ щыта тхылъыр тыгъэу зэста псори ди Министерствэм практикэ нызогъэблагъэ. Фыкъызогъэгугъэ лъэкIыныгъэу фиIэр къызыкъуэфхынымкIэ сыфщхьэпэну, икъукIэ фызгъэунэхуну. Хэт ищӏэрэ, илъэсипщI гуэр дэкIа нэужь, а псори фигу къэвгъэкӏыжынщ фыгуфIэу, лъагъуэ захуэ фытезыгъэхьахэм фӏыщӏэ яфхуэфщӏу. Иджыпсту зэманыр апхуэдэщи, цӏыху губзыгъэхэм, лэжьэным хуэнэрыгъхэм, ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъыхьэным хуэпабгъэхэм дахуэныкъуапэщ.
Сыхуейщ ди ужь къиувэфын нэрыбгэ дэтхэнэ зыми къыфхэкIыну, дэр нэхърэ нэхъыфӏ, нэхъ дахэ, нэхъ хэлъэт зиIэ фыхъуауэ фыкъыщIэкIыну. Фи фӏэщ фщIы, псори дызэгъусэмэ, дызэгурыӏуэмэ, сытми дыпэлъэщыфынущ. Аращи, си ныбжьэгъухэ, Тхьэм фиузэщI, фIыуэ щыIэр къывит! — форумыр зэхуищIыжкIэрэ щIалэгъуалэм захуигъэзащ министрым.
ЛЫХЬ Тимур
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.