Щапхъэгъэлъагъуэхэщ

Унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ я Махуэр хэIэтыкIауэ щагъэлъэпIащ ди хэгъуэгум. Абы ехьэлIауэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ гъэлъэпIэныгъэ пшыхьым хэтащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. Хэгъуэгум и лIыщхьэм нагъыщэ лъапIэхэр яхуигъэфэщащ ди республикэм щыпсэу, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа унагъуэ куэдым.

«Си гуапэ дыдэу, илъэс 50-м щIигъуауэ зэгурыIуэу, фIыуэ зэрылъагъуу, пщIэ зэхуащIу зэдэпсэу, ди къэралым и цIыху щыпкъэхэр — бынхэмрэ бынырылъхухэмрэ зыгъэса унагъуэ щхьэхуэхэм «Образцовая семья» хэгъуэгу бгъэхэIур яхуэзгъэфэщащ. Пэж дыдэу, ахэр зэхуэпэжу илъэс куэдрэ зэрызэдэпсэуар, я акъылыфIагъыр щIалэгъуалэмкIэ щапхъэщ», — къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэм.

Унагъуэмрэ насып зыпылъ нэчыхьымрэ гъэбыдэным, унагъуэ хабзэмрэ  щIэинымрэ хъумэным, псэкупсагъэ — хэкупсагъэ зыхэлъ щIэблэ гъэсэным хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIым къыхэкIыу, «За любовь и верность» медалымрэ ЩIыхь тхылърэкIэ я цIэр къриIуащ илъэс 25-м щIигъуауэ зэгурыIуэрэ пщIэ зэхуащIу зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэми. КъинэмыщIауэ, а махуэм ягъэлъэпIащ бынунагъуэшхуэхэри. Апхуэдэхэм хуагъэфэщащ «Материнская слава» щIыхь бгъэхэIур. «Сабиитху е нэхъыбэ пIынымрэ гъэсэнымрэ Iуэху тыншкъым. Ар лъагъуныгъэ гъунэншэ, шыIэныгъэшхуэ, псэ жумартагъ къыббгъэдэкIын хуейуэ къэзыгъэув лэжьыгъэшхуэщ. Ину щхьэщэ фхузощI!» — гуапэу анэ быныфIэхэм захуигъэзащ ди хэгъуэгум и лIыщхьэм.

КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *