Сабиигухэр зауэлIхэм щащIыгъукIэ…

СВО-р зэрыщІидзэрэ, балигъи ныбжьыщІи, цІыкІуи-ини, дэтхэнэми и къару, и гъерэт къихьыр ирехьэлІэ щІэхыу хьэлэбэлыкъыр иухыным, мамырыгъэр къэзыгъэгъунэгъуфыну, операцэ хэхам хэт ди зауэлІхэм щІэгъэкъуэн яхуэхъуным. Абы и зы щапхъэщ Ботэщей къуажэ курыт еджапІэм и еджакІуэхэр. Ахэр еджэным щехъулІэм къыщымынэу, я Іэпэхэм ІуэхуфІ куэд ялэжь.

Иужьрейр — ІэщІагъэщІэ зыІэрагъэхьащ зыхужыпІэнщ. АтІэ, балигъхэм я нэІэм щІэту, еджакІуэхэм яблэ маскировочнэ хъыхэр. Ахэр СВО зауэлІхэмкІэ хуабжьу хьэпшып щхьэпэщ. Я щхьэхэр къэзыхъумэ пыІэхэм, бронежилетхэм хуэдэ къабзэу, маскировочнэ хъыхэми биишэм зауэлІхэр щахъумэ, нэрымылъагъу ящІ. Хъыхэр зэраблэ лентІхэр къарет Пархоменко Наталье зи унафэщІ «Ромашка» НКО-м. Зэраблэну чэнджэщхэмкІи къадэІэпыкъуащ, къаригъэлъэгъуащ. Иджы, фІыуэ есахэу, езыр-езыру мэлажьэхэ, дэгъуэуи хъы щІыныр зрагъэхъулІэ.

Гуманитар дэІэпыкъуныгъэхэм къинэмыщІу, еджакІуэхэм ятха письмо гуапэ-хуабэхэр щІэх-щІэхыу ди зауэлІхэм Іэрагъэхьэ. Мызэ-мытІэу хъыбар щыІахэмкІэ, апхуэдэ письмохэр къытрагъэзэжу щІаджыкІыж абыхэм, ягухэм йохуэбылІэ, куэд щІауэ зэрымыс я унагъуэхэм я хуабэр къанихьэсу. Ботэщей еджапІэм и еджакІуэхэм щІытІ шэху уэздыгъэхэри ящІ, СВО-м хурагъашэ зэпыт. А лэжьыгъэри зэпыукъым. ЖыІэпхъэщи, икъукІэ лъэпкъыпсэ, хэкупсэщ мы еджапІэм и еджакІуэхэр. КІуэаракъэ, ахэр хуэфэщэнщ еджапІэм зи цІэр зэрихьэ, Хэку зауэшхуэм и ЛІыхъужь Хьэбэч Умар и щІыхьым.

Мы еджакІуэхэр я ныбжькІэ зэуапІэ хэм Іутыну нэмысами, къагуроІуэ езыхэми я гуащІэ Іыхьэ абы зэрыхуагъэтІылъыфынур. — Дэ дыхуейт зыгуэркІэ дадэІэпыкъуну дыкъэзыхъумэ ди зауэлІхэм. Япэ дыдэу тщІа хъыр тІэкІу къыдэмыхъулІами, ди щыуагъэхэр егъэджакІуэм дигъэлъагъужри, зэдгъэзэхуэжащ. Иджы нэхъ дыхэзэгъауэ, тыншу долэжь, — хьэрэмыгъэншэщ хъыхэр зыблэхэм ящыщ еджакІуэ Къалмыкъхэ Іэминэрэ Ясминэрэ я псалъэхэр. — ЩыщІэддзам елъытауэ, куэдкІэ нэхъ хуэІэкІуэлъакІуэ дыхъуауэ доблэ хъыхэр. Уеблэмэ схемэхэми демыплъу тщІыфынущ. Маскировочнэ хъитІ тщІыну къыдэлъэІуати, дгъэхьэзыращ.

Хьэзыр хъур «Родные сердца» гупым Іэрыдогъэхьэри, абыхэм адэкІэ Іуэхур зэрагъэзахуэ, гъуэгу трагъэхьэным хуэунэтІауэ, — жеІэ Ботэщей курыт еджапІэм и унафэщІым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкІэ и чэнджэщэгъу Братхэ Розэ. Быдэщ Ботэщей курыт еджапІэ «фронтыр». Апхуэдэ фронтыр зи щІыбагъ къыдэт ди зауэлІхэри щІэгужьеин щыІэкъым, ТекІуэныгъэр къапоплъэ!

ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *