IэщIагъэ IэкIуэлъакIуагъкIэ «Учитель дефектолог 2025» Урысейпсо зэпеуэм и хэгъуэгу Iыхьэр Къэрэшей-Черкес Республикэм егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм здыхагъахъуэ институтым щекIуэкIащ. Зэпеуэм хэтащ сабийм и псэлъэкIэр зэтеухуэным хуэунэтIауэ лажьэ логопед, дефектолог егъэджакIуих.Къапщтэмэ, кIуэ пэтми мыпхуэдэ IэщIагъэрылажьэхэм я дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм я бжыгъэм хохъуэ. Ахэр ядоIэпыкъу сабий мыпсалъэхэм, макъхэр зыхуэмыгъэIухэм. Нэхъыбэу апхуэдэ IэщIагъэрылажьэхэр щолажьэ еджакIуих.
Къапщтэмэ, кIуэ пэтми мыпхуэдэ IэщIагъэрылажьэхэм я дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм я бжыгъэм хохъуэ. Ахэр ядоIэпыкъу сабий мыпсалъэхэм, макъхэр зыхуэмыгъэIухэм. Нэхъыбэу апхуэдэ IэщIагъэрылажьэхэр щолажьэ еджапIэ хэхахэм, сабий IыгъыпIэхэм. Мы зэпеуэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр апхуэдэ егъэджакIуэхэм я IэщIагъэ IэкIуэлъакIуагъым хэгъэхъуэн, я пщIэр къэIэтын, гъэгушхуэнращ.
Зэпеуэм хэтхэм КъЧР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министрым къыбгъэдэкIыу фIэхъус ярихащ гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ, гуэдзэ егъэджэныгъэмрэ сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымрэкIэ Министерствэм и къудамэм и унафэщI Гербековэ Гоккэ. — Логопедхэм я зэпеуэр ди хэгъуэгум илъэс ещанэ хъуащ зэрыщедгъэкIуэкIрэ. ИкIи нэрылъагъу мэхъу ди егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэ купщIафIэр. Абы къызыкъуах зэфIэкIымрэ зэчиймрэ телъыджэщ. Нэгъэсауэ Урысейпсо утыкуми зыкъыщагъэлъэгъуэф. Ноби си фIэщ мэхъу зэпеуэм хэт егъэджакIуэхэм я IэщIагъэмкIэ ябгъэдэлъ зэхэщIыкI лъагэр наIуэ къызэращIыфынур, федеральнэ утыкуми щIыхь пылъу ди республикэр къызэрыщагъэлъэгъуэнур.
Сабийм и псэлъэкIэм елэжь IэщIагъэрылажьэм и мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ.Фэ сэбэп фахуохъу гулъытэ хуэныкъуэ сабийхэм, абыхэм я дунейр яхувогъэдахэ, я псэукIэр ивогъэфIакIуэ.Фи лэжьыгъэм гурэ-псэкIэ фыбгъэдохьэри, абы папщIэ фIыщIэ мыухыж! — жиIащ Гербеновэ Гоккэ.
А махуэм егъэджакIуэхэм наIуэ къащIащ я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп Iэмалхэр, сабийм къыхуагъуэт бгъэдыхьэкIэхэр. Ахэр видео нэтынкIэ жюрим и пащхьэм къыщагъэлъэгъуащ.ИужькIэ, я IэщIагъэм теухуауэ къыхрагъэха упщIэхэм я жэуапхэри ятыжащ.Зэпеуэм и кIэм жюрим нэхъыфIыр игъэбелджылащ. Апхуэдэу, «Илъэсым и логопед» номинацэмкIэ нэхъыфI дыдэу къалъытащ Черкесск къалэм дэт 31-нэ сабий IыгъыпIэм и логопед Кречетовэ Светланэ. ЕтIуанэ увыпIэр — Лэтокъуэ Гуащнагъуэ и цIэр зезыхьэ еджапIэ-интернатым и егъэджакIуэ Каракотовэ Замирэ. Ещанэр — Черкесск дэт «Аленушка» сабий IыгъыпIэм щылажьэ Иуан Еленэ иратащ. «Дефектолог нэхъыфI» номинацэмкIэ япэ увыпIэр Черкесск къалэм дэт, фIыуэ зэхэзымыххэм, зи тхьэкIумэ щыщIахэм яхухэха коррекционнэ еджапIэм и егъэджакIуэ Атуовэ Зорумхъан къихьащ. ЕтIуанэ увыпIэр — «Журавлик» сабий IыгъыпIэм и лэжьакIуэ Бондаренко Дарья, ещанэр — «Сказка» сабий IыгъыпIэм и егъэджакIуэ Джанибековэ Лилие сымэ ялъысащ.
ЕгъэджэныгъэмкIэ хэгъуэгум и Министерствэм къыбгъэдэкIыу, щIыхь тхылъыр щIыгъуу, къахьа щIыпIэм елъытауэ зэщхьэщыхуауэ псоми ахъшэ тыгъи хуагъэфэщащ. Хэгъуэгу Iыхьэм япэ увыпIэр къыщызыхьахэр мы гъэм федеральнэ зэпеуэми хэтынущ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.