Илъэс 39-кIэ пэIэщIэ дыхуэхъуащ дэ а махуэм, дуней хъурейм деж нэхъ техногеннэ къэхъугъэ хьэлъэу щыта, Чернобыль атом электростанцым зэхэкъутэныгъэ иныр къызэрыщыхъурэ. 1986 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 26-р нобэр къыздэсым къонэ насыпыншагъэкIэ гъэнщIа, тхыдэм и напэкIуэцI фIыцIэхэм ящыщу. А махуэм къыкъуэтщ фэбжь зыгъуэта, игъуэ нэмысу дунейм ехыжа цIыху бжыгъэншэр.
Чернобыль АЭС-м и еплIанэ энергоблокым къыщыхъуа къэуэныгъэм игуэшащ цIыху мин бжыгъэм я гъащIэр «къыщыхъуам ипэ — иужь»-кIэ, хэщIыныгъэ хьэ-лъэ дыдэхэр яригъэгъуэтащ щIыуэпсым, СССР-м хыхьэ республикэ куэдым я экономикэм.
А къэуэныгъэм нэхъыбэж хэщIыныгъэрэ насыпыншагъэрэ къихьыну къыщIэкIынт, псэемыблэжыныгъэ къызыкъуэкIа цIыхухэм мыхъуамэ, радиацэм зрамыгъэубгъуу псэ зыIут тажу ахэр мыувамэ. Абыхэм ящыщт Къэрэшей-Черкесым щыщ цIыху 1200-рэ. Абыхэми я фIыщIэкIэ, пIалъэ кIэщI дыдэкIэ яхузэфIэкIауэ щытащ щIыпIэ куэд къызэщIэзыубыдэнкIэ хъуну щыта насыпыншагъэ иныр къызэтрагъэувыIэну.
Ди хэкуэгъу хахуэхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр — къэхъуа къутэныгъэ иныр зэзыгъэзэхуэжахэр, радиоактивнэ пкъыгъуэхэр здыщыкуэд дыдэ щIыпIэхэм щылэжьахэр, я узыншагъэ кърамыдзэу, я гъащIэ щымысхьыжу, игъащIэкIи дигухэм къинэнущ.
Я IэщIагъэм къахуигъэува къалэнхэр, граждан, цIыхугъэ пщэрылъхэр ягъэзащIэкIэрэ, ликвидаторхэр мамыр гъащIэм деж жылагъуэм щапхъэ яхуэхъуащ гуеигъэмрэ лIыгъэмрэ зыгъэщыпкъэу.ХэкIуэдахэм фэеплъ нэху! Нобэ дунейм тетхэр гъащIэ кIыхь, гукъыдэж щимыгъащIэкIэ!
ТЕМРЕЗОВ Рэшид, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ
ИВАНОВ Александр, Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ
АРГУН Мурат,Къэрэшей-Черкес Республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.