ПУТИН Владимир:

«НэщI мазэ лъапIэр иухащ. Дуней псом тет муслъымэнхэм ижь-ижьыж лъандэрэ пщIэ нэхъ зыхуащI мы махуэщIыр и нагъыщэщ цIыхухэм хьэл-щэн нэхъыфIхэр зы­халъхьэным, гуапагъэ ящIэным, гущIэгъу зыхагъэлъы­ным.

Гуапэщ, Урысейм щыпсэу муслъымэнхэр псэкупсэ къулеигъэм, тхыдэ щIэиным зэрахуэсакъыр, я нэхъыжьхэм, къащIэна хабзэхэр зэрызэрахьэр, уэсятхэр зэрагъэ­защIэр, нэхъри ирагъэфIакIуэурэ абыхэм щIэблэр гъунэгъу зэрыхуащIыр. Абы къыхэкIыу, Ураза-Байрам махуэщIыр ди къэралым Iэтауэ щагъэлъапIэ — дин IуэхукIи, унагъуэм дежи.

ПщIэ хэха яхуэфащэщ ди къэралым и жылагъуэ, и щэнхабзэ гъащIэм зайгъэужьыным, псапащIэ, егъэджэ­ныгъэ, щIэнгъуазэ, хэкупсагъэ проектхэмрэ къыхэлъхьэныгъэхэмрэ гъэзэщIэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI муслъымэн зэгухьэныгъэхэм.

Псом хуэмыдэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъур.

Узыншагъэ быдэ, фи Iуэхухэмрэ фи къыщIэдзэныгъэщIэхэмрэ ехъулIэныгъэ щывиIэну!»


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *