Хъумэрэ къуажэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа АБЫКЪУ Алий Едыдж и къуэм и гъащIэр гугъуу къызэрекIуэкIам теухуауэ тхакIуэ Лыхь Мыхьэмэт жиIэжа хъыбарым и япэ, етIуанэ пычыгъуэхэр…
— Мы тхыгъэ кIапэр, Хьэжмэт, мы къыдбгъэдыхьэхэм гу лъомыгъатэурэ мо урыс зауэлIхэм яхэт Беслъэнейм IэщIэлъхьэ, – си къуэшым е ХьэкIахъу хьэжым IэщIигъыхьэжыну сызэрыщыгугъри гурыгъаIуэ. КIэщIу и ужь итуи си шыр къысхуэшэ. КъыбгурыIуа, къуэш?
— КъызгурыIуащ жыпIа псори, Алий.
И зиусхьэным и унафэр а зэрызэпсэлъам текIуэда зэманым нэхъыби иримыгъэхьу зэфIигъэкIри бейгуэлым уанэшри къыбгъэдишащ, мо зи пIалъэ ицIыху псэущхьэ Iущми унафэ хуищIащ, игъэтIысри сакъыпэурэ уIэгъэр тригъэтIысхьэри игъэтэджыжащ.
Ар урыс капитаным хуэмыIуэтэщIыжу игъэщIагъуэт. ЗэрыжаIэмкIэ, пщыр зауэлIхэм уэрэдышхуэкIэ ПлъырыпIэмкIэ ирашэхащ. НиколаевскэкIэт а плъырыпIэм зэреджэри, зыгуэрым я шхуэмылакIэр быдэу иубыду къигъэувыIам ещхьу, пщымрэ Хьэжмэтрэ яшхэр хэтIам хуэдэу къызыщIэувыIыкIащ. Я тхьэкIумэхэр дзасэу ягъэкIауэ шитIри зыщIэдэIукIт.
БыдапIэм ящыщ зым «дыдейхэм туземцитI къаубыдауэ къытхуашэ», зауэн-фыщIэн хьэзыру сэлэтхэр къыщынэсым, капитаныр ятегуауэри зэпригъэгъэзэжащ.
— Си ужь фыкъиуви фынакIуэ! — унафэ хуищIащ бейгуэлым. Хьэжмэти пщым и бгыр зэрыщIиIыгъэм хуэдэу, жыIэщIэрэ капитаным и ужь иту пщIантIэм дыхьащ. Къыдэжа зауэлIхэри зэрыдэгуэжащ.
— Фыкъызэплъу фыщымыту, фысакъыурэ пщыр шым къевгъэпсых. Фэракъэ жыхуэсIэр, псынщIэу! — аргуэру офицерым унафэ ищIащ. Зыбжанэм зрачат унафэр ягъэзэщIэну. Ауэ ящIэнум хущIэмыхьэ щIыкIэ, Хьэжмэт шыр аргуэру игъэтIысри, уIэгъэм и блыгущIэм зыщIигъакъуэри ирагъэлъэгъуа унэм щIишащ, гъуэлъыпIэ щабэми зэуэ ирагъэгъуэлъхьащ.
— Хъунщ, атIэ, зиусхьэн майор, иджыпсту мафIэр щIезгъэгъэнэнщ, — жиIэри, капитаныр щIэкIыжащ. ПщIантIэм щызэрызехьэ зауэлI гупым офицерым унафэ яхуищIащ и Iизыншэу фоч ягъауэ мыхъуну. Сыту жыпIэмэ, къэрэгъул лъагапIэм тетым къигъэлъэгъуагъэххэт адыгэ гупышхуэ, плъырыпIэм шы лъэ макъ, зэпсалъэ макъхэр IупщIу зэхэпх хъуат. Ахэр Хэкум икIыжу арат. ГупипщIкъакIуэти, псоми япэ итым щIэщIар хьэрэт. Абыхэм я вытIощыщIэр щIалэ псыгъуэ кIыхьым иIыгъыу екъут, ящIэгуауэт нэхъ псынщIэу плъырыпIэм зэрыблигъэкIынум хуэпабгъэу. А псоми я ужь шу тIощI итыжти, зыр хуабжьу гумызагъэу, дэнэкIи нэст. «ФызэкIэрымыху, фызэкIэрымыщ», — унафэ быдэ яхуищIт лъэсхэм. Бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ я нэхэр плъырыпIэм траубыдат шынэм къыхэкIыу. «Уэу мыгъуэ, иджыпсту къытхэуэнущ!» — къэIуащ зыгуэрым и гузэвэгъуэ макъыр. АрщхьэкIэ ахэр зэрымыгугъауэ бэIутIэIуншэу зыщышынэм блэкIри псыхъуэ лъэгумкIэ зратащ. А дакъикъэхэм капитаныр егупсыст Абыкъум мафIэ зэрызэщIигъэстынумкIэ чэнджэщ къритам и мыхьэнэм. Адыгэхэр блэкIа иужь, пщыр здыщIэлъым щIыхьэри и гуапэ хъууэ жриIащ:
— Зиусхьэн майор, адыгэхэм хабзэфIу яIэхэм ящыщщ мафIэ зэщIагъэстмэ зэхэуэ щымыIэну зэранагъыщэр. Армырамэ, дызэгурымыIуэу лъэныкъуитIри зызэтпщытынурэ хьэлэч дызэрыщIынущ. — Уэри Тхьэм уигъэпсэу, капитан. Нобэ укъыщыдихьэлIам сэ къызгурыIуащ узэрыщIалэфIыр, зэбийхэр мамыру зэблэкIыным узэрыхущIэкъур. НетIэ блэкIа тхьэмыщкIэ гупыр уэ къохъуэхъуу къыщIэкIынщ узыншагъэ уиIэну. Абыхэм фIы яхуэпщIауэ ящыгъупщэнукъым. Нэху щымэ плъагъужынщ уи фIыщIэ зэрамыгъэкIуэдар. … Жэщыбг хъуат. Хьэжмэт пэшыбжэр къызэIуигъэзэщIыкIауэ яхэдэIухьт сэлэтхэр зэрызэпсалъэм. Ахэр мафIащхьэшхуэм и хъуреягъкIэ къетIысэкIат. Пщыри зэрагъэгъуэлъауэ щылът, капитанри абыхэм яхэсти, лъагапIэм тет къэрэгъулым и макъыр къэIуащ:
— Зи щIыхьыр лъагэ, — къыжриIэт абы офицерым. — Гъырэ уэрэдрэ умыщIэну мо адрыщI лъэныкъуэмкIэ зы макъ къыщоIур. — Зэ фымыдаущыт, сэлэтхэ! — фIэгъэщIэгъуэн хъуащ капитанми. Псори щымыбзэу зэщIодэIукI.
«А си сабиитI мыгъуэ, дэнэ фыщыбзэха, дэни фыкъисхыжыну!» — гузэсэжт бзылъхугъэ макъыр. Абы къыдежьуужт нэгъуэщIхэри. Бзэр зымыщIэ офицерыр Хьэжмэт зыбгъэдишэри къеупщIащ а макъхэр зищIысымкIэ.— Бзылъхугъэхэр щIэгъыр нэрыбгитI яхэщIащи аращ. Тхьэм ещIэ, псым щызэпрыкIым яIэщIиха мыгъуэ. И пщыри хуабжьу къыхэщэIукIти, Хьэжмэт щIыхьэжри, сымаджэм и натIэм къытрищIа пщIэнтIэпс IэшкIэхэр напэлъэщIкIэкъытрилъэщIыкIащ.
— Нэху зэрыщу Шэткъалэ дымыгъазэ хъунукъым, гур зэрызэщIэпщIэнум хуэдэу гъэхьэзыр. Капитаным и IэзакIуэри гъусэ къытхуищIынущ, — унафэ къритащ пщым, и Iупэ гъущIахэр ерагъыу зэтрихыурэ.
— Псори зэрыжыпIауэ зэфIэкIынущ, — къигъэгугъэри щIэкIащ бейгуэлыр. Пщыхьэщхьэпэм тIэкIу Iурича щхьэкIэ, жэщ псом тэрэзу и напIэ зэтрилъхьакъым Алий. Зэм хилъафэт, зэми къызэщыужти щIэупщIэт зэманыр здынэсам. Гугъумыгъурэ щхьэукъуэу щхьэщыс Хьэжмэти гурыIуэгъуэу жэуап иритт: «Вагъуэбэр Псыжь зэрикIрэ Iэджи щIащ» е «Нэхущ вагъуэр мыгувэу къэунэхунущ…»
ИгукIэ и зиусхьэным щегий къэхъуащ а жэщ хьэлъэм Хьэжмэт: «Дапщэрэ сынолъэIуат, Алий, а зауэлIхэм запомышэ жысIэурэ? Къэгъазэ щыбжесIами къэбгъэзакъым… Сэ къызгуроIуэ сэлэтхэм уащIыкIэлъыжари. Ауэ псоми уакъыгурыIуэну? Уэ пщIар лIыгъэу зыми илъытэнукъым. Уи къуажэ, уи адыгэ тIэкIум щхьэкIэ уэ лъыуэ ипкIутар мащIэщ зэхэзыщIыкIынур…»
И бейгуэлым и гум щыхъэр, хузэмыгъэзахуэр къищIа хуэдэ Абыкъуми къыжьэдокI:
— Сэ хэт сыт къысхужимыIэнуми и тхьэ зэреплъщ, а жаIэхэм сакъыхуэнакъым. Пщы тэрэз диIэж мыгъуэ?! ДиIэжкъым. Лохэ Аслъэнджэрий нэхъ къулей къытхэтыжкъым. Ар зэрыбейми сыт и сэбэп — цIыхугъэ лъэпкъ хэлъкъым. Зы джэдэхъукIэ зылIкъыуитынущ абы. МацIэ жыхуаIэм хуэдэу нэпсейщ… ПщIэжрэ, Хьэжмэт, ар ди адэм ныкIэлъыкIуэу щытати? Уа-хьэ-хьэ-хьа, — къехьэлъэкIыпэу дыхьэшхащ Алий здэпсалъэм.
— Ар щышхэ къудейкIэ уIуплъэну зэуэ гущыкIти. Щхьэ лъэныкъуэм гуэт тхьэкIумэр къыгуетхъри хабзэмыщIэу езым зыжьэдехуэ, абы пIастэ бзыгъэшхуэ кIэлъеутIыпщыжри, напIэзыпIэм ирехух… Абы зэ шхэгъуэм игъэкIуэщIыр, къуэш, уэрэ сэрэ жэщ-махуэ псокIэ къыдэлыжу тхурикъунущ. И ныбэ фIэкIа нэгъуэщI щыIэу ицIыхукъым. — Пэжщ, Алий, жыпIэм хэбдзын хэлъкъым, — сымаджэ зэгуэпыр зэрытригъэужыным пылът мыдрейри.
— Уэри уощIэ, си гъащIэм зы лъхукъуэлIсыбгъэдэувэу «сэ сыуипщщ» жэуэ зыхуэзгъэхъеякъым. СыщIалэхун си пIэ сцIыхужащ, хэт щыщми нэхъыжьым пщIэ хуэсщIыфащ. Илъэс пщыкIублкIэ урысхэм къулыкъу яхуэсщIами, си лъэпкъ и Iей зы махуэ зесхуакъым. Адыгэ щIалэ Iэджи си гъусащ. Абыхэм ящыщ къыпхуэзами къыбжаIэжынщ. СащIэхуэуэкъулари адыгэхэм, къуажэм зэтраукIэурэ здыдэса къуэладжэм къыдахуащ…
— Тхьэм къыхуимыгъэгъукIэ. Пэжщ жыпIэр, Алий.А псалъэхэр къыжьэдэкIри, бейгуэлыр и зиусхьэным хуеплъэкIа щхьэкIэ, адрейр жейм Iурихауэ щилъагъум, и гуапэ хъущ, хуэмурэ бжэр зэIуихри, сакъыу теувэурэ щIыбым щIэкIащ. Лъапэ нэху къэхъуат. Псыжь иIэ даущымрэ абы къыхиху хьэуа къабзэмрэ захигъапскIэ щIыкIэу, IэфIу жьы ишэт Хьэжмэт. Зыкъомрэ пщIантIэм дэтауэ, «мис иджы си пщыр къэзгъэушынщ» жэуэ мурад ищIа къудейуэ, куэбжэмкIэ кIуэ капитаным лъагапIэм тет плъырыр къепсэлъащ. — Модэ псыхъуэмкIэ ди сэлэтхэр зыгуэрым щхьэщытщ.
— Сыту пIэрэ зыщхьэщытыр? — къыгурыIуакъым мыдрейми. Плъырым жиIэнур къыхуэмыщIэу къыздеплъыхым, куэбжэр зэIуахри сэлэтитI къыдыхьэжащ. Абыхэм жаIащ я гъусэхэр удзыпцIэм гъуэгыу хэлъу къагъуэта сабийм зэрыщхьэщытыр. — СщIэкъым, зи щIыхьыр лъагэ, зыхуэдэр. Ауэ и анэрагъэнщ, бзылъхугъэ хьэди лъэныкъуэкIэ щылъщ. Сыт тщIэнур? — и командирым Iуплъащ сэлэтитIым языр.
— НакIуэ, деплъынщ, Федоров, — таучэл хэлъу япэ ищащ капитаныр. — IэзакIуэри мо бгырысри ди гъусэмэ нэхъыфIыжщ. Къраджа IэзакIуэмрэ офицерымрэ я ужь иту ежьащ. Нэсхэри, IэзакIуэм зэпиплъыхьу щIидзащ бзылъхугъэ хьэдэр. Сабийм зилыгъуэжу гъыт, бжэти, Хьэжмэт унафэ хуащIащ къищтэу едэхэщIэну, и бзэкIэ зыгуэрхэр жриIэурэ игъэбэяуну. Хьэжмэти езыр зыхуейр арати, сабийр къэзыщтагъэххэу зи бгъафэ щIэлъ щIалэм и дежкIэ кIуэри:— Да-дэ… на-нэ. Лэу… На-н-нэ, лэу! — Сыт а цIыкIум жиIэхэр? — упщIащ капитаныр.
— Си анэр мэжейри сэ нэмыплъ къыдамытын, зауэ къыдамыщIэкIыу дагурыIуэн щхьэкIэщ. — Сэ псори къызгуроIуэ, си дотэ. Сыт жыпIэми пэжщ, Алий. — МыпэжыпIэ иIэкъым, — нэхъри и псалъэхэм къыпищэт уIэгъэм. — Адыгэ Хэкур къызэтегъэнэнрат сэ гуращэ нэхъыщхьэу сыт щыгъуи сиIар. Ауэ къыттезэрыгуэу, дахъунщIэу, дагъэсу, ди жылэхэр трапхъэнкIыкIыу щыхуежьэм, адыгэ шу щищым срапашэу сапэувыжащ. Ар уэри уощIэж, Хьэжмэт. — СымыщIэжыпIэ иIэ, си дотэ!— А джыдэ гущэ, Мыхьэмэтыжьым и бзэгупэр къыпызмыгъэхуу къызэрызгъэнам сылъэIэсыжкъым. А зинэкIэ къалъхуаращ ди къуажэшхуэр кърезыгъэхужьэу зыгъэунэхъуар. Пащтыхьыдзэм дыщыпэувам ар си шуудзэм хэтт. Ди уэркъщ, ди къуажэ щIалэжьщ жысIэри, схуэмыгъуэну шууищэм я пашэ сщIат. Биидзэ пакIэм и щIыбкIэ дыхьэу уащхъуэдэмыщхъуэу дэуэну, а пIалъэм техуэу мыдэкIэ дэри дебгъэрыкIуэну дызэгурыIуа щхьэкIэ, зы топышэ зэрырагъэкIыу, псом япэ иту езыр щIэпхъуэжри, щIалэ хьэлэмэтипщI абы и къэрабгъагъэм текIуэдащ. Ди лъэпкъым и цIэкIэ деуэу дыукIыфынут ар: КIэрэф Хьисэрэ Лыхь Бердрэ я къамэхэр кърахри жьэхэлъагъэххэт. СащIэгубжьэри кIэрысхужахэщ. Зыгуэр едмыщIэу къэдгъанэ хъунутэкъыми, хуищIэу къамышыкIэ и щхьэбгъум сеуэри си шуудзэр езгъэбгынат. Абы нэхъ хэмылъу, кIуасэщ, инэралыжьым деж кIуэри, дзэ къишащ, дигъэшхэн идэкъым. Аращ къызэрызгурыIуар, зиусхьэн. Хьэжмэт а псалъэр къыжьэдэмыкI щIыкIэ Федоров зи унагъуэцIэ сэлэтыр псынщIэу быдапIэм нэсыжри, куэдрэ къэмыту, шэ фалъэшхуэ къихьри къэкIуэжати, хуэIэкIуэу ар зыIыгъми езыми ягъашхэт. IэзакIуэри фыз лIам щхьэщысти, куууэ хэщэтыкIри, къызэфIэувэжащ. Хьэжмэт Iуплъащ зи нэхэр псэум ещхьу иджыри къоплъ хьэдэм. Ахэр уафэ къащхъуэм хуэдэу дахэ дыдэт, къабзэт. Нэсри и напIэхэр зэтрилъхьащ, муслъымэн хабзэкIэ зэригъэзэхуэжащ. И гъусэхэм я пыIэхэр зыщхьэрахри жор зытращIэжащ.— Сыт а бзылъхугъэр зэрылIыкIар? — IэзакIуэм бгъэдыхьэри еупщIащ капитаныр. — Удын лъэужь лъэпкъ и Iэпкълъэпкъым теслъагъуэкъым, — хуэмурэ къыжьэдэкIащ IэзакIуэм. — И сабийм тегужьеикIыу и гур зэгуэуда си гугъэщ. — Фи хабзэм тету щIэлъхьэж, бгырыс, — офицерым, зы бел къахьати, къыIэщIилъхьащ Хьэжмэтым. — Дэри дыбдэIэпыкъунщ. Бел закъуэр зэIэпахыурэ, Хьэжмэт зэрыжиIэм хуэдэу, мащэр къатIащ, хьэдэ пхъэбгъу папщIэу къагъэсэбэпащ гъунэгъуу мафIэ ныкъуэсу щылъ гужьым хэлъ пхъэхэр. ЗэкIуэцIышыхьа тIэкIу гуэр бзылъхугъэ щIалъхьам ибгъукIэ гуэлъати, ар капитаным иIыгъыу, сабийр Хьэжмэт и Iэблэм тесу быдапIэм дыхьэжащ. Абыкъум зэхихагъэххэт хъыбарри, къапэплъэу къыщIэкIынт, нэхъ жьыуэ заужьу гъуэгу зэрытехьэжынури щыгъупщэжауэ. — Зиусхьэн, — пщым зыхуигъэзащ капитаным. — Мы зэрыплъагъущ мы цIыкIум и Iуэхур зэрыхъуар. Хуит сыкъэпщIмэ, мы зэкIуэцIышыхьар зэкIуэцIытхынщи, зыгуэрым дыхигъэгъуэзэнкIэ мэхъу. Акъылэгъу зэрыхъумкIэ Алий и щхьэр ищIати, капитаным IэлъэщIышхуэр зэкIуэцIихащ. Зэгъусэу пэшым щIэтхэм кърабжэкIт: бзылъхугъэ бохъшэ, дыжьын щIыIухэр, мастэ зэмылIэужьыгъуэхэр, Iэпхъуалъэхэр. ЖыпIэнуракъэ, щIэинышхуэтэкъым пэш лъэгум щрагъэтIылъэкIахэр. Ауэ къэп цIыкIум ещхьу, хэдыкIауэ зыгуэр къэнати, капитаныр щIэупщIащ:— Мыри сыту пIэрэ?— Ари бзылъхугъэ тхьэмыщкIэм и дыщэдыжьыну къыщIэкIынщ, — хуигъэфэщар жиIащ Абыкъум. Мыгувэу адыгэ Iэнэ хъурейм къытехутащ дыжьын Iэпщэхъу дахэ дыдэ, мазэ ныкъуэм ещхьу къэгъэшауэ тхьэкIумэрылъ псыспыжхэр, яхэлъыжт зы лэрыпси, дыщэ защIэу. — Мы псори уэ нащтэ, капитан. Адыгэ бзылъхугъэм и хьэдэр щыбгъэтIылъакIэ, хабзэкIэ уэ нэхъ пхуэфащэщ! — Iэнэм телъ цIуугъэнэхэр офицерым хуигъэкIуэтащ Алий. — СощIэ, умыдэнкIэ мэхъу, ауэ хабзэкIэ зылъысар, зо. — Сабий тхьэмыщкIэр-щэ? СыбгъэхъунщIэпэну? — къыхуегъэкIутэкъым «хьэуэ» жызымыIэф щIалэм. — Сабиймрэ щыгъынхэмрэ иджыпсту сэ къуажэм езгъэхьынущ. — АтIэ, апщыгъуэкIэ, зиусхьэн майор, бейгуэлым и закъуэ сыутIыпщынкъым, зауэлIитI гъусэ хуэсщIынщ…Хъумэрэ и Iэхэлъахэр пабжьэу зэщIэкIат. Мылыф кIырымрэ шыпсыранэ гуэрэнымрэ мафIэр хуабжьу зэдзэгъуа закъуэтIакъуэхэр къахэщт. — Ди къуажэм и цIэджэгъуу мыбдеж адыгэ къуажэ исащ, — яжриIэт и шу гъусэхэм Хьэжмэт. — 1829 гъэм ар пащтыхьым и дзэ хэплъыхьахэм ягъэсащ. Псэууэ къыдэнар цIыхуитI къудейт: зыр Къардэн Мос лIыжьрат, етIуанэр Щогъур Аслъэн щIалэщIэрат. Бжэн игъэхъуу Шыгуаращхьэ итати, къызэтенащ дадэр. Аслъэни чышэ ЩIыхъурей мэзым кIуати къелащ. АтIэ аращ, сыт и щхьэусыгъуэми хэти езым и уахъты иIэжщ, — хэщэтыкIащ ар, и гъуситIым яшхэр ягъэлъэхъути задигъэхъуурэ. ЩIакIуэ щIагъым щиIыгъ сабийми хущIэплъащ.— Хуит узощI абыкIэ, — фагъуэу щIэгуфIыкIри Алий, Хьэжмэтым зыхуигъэзащ: «Сабийр зыми йомыгъэлъагъуу къуажэм дэпхьэнщи, «абыхэм» яптынщ, къыбгурыIуа, къуэш?КъыгурыIуа къудейтэкъым. Хьэжмэти къыдащIыгъуа щIалитIми я шыуанэхэр зэтелъыххэти, щIэх заужьри зрачащ, сабийри хьэпшып тIэкIури ящтэри дэшэсыкIыжащ…Ягъэса къуажэр зэрыса хапIэжьым шууищыр блэкIри Хъумэрэ къуэладжэм дыхьащ. Абыкъухьэблэжьыр гъунэгъубзэт, дэтхэнэ тэхъуанэри уэрам зэвхэм щызекIуэ цIыху закъуэтIакъуэхэри IупщIу ялъагъуурэ, щIэх нахусащ. Абыкъухэ я чом хуэзанщIэу къыщепсыхахэщ. Хьэжмэт зэса пщIантIэм дыхьэри къамышыкъукIэ бжэм мыину теуIуащ:— Ей, мыбы псэ зыIут щIэсу пIэрэ?— А Мэт, дэнэ укъикIа, тIасэ! — и нэIуасэ макъыр къицIыхужащ, дамэ къытекIауэ къыщIэжри, бейгуэлым и Iэр иубыдащ гуащэнысэм — Дахэ. И нэхэмкIэ плъагъут ар жэщ мыжейхэм зэрыхэтыр. Фыкъеблагъэ, уи гъусэхэри къыдэшэ.— ЯпэщIыкIэ мыр нащтэ, Дахэ! — сабийр хуишиящ бзылъхугъэм. — Уа-а Iейрэ, дэнэ къикIа а сабийри? Хэт ей?— Ууейщ нобэ щыщIэдзауэ, зиусхьэным Iэнэмэту къыпхузигъэхьащ. Мыр, плъагъурэ, зеиншэу къэнащ. И анэ мыгъуэр си IэкIэ щIэслъхьэжащ. Хьэжмэт кIэщIу абы жриIэжащ я къекIуэкIыкIар, сабийр къызэрагъуэтар. Я уанэ къуапэхэм къыпатIэтыкIри щIалэхэм къыдахьащ хьэжыгъэ, IэфIыгъэкIэ, сабийр зейм, фыз щIилъхьэжам и хьэпшым зэкIуэцIыпха тIэкIур. — Аращи, емыкIу дыкъомыщI, Дахэ, догузавэ. Дызэралъагъужынщ, — жиIэри, Хьэжмэт еблэгъэни хэмыту, и шу гъусэхэри зэрыкIэрыщIауэ ежьэжащ. Абыкъупщыр Шэткъалэ зэрежьэнум хуагъэхьэзырауэ, и бейгуэлым пэплъэу капитанымрэ езымрэ пэшым здыщIэсым, зы сэлэт сырыхушхуэ гузавэу къыщIыхьэри къажриIащ:— Зиусхьэнхэ! КъыздикIари-къыздихуари тщIэкъым, зы шыуанэ зэтелъ бэлыхь, ди шэщ къуапэм кърапхащи, кIэбдз лъакъуэхэмкIэ хуабжьу матхъуэ, къеуэурэ зэрыпсэуалъэу егъэзджыздж. Сыт тщIэнур? Зейр зэрыбгырысым шэч хэлъкъым. IэщэкIэ зэщIэузэдауэ сэлэт гуп офицерым псынщIэу къызэщIиIэтащ, езыри яхэту шыр здепхауэ жыхуаIэмкIэ ежэкIащ. Хэт бгъэдэмыхьами, къыжьэхэлъэурэ къыIуидзыжти, езы капитаныр сакъыпэурэ, дахэ жриIэурэ щекIуалIэм, сабыру къаплъэу увыжащ шыр и шхуэIур зэраубыдари уэим ищIакъым. Абы уанэ щIэрыпс телът, и бгъэрыщIи джэрыщIи зэрыжаIэу, Iэпслъэпс псори мастэнэм къызэрыпачат. И лъэрыгъынэм тхылъымпIэ зэкIуэцIышыхьа дэлъти: «Капитан угъурлыжь! Уи мафIащхьэ мыужьыхыу куэдрэ иреблэ. Уи гущIэгъумрэ гулъытэмрэ я пэгъуэкIыу мы шыуанэ зэтелъыр тыгъэ пхузощI. Пащтыхьыдзэм и офицеру щыта Джыназ Дерыращ». ЗауэлI гупым хэтхэм я нэгу къыщIэувэжащ быдапIэм и гъунэгъуу, тхьэмыщкIагъуэшхуэ ятелъу блэкIа бгырысхэр, майор Абыкъум къажриIахэр. ИкIи адыгэлIым и щыпкъагъэр зэригъэщIэгъуэнур ищIэтэкъым капитаным. Чэтэн шыгур хьэзырыххэт, Хьэжмэт сымэ къэсыжати, дэIэпыкъуурэ Абыкъупщыр къыщIашри ирагъэгъуэлъхьащ. Хьэжмэтыр капитаным гуплIэм дигъэтIысхьэри шыхэр зэрагъэIурыщIэ IумпIэр къыIэщIилъхьэжат. IэзакIуэри абы къыбгъурысыжт. УIэгъэм хуэсакъыну тIуми ялъэIуащ, «гъуэгу махуэ» яжриIэри быдапIэм къыдигъэкIыжащ…КъыкIэлъыкIуэнущ.
Зытхыжар ЛЫХЬ Тимурщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.