ПсэкIэ лъэщхэр

КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, республикэм и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Гаджиев Михаил, Урысейм и ФСБ-м и Гъунапкъэхъумэ Управленэу ди хэгъуэгум щыIэм и унафэщI Самороков Андрей сымэ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм гуфIэгъуэ гъэпсыкIэм иту яхъуэхъуащ я къулыкъур къызэраухамкIэ.

Темрезов Рэшид и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ гъунапкъэхъумэхэм пщIэрэ щIыхьрэ пылъу ирахьэкIа я гъащIэ Iыхьэм дзэ къулыкъур зэраухар къызэригъэлъагъуэр, ауэ Хэкум и хъумакIуэм и гъуэгур зэримыухар. Абы жиIащ ныбжьыщIэхэм зауэ еджапIэхэм щеджэну, граждан лэжьыгъэм е Урысейм IэщэкIэ Узэда и Къарухэм къулыкъу щащIэну зэращыгугъыр икIи апхуэдэр къыхэзыхынур псэкIэ лъэщ, къалэнымрэ Хэкумрэ зи гъуазэ нэхъыщхьэу къэзылъытэхэрауэ зэрыщытыр. «Гъунапкъэхъумэ къулыкъум и мыхьэнэр сыт щыгъуи къыхегъэщ Урысей Федерацэм IэщэкIэ Узэда и Къарухэм я дзэзешэ нэхъыщхьэ, Урысейм и Президент Путин Владимир Владимирович.

Абы и нэIэм щIэту гъунапкъэхъумэ инфраструктурэр ирагъэфIакIуэ, дзэхэм я зауэ хуэIухуэщIэр лъагэу яIыгъщ. Нобэ Гъунапкъэхъумэ Управленэм къулыкъу щызыщIэхэм зауэ къалэнхэр ягъэзащIэ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэмрэ ди къэралым и гъунапкъэхэм зыри къемыIусэнымрэ къызэрагъэпэщ», — жиIащ Темрезов Рэшид. Республикэм и Iэтащхьэм щIалэхэм, Гъунапкъэхъумэ Управленэм и унафэщI, генерал-майор Самороков Андрей, IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, дзэ къулыкъущIэ псоми фIыщIэ яхуищIащ хьэлэлу къулыкъу зэращIэм, Хэкум зэрыхуэпэжым, абы и хъумакIуэхэм я щIэблэщIэм ират гъуазэ тэмэмхэм папщIэ. Шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ къулыкъу къалэнхэр гъэзэщIэнымрэ яхуэунэтIауэ ди хэгъуэгум и лIыщхьэм Управленэм иритащ квадрокоптерыщIэхэр.

АдэкIэ къулыкъущIэхэм захуигъэзащ Самороков Андрей: «Шэч къытесхьэкъым гъунапкъэхъумэ зэкъуэшыныгъэр, Iэзагъэмрэ щIэныгъэмрэ адэкIи къызэрыфхуэщхьэпэнум икIи фэ фщыщ гуэрым и гъащIэр ди Хэкур хъумэным ирипхынкIэ зэрыхъунум. Ныбжьэгъу лъапIэхэ, си фIэщ мэхъу: хэкупсагъэр, граждан балигъыгъуэмрэ хьэл-щэным и быдагъымрэ фи гъащIэ гъуэгум екIуу зэрыпыфщэнур».

Нэхъ къахэжаныкIа дзэ къулыкъущIэхэм ди республикэм и Iэтащхьэмрэ Гъунапкъэхъумэ Управленэм и унафэщIымрэ ведомствэ нагъыщэхэр иратащ. КъинэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэм адэкIи ехъулIэныгъэ яIэну яхъуэхъуащ Гъунапкъэхъумэ къулыкъум и ветеран Байрамуков Рэшидрэ «Пластун» къэзакъ дзэхэкупсэ клубым и гъэсэнхэмрэ.

Зыгъэхьэзырар ЕЗАУЭ Маринэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *