ЖыIэпхъэщи, окопнэ шэху уэздыгъэхэр — ди зауэлIхэр нобэкIэ нэхъ зыхуэныкъуапэ хьэпшыпхэм языхэзщ. Ахэр сыхьэти 6-7-кIэ маблэ, хуабэрэ нэхурэ къагъэщI. Мыпхуэдэ шэху уэздыгъэ лIэужьыгъуэр тыншу пыбогъанэ, богъэункIыфI. Ахэр къэбгъэсэбэпу зыбгъэхуэбэж, вакъэр бгъэгъущ, шхыныр бгъэхуэбэж, псыр къэбгъэпщтыр хъунущ. «ФIэщхъуныгъэ хэлъу жызоIэ мы шэху уэздыгъэхэр ауэ сытми хьэпшып къудейкъым, атIэ ди зэлъыкъуэтыныгъэм, псэкIэ ди зауэлIхэм дазэрыщIыгъум и нагъыщэщ. Мы шэху уэздыгъэхэр зауэлIхэм я унэхэм къапэ плъэ хуабагъым, нэхугъэм пэтщI Iыхьэ мащIэу яIэрыдгъэхьэну дыхуейщ. Догугъэ шэху уэздыгъэ мафIэм ди зауэлIхэм ягухэр игъэхуэбэну, я гъуэгур къигъэунэхуну. Дэтхэнэри узыншэу я унагъуэхэм яхрехьэж!» — жиIащ еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и чэнджэщэгъу Мамхэгъ Марадэ.
Зыгъэхьэзырар ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.