Псапэу ищIар кIуэдынукъым  

Куэш-Хьэблэ къуажэм дэс, тылым и лэжьакIуэ МАМЫЖЬ Сэхьид Ехья и къуэм IуэхуфIу зэфIихам и хъыбар кIапэ зэхэзымыха адыгэ ди хэгъуэгум исыну жысIэкъым. Адыгэ щыгъэтыжа, аддэ къуажэ колхозым щылэжьа лъэхъэнэ лъандэрэ нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIауэ иIа ныбжьэгъухэри, дауи, мащIэнукъым. Си анэш къуажэм щыщ мы дадэм и ныбжьыр илъэс 96-рэ зэрырикъуар игъэлъэпIащ гъатхэпэм и 30-м. ТIэкIу сыбгъэдэсын, и гукъэкIыж уасэншэхэмкIэ зыдэзгъэгуэшэн си гугъэу лъагъунлъагъу зымахуэ сыхуэкIуати, къыжезгъэIэжахэм щыщу зы къыхэзгъэщыну сыхуейт, щIэщыгъуэ нэхъ сщыхъуауэ: ар интернационалист нэсу, лъэпкъ куэдым ифI яригъэкIыу зэрыщытаращ.

Адыгэм хуимыщIэн щымыIэу къэгъуэгурыкIуа Сэхьид игъэныбжьэгъуфIащ къэрэшейхэри, абазэхэри, урысхэри, нэгъуэщIхэри. И жагъуэ дыдэ мэхъу гукъабзэкIэ къыбгъурыта щIалэ дэгъуэ куэд дунейм зэрехыжар. Нобэр къыздэсым тщыгъупщэжкъым ар 1957 гъэм зи щIыналъэ къэзыгъэзэжа къэрэшей лъэпкъым щыщ унагъуэхэм, «Путь Ильича» колхозым и къарур къигъэщхьэпэкIэрэ, и псэм и джэ макъым ирихужьэу, ерыскъыхэкIхэмкIи ухуэныгъэ пкъыгъуэхэмкIи зэрадэIэпыкъуар. Къэрэшейхэр къыщагъэзэжам зрагъэтIысхьа щIыгу хэр бгъэлэжьэным гуащIэ ин зэрытекIуэдэнур, а псори узэкъуэувэмэ нэхъ тыншу зэрыкIуэтэнур Мамыжьым къыгурыIуэти, таучэл ищIащ бэлыхьлажьэ хагъэта, гъащIэщIэ зыухуэну къызыхудэхуа лъэпкъым хузэфIэкIымкIэ щIэгъэкъуэн хуэхъуну. Абы и дежкӏэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэр зэман гугъум зыдэӏэпыкъуфахэм къыхуагъэна гукъэкIыжхэмрэ къыхуагъэза псалъэ гуапэхэмрэщ. Дадэр ирогушхуэ и цӏыхухъу къалэныр нэгъэсауэ зэригъэзэщIэфам, Ильич къутырым щылэжьа илъэсхэм.

— Курыт Азием егъэзыгъэкIэ ирахуауэ щыта къэрэшей лъэпкъыр, зауэм зэрыхэтам къинэмыщIауэ, щIымахуэ уаемрэ гъаблэмрэ ирагъэукIащ я лъахэр щрагъэбгынэм. Абыхэм къызэрагъэзэжынум и унафэр къэралым тетхэм къызэращтар щызэхэсхым сыгуфIащ икIи къыщысыжынур къысхунэмыгъэсыжу сыщысащ. Сэ IэнатIэ зэхуэмыдэхэм сыпэрытт, ауэ нэхъыбэу зыхэсщIыкIри си гур нэхъ зыхуеIэри мэкъумэш лъэныкъуэрати, комсомол путёвкэкIэ Ильич къутырым дэта пщыIэм унафэщIу сагъэкIуауэ щытащ. Апщыгъуэм абы ПрирезкэкIэ еджэт. УнафэщIу сыщагъэувар техуат зэхэзехуэн ящIа лъэпкъым къигъэзэжын щыщIидза илъэсым. Сытми, сыздэкIуа къутырым къэрэшей унагъуэхэр къыдагъэтIысхьэу щыслъагъум, хуэм-хуэмурэ садэIэпыкъун щIэздзащ псэупIэ щащIкIи, хадэ щалэжькIи, нэгъуэщI IуэхухэмкIи. Ипэхуным унэу яухуэр чыл лъахъшэ цIыкIухэм хуэдэт. ЯIэтэкъым ахэр къызэрагъэплъын хьэкуи, къызэрагъэнэхун уэздыгъи, — Сэхьид и блэкIа жыжьэм къыщытепсэлъыхьым, жиIэжу хъуар гукIэ зэрызыхищIапэр апхуэдизу нэрылъагъути, а махуэ хьэлъэхэм игъэзэжа фIэкIа пщIэнтэкъым. Зы пщэдджыжь гуэрым къэрэшей нанэ и бжэщхьэӏум къытохьэри къолъэӏу и унэм электрокъару хущIишэну. Сэхьид зи лъэкIыныгъэхэм гъуни нэзи зимыIэ унафэщIу хахатэкъым, ауэ, абы емылъытауэ, гузавэу къыхуэкIуа фызым и лъэIур къыфIэмыIуэхуу зигъэлъагъуэныр дахэтэкъыми, электрокъару къэтыныр зи пщэ илъ Зеленчук ГЭС-м зыхуигъазэри ӏуэхур и пӏэм иригъэкӏащ, куэд дэмыкIыуи, къэрэшей нанэм и унэм нэхур къыщIэпсащ. Аргуэру лъэIуакIуэхэр и бжэIупэм къыIуохьэ. Мызыгъуэгум ильичдэсхэр ирогумэщI я сабийхэр щIыпIэ пхыдзахэм щыIэ еджапIэхэм кIуэуэрэ зэрыщеджэм. Социалистическэ ГуащIэдэкIым и ЛIыхъужь Аргун ПIатIэ, Тхьэр арэзы къыхухъу, цIыхухэр апхуэдэ гугъуехь зэрыхэтыр щызэхихым яхуригъэщIауэ щытащ еджапIэщIи, медпункти, автобус къэувыӏэпӏи. А псори щIын зэрыхуейм и хъыбарыр и деж игъуэу нэзыгъэсыжар, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр зи нэIэ щIэтар, къэрэшейхэм сыт щыгъуи япыщIауэ щытар Мамыжь Сэхьидщ. 2023 гъэм накъыгъэм и 23-м Сторожевой станицэм и Iэтащхьэу щыта Чотчаев Сосланрэ абы и лэжьэгъухэмрэ щыхьэщIащ куэшхьэблэдэс нэхъыжьыфIым и деж. Ахэр къыхуеблэгъащ лIыщIыгъуэ кIуам и тхущI гъэхэм зи щIыналъэ къэзыгъэзэжа къэрэшейхэр Ильич къуажэ цIыкIум щетIысэхам щегъэжьауэ и псэ емыблэжу псапащIэ Iуэхухэм зэрыхэтам щхьэкIэ ФIыщIэ тхылъ къыхуагъэфэщэн папщIэ. Мамыжь Сэхьид къыхуащIа гулъытэ гуапэм къегъэлъагъуэ Къэрэшей-Черкесым и уафэ лъащIэм щIэт лъэпкъхэр зэрызыр — ахэр ноби хуэдэу, япэми зэкъуэту зэрыпсэуар, я гукъеуи я гуфIэгъуи зэдагуэшу. ЛЫХЬ Тимур


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *