Зи цIэр жыжьэ Iуа щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Урысей Федерацэм щIэныгъэмкIэ, ищхьэ егъэджэныгъэмкIэ и Министерствэм пщIэ зиIэ и ущиякIуэ, академик, КъБР-м гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и лэжьакIуэ пажэ БАКIУУ Хъанджэрий Илас и къуэм щIэныгъэм и Махуэм ипкъ иту утыку псалъэр идот. Хъанджэрий куэд щIауэ къыддолажьэ лъэпкъ газетым, радиом, телевиденэм. Езыр щIэныгъэлI хъуами, щыцIыкIум журналист хъуну щIэхъуэпсу щытащ. Арагъэнщ илъэс куэд хъуауэ зэпымыууэ и тхыгъэхэр газетхэм, журналхэм къыщIытридзэр, радиокIи, телевизоркIи къыщIэпсалъэ зэпытыр. Адыгэ, Къэрэшей-Черкес республикэхэм, псом хуэмыдэу, иужьрей илъэс тIощIым зыщыпсэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ журналистхэр псом япэ зыбгъэдыхьэхэм ящыщщ Хъанджэрий.
— Нобэ уи гуащIэ здыщыбгъэтIылъ институтыр 1926 гъэм къызэIуахащ. А илъэс 99-рэ блэкIам институтым щылэжьа псоми яхэткъым уи ныбжьым нэс зи къулыкъу лэжьыгъэм пэрыта. Уэ иджыри улажьэ къудейкъым, атIэ къэхутэныгъэ нэхъыбэ зыщI, нэхъ жыджэр щIэныгъэлIхэм уащыщщ. Сыт абы и лъабжьэр?
— А упщIэр къыщызаткIэ, гушыIэкIэ зэфIызогъэкI – сышынэкъэрабгъэщи солажьэр. Сигу ихукъым пасэм зи шхын къэзмылэжьыжыфыр бгым ирадзыхыжу зэрыщытар…
— ГушыIэр сыт щыгъуи уи щIасэщ, Хъанджэрий! АтIэ, иджы дыкъытеувыIэнщ лъэпкъыр дызыгъэпIейтей упщIэхэм, щхьэихауэ, уи лэжьыгъэм епхахэм. Сыт къыщыхъурэ адыгэбзэм, литературэм, ахэр къэзыхутэ щIэныгъэм?
— БзэмкIэ къыщыщIэддзэнщ. ЦIыхум жьы зэришэ и тхьэмбылыр тIууэ зэгуэтщ. Бзэмрэ литературэмрэ апхуэдэу зэпхащ. Псалъэращ а тIуми я Iэпэр зэрызыгъэубыдыр. Нобэ адыгэбзэращ лъэпкъыр нэхъыщхьэу зытегузэвыхьыр. Абы и нобэм, и пщэдейм тепсэлъыхьыр нэхъыбэ хъууэрэ макIуэр, ауэ абыхэм нэхъ жыджэру хэтым жаIэр псалъэ дыгъэлщ. Минрэ къытрагъэзэжыр я усэхэм: Си адыгэбзэ, си анэм и бзэ, Си бзэ, бзэрабзэ. Бзэр пшынэу къафIощI. Адыгэбзэм тегузэвыхьыр куэд зэрыхъур Iуэху щхьэпэщ. Ауэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым дунейм щызекIуэ псалъэжьыр: «Дорога в ад усеяна благими намерениями» жыхуиIэр. ФIы тщIэнущ жаIэурэ Iей зыщIэхэри, бзэм и зэран къэзыхьхэри мащIэ хъукъым. Си жагъуэ мэхъу абыхэм адыгэбзэ езыгъаджи, журналисти, адыгэбзэр къэзыхутэ щIэныгъэлIи зэрахэтыр. Яхэтщ пщIэ зыхуэсщI, фIыуэ слъагъу си ныбжьэгъухэри. Псом хуэмыдэу адыгэбзэр «япхъэнкIыну», хамэ псалъэхэр ди бзэм хадзыну, адыгэбзэ псалъэкIэ зэрахъуэкIыну утыкур зыубыдхэм уамыгъэгузавэу плъэкIынукъым. Уры сыбзэм деж апхуэдэ гуп пасэм къыщыунэхуауэ щытыгъащ. Абыхэм «славянофил» фIащат, ауан ящIу. Нобэ адыгэбзэм абыхэм ещхьу тепсэлъыхьхэм яфIэщыпхъэщ нэгъуэщI, дуней псом щащIэ псалъэжьым къикI эпитетыр – «Он хочет быть больше католиком, чем Папа Римский». Адыгэ псом нэхърэ нэхъ адыгэу закъыфIощIыж. Сэ куэд щIауэ зэхузохьэс адыгэбзэм теухуауэ ятххэр. Бзэ зыужьыныгъэ зиIэ къэралыгъуэ лъэщхэм я бзэм и унафэ дауэ зэращIыр? Франджым щолажьэр я бзэм зегъэужьынымкIэ совет, абы и унафэщIщ къэралым и президентыр. Инджылызми апхуэдэ яIэщ къэралым и пащтыхьыр (королыр) и Iэтащхьэу. Германием дежи унафэшхуэм щIэтщ бзэм и Iуэхур. Абыхэм я Iизыныншэу псалъэщIэхэр я бзэм хагъэхьэркъым, бзэм зэрырипсалъэм, зэраджым, къызэрахутэм кIэлъоплъ. Ди къэралышхуэм дежи пщIэшхуэ щыхуащI урысыбзэм. Ауэ адыгэхэм, дэ тхуэдэ лъэпкъ мыинхэм я бзэр хъумэным, зегъэужьыным, егъэджэным теухуа унафэ нэхъуса щыIэу жыIэгъуейщ. Адыгэбзэр зыгуэркIэ псоми дыдейуэ, зыкъомкIи зеиншэу щытщ. «Къызэрыхъу и мэшщ» псалъэжьым ещхьщ. Илъэс куэд хъуауэ терминологием кIэлъыплъ комиссие тхузэгъэпэщкъым. Щхьэж и щхьэм къихьэр жеIэ, бзэм псалъэ хэдзыным, псалъэщIэкIэ зэхъуэкIыным теухуауэ. Мы темэм хужыпIэ хъуну зы гушыIэ къэсхьауэ щытащ. Ди къуажэм тучантесу щIэс гуэрым жиIат: «ИгъащIэ псом мыбы сыщылэжьэнт, ревизэ щымыIамэ». Адыгэбзэри хуэныкъуэщ а ревизэм. Илъэс куэдкIэ гугъу зрагъэхьащ ди алфавитыр зыхъуэжыну, а диIэр «ремонт» зыщIыну хэтахэми. Адыгэм ди закъуэкъым зи бзэм и зыужьыкIэм зэран хуэхъужыр. Псалъэм папщIэ, Тыркум деж Ататюрк (и цIэм къикIыр «Тыркум и адэ»-щ) и лъэпкъыр бэлыхь хидзащ. БзэщIэныгъэм зыри химыщIыкI пэтрэ, хэпщэфIыхьащ. «Ди бзэм персыбзэ, хьэрыпыбзэ куэд хэтщ, макъ мыдахэхэми дыхуейкъым» жери, бзэм хэт хамэкъэрал псалъэхэр хидзащ, абы дигъэкIуащ макъ зыбжани. ЦIыху куэд Iэгу еуащ, ауэ абы кърикIуар зэуэ къагурыIуакъым. Империешхуэм лIыщIыгъуэ зыбжанэкIэ иIа, игъэлэжьа бзэр Ататюрк «игъэкъэбза» бзэм пэжыжьэ хъуащ. Нобэм къэс я бзэу щытам «уэсмэныбзэкIэ» еджэр, ар иджырей тыркухэм къагурыIуэкъым. Архивхэм хэлъхэр хамэбзэм хуэдэу щIэныгъэлIхэм зэрадзэкI, гугъу дохь, ахъшэ куэди токIуадэ. Дэри а гъуэгум дытехьэн хуейкъым, ди къэкIуэну щIэблэм къахуэдгъанэ бзэм хуэсакъын хуейщ. Ди бзэм къыхыхьауэ нобэ хадзыну псалъэ, адыгэбзэкIэ зэрызэрахъуэкIым нэхъ сыкъэзыгъэгубжьыр «район», «культурэ», «стакан», «энциклопедие» терминхэрщ. Мыхэр адыгэбзэм хэтащ мы зэрытхам хуэдэу лIыщIыгъуэм нэскIэ, зыми зэран яхуэмыхъуу. Сабий еджэхэм я дежкIи тыншт урысыбзэми, хамэ къэрал зызыужьахэм я бзэу яджхэми (инджылызыбзэ, франджыбзэ, нэмыцэбзэ) адыгэбзэми зэрызэтехуэр, иджы ар IэщIыб ящIыну щIадзащ бзэр «зыгъэкъабзэхэм». «Район» псалъэр блэкIа лъэхъэнэшхуэм къыщыгъэсэбэпащ адыгэбзэкIэ къыдэкI газетхэм, журналхэм, учебникхэм, документ мелуанхэм, ахэр къидзэн хуейкъэ, ар ди бзэм хэбдзыным ипэкIэ. Районыр зэрызэхъуэкIын адыгэ псалъэ щылъыхъуащ Къэрэшей-Черкесми (купсэ), Къэбэрдейм къыщагупсысари, адыгэбзэм хагъэхьари гъэщIэгъуэнщ – куей. Мы псалъэм тыркубзэкIэ кърагъэкIыр къуажэщ (я къуажэхэри цIыкIу дыдэщ). Район мыхьэнэ иIэкъым, езыри хамэ псалъэщ. Къэбэрдейхэм «шэдыгъуэ» адыгэ псалъэр хадзри «балий» грузин псалъэр хагъэхьащ зыкъомкIэ узэIэбэкIыжмэ. «Культурэ» терминыр зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъ куэдым къагъэсэбэп. Абы пагъэува «щэнхабзэ» адыгэ псалъэр пэшэчкъым, культурэри лIыщIыгъуэм щIигъукIэ хэтащ ди бзэм, абы къиубыд, къикI мыхьэнэхэр, жыIэгъуэхэр куэд мэхъу: культура производства, земледелия, взаимоотношения; политическая культура, культура жизни, поведения, нэгъуэщI Iэджи. А псор къыхуэIуэтэну «IэрыщIу» къагупсыса «щэнхабзэ» псалъэм? «Эниклопедие»-ри сыт щIызэрахъуэкIар? Куэд щIауэ адыгэм щыщ гуэрхэм «стэкан» псалъэр «кумбыгъэкIэ» зэрахъуэкIыну хэтт. Ар адыгэбзэм къыхыхьащ епщыкIубгъуанэ лIыщIыгъуэм «стэчан» фащэ къищтэри. Сыт кумбыгъэр зиIысыр, «ёмкость» жиIэу аращ. Я жагъуэ сщIыну сыхуейкъым, ауэ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я адыгэбзэр къабзэ зыщIын зи мурадхэр мащIэкъым, абыхэм къагурымыIуэ урысыбзэм, европей бзэхэм къахэкIа псалъэхэр адыгэбзэкIэ зэрахъуэкIыну хуожьэ. Дэ урыс къэрал дисщи урысыбзэ куэд ди бзэм къыхыхьащ, Тыркум щыпсэум – тырку псалъэхэр, хьэрып къэралхэм щыIэ адыгэхэм – хьэрып псалъэ куэд. Абыхэм диным къиша псалъэхэри щымащIэкъым. Ди лъэпкъэгъухэм а къэралхэм деж адыгэбзэ щаджакъым, ищхьэ еджапIэм и гугъу умыщIыххэ. Лъэпкъым куэд хуэзыщIа, пщIэ зыхуэсщI Хъуажь Фахъри щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъщ, адыгейм я псэлъэкIэри, къэбэрдейм я псэлъэкIэри дагъуэншэу къегъэсэбэп. Абы «рассказым» и пIэкIэ къигъэлъэгъуа «Iуэтэж» терминыр бзэм къищтащ, хъарзынэщ. Ауэ нэгъуэщI адыгэбзэкIэ зэхъуэкIын хуей терминхэм арэзы укъащIкъым: физкультурэ – пкъыгъасэ, компьютер – щIэныгъэпс, руль – гъэзалъэ, доска – тетхапIэ; пенсие – гуфIапщIэ; диктофон – макъыщтэ, н. Мыхэр, дуней псом къыщащта терминхэр, адыгэбзэм щIибгъэувэн щыIэкъым икIи къищтэнукъым…
— Езы бзэщIэныгъэм иужьрей зэманым сыт щIэуэ къахута, ялэжьа?
— АдыгеймкIэ къыщIэддзэнщи, абы я щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым конференц хъарзынэ адыгэбзэм теухуауэ щрагъэкIуэкIащ, докладхэри къытрадзэжащ. Си къэпсэлъэныгъи хэтщ. Ар теухуат адыгэбзэм (къэбэрдей-черкесыбзэм) и лъэпощхьэпохэм, псалъэу къыхыхьэр, хэкIыр, къихьэхур, зыми зи гугъу ямыщI ди псэлъэкIэм и ныкъусаныгъэхэм. Адыгэ академием къыдигъэкI журналым къытрадзащ адыгэ псор зы литературэбзэ дызэрыхуейм теухуа си статья. РадиокIи телевиденэкIи сытопсэлъыхь ди бзэм и лъэпощхьэпохэм, сыкъыщопсалъэ газетхэм. СфIэгъэщIэгъуэнщ: зы цIыхум къызжиIэкъым мыр тэмэму жыбоIэ е деувалIэкъым мыбы жиIэу. Еджэ щымыIэжу ара? Псори топсэлъыхь бзэм хэлъ ныкъусаныгъэхэм, абыхэм ящыщ гуэрхэм, бзэр и мыIэщIагъэу, ауэ жаIэм арэзы укъимыщIу. Апхуэдэхэм лъэпкъым фIыуэ хуащIар щIэстхъэу, ауэ бзэм хэмыIэбамэ нэхъыфIт жысIауэ зэхахати, игъащIэм къысхужамыIа хъуэн къызапэсащ, делафи къызаплъащ. КъызгурыIуар зыщ – хэт жиIэри дэпIыгъын хуейщ. Адыгэм я нэхъыбэр иджыри шым тесщ, диIэкъым лъэпкъ псом и зэхэщIыкI. Адыгэ хабзэм зэтриIыгъэу щыта щхьэщытхъугъэр хуит хъуащ, ди унафэщIхэр зэикI щыуэкъым. Адыгэбзэр къэзыхутэхэм къахыхьащ макъ къэс зыгуэр кърахыу, физик, химик щIэныгъэлIи зыщIагъуу теорие «хьэлэмэт» къэзыгупсысхэр, абыхэм щIэныгъэм деж сэбэп къэзымыхь «сектэ» щаухуэну къэлъытапхъэщ. Адыгэбзэм и морфологием, синтаксисым, грамматикэм, орфоэпием и ныкъусаныгъэ куэд щыIэщ. Ахэр къэбгъанэу Iуэхуншэхэм я зэш тебгъэун щIыхуейр сыт? Къэрэшей-Черкес университетми, гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтми (абы адыгэбзэмрэ литературэмрэ телэжьыхьыр цIыхуитI къудейщ) ехъулIэныгъэшхуэ яIэу си гугъэкъым. Иужьрей илъэсхэм зи зэфIэкI нэхъ къэзыгъэлъагъуэр гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и адыгэбзэ къудамэращ (и унафэщIыр бзэщIэныгъэхэмкIэ доктор БищIо Борисщ). Мыр гупыфI мэхъу, тIур щIэныгъэхэмкIэ доктору, тхур – кандидату. Абы лъэкIыныгъэ къарет псори дызыхуэныкъуэ псалъалъэхэр зэхалъхьэну. Абыхэм къыдагъэкIащ адыгэ-урыс псалъалъэ, урыс-адыгэ псалъалъэ, КIыщокъуэ Алим и бзэм и псалъалъэ. Абыхэм яхэтщ нэхъ ини, еджапIэм къыщагъэсэбэп псалъалъэ нэхъ кIэщIи. Илъэс куэдкIэ зэмылэжьа «Адыгэбзэм и грамматикэ» дунейм къытехьащ. Езы БищIо Борис и закъуэ къыдигъэкIащ зыри зытемыгушхуэ «БзэщIэныгъэм и терминологием и псалъалъэ». Бзэм теухуауэ гукъеуэ куэд диIэщ, ауэ адыгэбзэм зимыужьу, ямыджу жыпIэ хъунукъым. Сэ зызохьэ 1957 бгъэм «Ленин гъуэгу» газетым къытехуа зы тхыгъэ. Абы къыщыхьа псалъэухахэм адыгэбзэу хэтыр кIэуххэмрэ суффиксхэмрэщ. Абырэ нобэрей «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм я адыгэбзэмрэ шумрэ лъэсымрэ хуэдэщ. Ди бзэмкIэ хъарзынэу ятхыр литературэм и жанр псори зи фащэхэр. — Литературэр уи IэщIагъэщ, адыгэбзэм «укъимыутIпщми». Дауэ щыт нобэрей адыгэ литературэр, ар къэзыхутэ щIэныгъэр? — Адыгэ литературэр ноби ягъэбжьыфIэр щIэблэ нэхъыжьыгъуэ къызылъысахэми, тIэкIу нэхъыщIэхэми. Я цIэ къиIуапхъэщ тхэн щызмыгъэтахэм: Бещтокъуэ Хьэбас, Ацкъан Руслан, Мыкъуэжь Анатолэ, Вындыжь Марие, Бицу Анатолэ, Шорэ Ахьмэд. ТIэкIу нэхъыщIэхэу – Кхъуэхъу Хъанэ, Тут Тезадэ, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, Мыжей Мамыржан, Братхэ Мурат, Бемырзэ Зураб сымэ. Япэм зэрыжысIащи, урысыбзэкIэ тхэ адыгэхэр, псом хуэмыдэу бзылъхугъэхэр нэхъыбэ мэхъу. УрысыбзэкIэ тхэхэм адыгэ нэпкъыжьэ хыболъагъуэр ХьэкIуащэ Мадинэ, ЩауэцIыкIу Людмилэ (сигу ирихьащ абы и роман «Черкесские этюды», 2023 гъэм къыдэкIар). Ауэ адыгэбзэкIэ тхэхэми, урысыбзэкIэ тхэ адыгэхэми яхэтщ хамэ къэралхэм яужэгъужа теориехэм нэIуасэ зыхуащIауэ ди литературэм лъабжьэ щызимыIэ жанрхэр къэзыгъэщIхэр («магический реализм», постмодернизм, н.), абыхэм цIыху къызэрыгуэкIхэм къыгурымыIуэ терминологиекIэ я романхэр якудэр. Езы роман кIыхьхэр хокIыж нобэрей литературэм. Нобэ зыри пхуеджэжынукъым «Война и мир», «Жизнь Клима Самгина» хуэдэхэм. УсакIуэхэм я деж зыдгъэзэнщи, усэ Iей зыми итхыжкъым. Гете жиIэгъащ: «Германием деж усэ тхыным и культурэр лъагэ хъуащи, усэ Iей зыми итхыжкъым, ауэ поэзие щыIэкъым». Нобэрей усакIуэхэм я нэхъыбэм рифмэ хъарзыни къагъуэт, я IукIэми зыри пыплъхьэнкъым, ауэ образ щIэщыгъуэ ядэплъагъукъым, къагъэсэбэп эпитетхэр, зэгъэпщэныгъэхэр, метафорэхэр (ар мащIэ дыдэщ) укъуеящ, щIэщыгъуэкъым. КъебжэкI фащэм итхэщ, ущие гъущэхэщ. А жысIэм къикIкъым адыгэ усэм зимыужьу. Драматургиер ди литературэм деж «тежеикIауэ» къэлъытапхъэщ. IутIыж Борис иужькIэ узыщыгугъын куэд щыIэкъым. Сэ IутIыж Борис теухуауэ тхылъышхуэм нэмыщI статья куэд стхащ, ахэр пщIэ зыхуащI щIэныгъэ журналхэми къытрезгъэдзащ. Илъэс зыбжани тезгъэкIуэдащ, ауэ сыхущIегъуэжкъым. Иужьрей зэманым аргуэру адыгэбзэкIэ къэсхутащ итха псом и нэхъыбапIэр. Адыгэ литературэм и тхыдэ томищ хъууэ къыдэкIащ (абыхэм си IыхьэфI хэлъщ). Щхьэхуэу дызытетхыхьар ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим сымэ я закъуэщ. Адрейхэр «обзор» жыхуаIэм хуэдэу кIуащ. Щхьэхуэу ятетхыхьын хуеят нэгъуэщI зыхуэфащэхэу: IутIыж Борис, Бещто къуэ Хьэбас, Ацкъан Руслан, Мыкъуэжь Анатолэ, Бицу Анатолэ, Бемырзэ Мухьэдин, Дыгъужь Къурмэн, Нэхущ Мухьэмэд, Пхъэш МуIэед, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэу щIэхъуам щхьэусыгъуэ иIэщ: елэжьыну жызыIа автор гупым я нэхъыбэр щхьэусыгъуэ гуэрхэр ящIурэ хэкIыжащ. (Ди институтым щымылажьэу къыдгухьар ХьэкIуащэ Андрей и закъуэщ, и ахърэт фIы Тхьэм ищI). А щыщIагъэр зэдгъэзэхуэжын ди мураду сэрэ Хьэвжокъуэ Людэрэ монографие догъэхьэзыр. Сэ сыт щыгъуи «си щхьэр здэгъэзар «Инжыдж лъэныкъуэращи» дызэгурыIуащ черкес тхакIуэхэр къэсхутэну, Людэ лъысащ къэбэрдей тхакIуэхэр, ауэ абы схуетакъым IутIыж Борис, езыми къызитыфакъым Бещтокъуэ Хьэбас (Людэ Хьэбас теухуауэ тхылъи диссертаци итхащ). Сэ мы илъэс зытIум Дыгъужь Къурмэнрэ IутIыж Борисрэ ятеухуахэр стхащ, адрейхэри къыкIэлъыкIуэнущ. Псори дыухмэ, тхылъ щхьэхуэу къыдэдгъэкIынущ. IутIыж Борис адыгэ драматургием и лъагапIэщ, абы и классикщ, ар икIи усакIуэ Iэзэт, художникт, журналист, публицист цIэрыIуэт. СызэреплъымкIэ, IутIыж Борис ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIэрашэ Тембот, МэшбащIэ Исхьэкъ сымэ ябгъэдэбгъэувэ хъунущ. И бзэм и беягъымкIэ убгъэдыхьэмэ абы ебгъапщэ хъун яхэтакъым икIи яхэткъым ди адыгэ усакIуэхэм, тхакIуэхэм, драматургхэм. Критикэм япэми ноби литературэдж щIэныгъэм щIыпIэ хэха щиубыдкъым, ар щытхъу лъагъуэм текIыркъым, езы тхакIуэхэри гуп-гуп зэрыщIауэ хъарзынэу зыщотхъуж. ЩIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэр зэпыукъым, ауэ абыхэм я къэхутэныгъэхэр къызэрыдагъэкIын мылъкур мыхьэнэншэ дыдэщ, зыщIыпIэхэм дежи щыIэххэкъым. Хьэдэгъуэдахэщ: щIэныгъэлIхэм, диссертацэ зытххэм я статьяхэр журналхэм къытрадзэн щхьэкIэ езы авторхэм ахъшэ ятын хуейщ, гонорар къратыным и пIэкIэ. Апхуэдэ щытыкIэм игъэпIейтейуэ, адыгэлI нэс Къанокъуэ Арсен (Адыгэ Академием и президент зэрыхъурэ) фонд ищIауэ ди лъэпкъым и щIэныгъэлIхэм ядоIэпыкъу. Иужь илъэсхэм абы ди институтым къыхудигъэкIащ Нэгумэ Шорэ итхахэр томиплI хъууэ, «Адыгэ литературэм и тхыдэ» (ещанэ томыр), «Адыгэ тхакIуэхэр» (езанэ томыр). «Адыгэ тхакIуэхэр» (ещанэ томыр) экземпляр 250-рэ хъууэ къытхудигъэкIащ икIи абы зи цIэ ит тхакIуэхэм, апхуэдэуи университетхэм, институтхэм, библиотекэхэм яIэрыдгъэхьащ. УрысыбзэкIи адыгэбзэкIи дгъэзэщIа «Адыгские (Адыгейские, кабардинские, черкесские писатели черкесского зарубежья) писатели ХIХ – ХIХ вв.» томищу зэхэт лэжьыгъэшхуэм дунейм тет адыгэ тхакIуэ щиплIым щIигъум я биографиер, ятхахэр, къыдагъэкIахэр, абыхэм теухуауэ жаIахэр итщ. Дунейм щикъухьа ди лъэпкъымкIэ ар сэбэпышхуэ зиIэщ, апхуэдэ зиIэ нэгъуэщI лъэпкъ щыIэу сщIэкъым. Мыбы илъэсиблым щIигъукIэ делэжьащ филологиемкIэ доктору тхурэ кандидату щырэ. Сэри си IыхьэфI хэлъщ, статья 90 сысейуэ хэтщ. Мыбы куэд къыщIоупщIэ, хуэныкъуэщ тхакIуэхэр, журналистхэр, университетхэр, институтхэр, библиотекэхэр, егъэджакIуэхэр. Ауэ ди щытхъупс ягъажэу, фIыщIэ къытхуащIу е саугъэт гуэр къыдатыну жаIэу зэхэтхыркъым. Щосхь пщIэ зыщIамыт псалъэ къудейхэм. Люсанэ, щхьэихауэ уэ фIыщIэ лей пхузощI мы тхылъхэр щыдгъэхьэзырым укъызэрыддэIэпыкъуам папщIэ: черкес тхакIуэхэм я тхылъхэм щыщи, нэгъуэщIу дызыхуэныкъуа хъыбар куэди къытхуэбгъуэтащ. Пхуэфащэу уадыгэщ!
— Хъанджэрий, Тхьэм дяпэ иджыри куэдрэ уригъэт! КъызэрымыкIуэу зэпсэлъэныгъэ гуащIэ къыддебгъэкIуэкIащ. Уэ узыгъэпIейтейр, лъэпкъыбзэм, лъэпкъ литературэм я щытыкIэр, бзэм телажьэхэм, зыджхэм я бгъэдыхьэкIэр нэхъыфI хъунымкIэ хэти яхузэфIэкI ящIэну дыгугъэнщ.
Епсэлъар АБИДОКЪУЭ Люсанэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.