Си щIалэгъуэ дыдэу ФуIэд Ибрагимович сыдэлэжьэн щIэздзащ. ИфI фIэкIаи схужыIэнукъым, сигъэгушхуащ, сиунэтIащ, си лэжьыгъэкIэ куэдрэ къыздэIэпыкъуащ.
Гу къабзэрэ псэ дахэкIэ лэжьакIуэ гупым яхэта, унафэщI щыпкъэу егъэджакIуэхэр зэкъуэзыгъэувауэщ ар дигу къызэрыкIыжыр. Си гуапэт сехъуэхъуну къыщалъхуа махуэмкIэ.
ПщIэ зыхуэтщI ФуIэд Ибрагимович!
Уи махуэщI дахэмкIэ, уи илъэс 90-мкIэ си гуапэу сынохъуэхъу! Апхуэдэ махуэщIыр хуабжьу лъапIэщ дэркIи. Сыту жыпIэмэ, уэ — удиегъэджакIуэ, удилэжьэгъу нэхъыжьыфIу уи нэIэ дыщIэтащ, дыбгъэсащ, дыбгъэгушхуащ, уи гуащIи уи къаруи дэри къытхэплъхьащ.
ГуащIэдэкI лэжьыгъэр фIыуэ зэрыплъагъум уэ къыпхуигъэфэщащ гъащIэ дахэрэ кIыхьрэ.
Тхьэм иджыри уузыншэу куэдрэ дунейм утригъэт.
СЭКИЙ Сэрэтэ
ПэфI ФуIэд и лэжьыгъэмкIэ сыт щыгъуи гулъытэ хуищIащ къыдэкIуэтей щIэблэм социалист, коммунист гупсысэкIэм щIэту гъэсэным. Тхылъ, брошюрэ куэд къыдигъэкIащ абы ехьэлIауэ.
Сэри комсомол зэгухьэныгъэм сриунафэщIу сыщылэжьами, иужькIэ парт зэгухьэныгъэри си пщэм дэлъ щыхъуами, и чэнджэщ куэд къызихьэлIэ зэпытурэ екIуэкIащ. Ар пылъащ икIи пылъщ япэм щыIа зэгухьэныгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр нэхъри гъэбыдэным, егъэфIэкIуэным.
Хуабжьу пщIэ къыхуащIу зэпыщIэныгъэр абы къыдаIыгъ «Правда», «Советская Россия», «Политическое просвещение» газетхэм, абдежхэми и тхыгъэхэр къытохуэ зэпыт. Ди хэгъуэгум къыщыдэкI «Голос коммунистов» парт газетми и нэIэ тригъэтщ.
Хэкушхуэми, езыр зыщалъхуа хэку цIыкIуми хуиIэ фIылъагъуныгъэм къыхэкIыу, сыт хуэдэ Iуэхуми ерыщу ар хуокIуэ, зыхуэпабгъэм нос. Тхьэм куэдрэ гуащIафIэу иджыри уигъэпсэу, ФуIэд Ибрагимович!
БЫТДАЕВ Кемал,
КъЧР-м и КПРФ-м и тхьэмадэ
Ди зэманым и ЛIыхъужь
Хьэбэз курыт еджапIэм и егъэджакIуэ пэрытхэр — Уэрдокъуэ Мухьэмэд, Хъупсырокъуэ Рэ-шид, Кхъуэхъу СулътIан, Гъуэщокъуэ Ехья, Тэмазэ Гуащэ, ДыщэкI Лянэ, Майлэхэ Борисрэ Хъанийрэ, Зэгъэщтокъуэхэ Борисрэ Мырзятрэ, Хьэмыкъуэ Хьэзрэт, КIытэхэ Сэрэтэ… Ахэр — 1960-1980 гъэхэм районым и «педагогическэ элитэ» жыхуаIэ егъэджакIуэ лъэщу дезыгъэджахэращ.
Апхуэдэ егъэджакIуэ гуп хъарзынэм я унафэщI къызэрымыкIуэу, зыми еплъыт мыхъуну, еджапIэм и тету щыта ПIэф ФуIэд Ибрэхьим и къуэр ди зэманым нэхъ еджахэм, щIэныгъэ зыбгъэдэлъахэм ящыщщ.
Ар унафэщIу щытета зэманым Хьэбэз еджапIэм щеджахэр куэдым дыхуэгъэсауэ дыкъыщIэкIащ. Япэрауэ, ди гупсысэкIэм теубыдэныгъэ хэлъу, нэгъуэщIым и Iуэху еплъыкIэрэ и акъылрэкIэ дымыпсэууэ, демыпхауэ, ди еплъыкIэр къэдгъэлъэгъуэфу драгъэсащ.
Сыт хужысIэфын ФуIэд Ибрагимович? Ар егъэджакIуэ къудейтэкъым, ар унафэщI къызэрымыкIуэт. Абы хузэфIэкIащ егъэджакIуэ гуп лъэрыхь зэкъуигъэувэн, илъэс пщIы бжыгъэкIэ районым и егъэджэныгъэ бэзым лъабжьэ хуэзыгъэтIылъа егъэджакIуэ лъэщхэр иунэтIын, лъагъуэфI тришэн.
ЕгъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ кIуапIэншэу къащыхъу щытыкIэ хьэлъэхэр – езым и дежкIэ зэпкърыхын хуей упщIэ къудейт. ИкIи, ар Iэмал имыIэу тыншу зэфIихт, лъэныкъуэхэр зэпищIэкIэрэ: адэ-анэр — сабийр – егъэджакIуэр.
Дэ къытщIыгъуу ди унафэщIыр щхьэдэбэкъухащ ди сабиигъуэ гусысхэми, ди балигъыпIэ зэрыубыдыныгъэми. И пэжыпIэкIэ, ар хэптхэфынущ хэптхэфынущ ди зэманым и ЛIыхъужькIэ зэджэхэм я сатырым.
Районым и сабийхэм я гъэсэныгъэ-егъэджэныгъэм, я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIар шэчыншэщ.
Дэ, иригъэджахэм, диIэ щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ гъащIэм щыдгъэщыпкъэжыфамэ, ар зи фIыщIэр ди егъэджакIуэ, Хьэбэз еджапIэм и «акъылу» щыта ФуIэд Ибрагимовичщ!
Иригъэджахэм къабгъэдэкIыу сынохъуэхъу, ФуIэд Ибрагимович, уи махуэмкIэ! Пэжагъым, Iущагъым, хэкупсагъэмрэ акъыл зэпIэзэрытымрэ я щапхъэу сыт щыгъуи удиIэнущ.
ХЬЭМЫКЪУЭ Жаннэ,
КъЧР-м щIыхь зиIэ и экономист,
Урысейм и журналистхэм я Союзым хэт
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.