«ПДД-м — ныбжьыщIэм и гъащIэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ» — мыпхуэдэ къыхуеджэныгъэм щIэту Адыгэ-Хьэблэ районым ит егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм профилактикэ зэпсэлъэныгъэхэр щокIуэкI гъуэгухэм къыщыхъу транспорт зэжьэхэуэныгъэхэм хэхуэ, фэбжь хэзых сабийхэр гъэмэщIэным хуэунэтIауэ. Гъуэгум шынагъуэншэу зэрыщызекIуэн хуеймкIэ, абы папщIэ яцIыхун хуей ПДД хабзэхэр зыхрагъэубыдэнымкIэ Къэрал автоинспекцэхэм я лэжьакIуэхэр АдыгэХьэблэ къуажэм дэт, сабий творчествэмкIэ Унэм щагъасэхэм яIущIащ.
НыбжьыщIэ цIыкIухэм зэпкърахащ гъуэгум щызекIуэкIэ сыт щыгъуи къагъэхъу хабзэ щыуагъэхэр. Абыхэм ягу къагъэкIыжащ машинэ куэду здызекIуэ гъуэгум щызэпрыкIкIэ лъэсырызекIуэм нэхъыщхьэу гулъы тэ зригъэгъуэтын хуейм. Зэпсэлъэныгъэхэр зэфIэкIа нэужь, сабий творчествэмкIэ Унэм деж «Адыгэ-Хьэблэ» МОВД-м и Къэрал автоинспекторхэм гъуэгу шынагъуэншагъэмкIэ плIанэпэ къыщызэIуахащ. Ар зы лъэбакъуэ узыншэщ икIи мыхьэнэшхуэ зиIэщ гъуэгу шынагъуэншагъэ и лъэныкъуэкIэ, сабийхэм ПДД хабзэхэр нэхъыфIу ящIэнымкIэ. Иджы махуэ къэс, дерсым щыщымыIэм деж, еджакIуэхэм я нэгу щIэтынущ гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным и хабзэхэр.
КАТАГАНОВЭ Гульнарэ,
«Адыгэ- Хьэблэ» МОВД-м Къэрал автоинспекцэмкIэ и къудамэм пропагандэмкIэ и инспектор, полицэм и майор
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.