ПсэкIэ щыегъэджакIуэкIэ
ЩыIэщ ди гъащIэ псом и кIыхьагъкIэ ди гум илъ, тщымыгъупщэ цIыху нэхухэр. Апхуэдэхэм ящыщ хъу хабзэщ ди япэ егъэджакIуэр — щIэныгъэм, уеблэмэ дунеищIэм сабийр хэзышэ цIыху къызэрымыкIуэр. ДжэгукIэхэмрэ щIыкIеинымрэ здэтепща пIалъэр щиухкIэ, дэтхэнэ сабийри еджэныр, щIэныгъэр здэнэхъыщхьэ гъащIэ IыхьэщIэм къыщыхутэн къыхудохуэ. Апщыгъуэм япэрей егъэджакIуэм и гулъытэм, и гу щабагъэм, и губзыгъагъым куэд дыдэ елъытащ: сабийр…