Ди щIалэхэм зыщIагъакъуэ
Зауэ операцэ хэхам хэт ди хэкуэгъухэм защIэгъэ-къуэныр ди республикэм и унафэщIхэм я къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Ди къулыкъущIэхэм ирагъэгъуэт дэIэпыкъуныгъэхэм пащэу, 34-нэ гвардейскэ мотострелковэ бригадэр зыщIэлъэIуахэр зэрылъ гуманитар гулъэ иджыблагъэ гъуэгу трагъэхьащ. Апхуэдэу ди щIалэхэм хурагъэшащ квадроциклхэр, квадрокоптерхэр, зэрызахъумэжыну Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщIхэри. Псори зэхэту ахэр 40 мэхъу. «СВО-р зэрыщIидзэрэ Къэрэшей-Черкесым икIыу фронтым гуманитар хьэлъэу тонн 1400-рэ…