НыбжьыщIэ жыджэрхэм я зэхыхьэ

Къэрэшей-Черкес Республикэм щыIэ «Движение первых»-м и хэгъуэгу къудамэм «Родные-любимые» форумыр етIуанэ иригъэк­уэкIащ. Сабий егъэджэныгъэмк­э «Спутник» Купсэм а махуэм щызэхуэсащ республикэм и муниципальнэ районхэм къикIа ныбжьыщIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ. Мы форумым ­уэхугъуэ куэд къызэщIрагъэубыдащ.

Абы хэтащ щыгъыным сурэт здытращIыхь, тIатIийм фэеплъ хьэпшып къыздыхащIыкI, щыгъэ здаблэ, «Квиз первых» акъыл джэгукIэм, шахмат зэхьэзэхуэм я утыкухэр. КъинэмыщIауэ, «Династие героев» Урысейпсо зэпеуэм и хэгъуэгу Iыхьэри ирагъэкIуэкIащ. Гулъытэншэу къагъэнакъым СВО-м щыIэ ди зауэл­хэри. Абыхэм папщIэ шэху здагъэж, зэрызахъумэ хъы здаблэри къызэрагъэпэщащ.

— Форумым лъэныкъуэ куэд къызэрызэщIедгъэубыдэным дыпылъу Iуэхур едгъэжьащ. Мыбы сабийхэм я мызакъуэу, унагъуэкIэрэ къызэрыхыхьэм мыхьэнэ иIэщ. Абыхэм щIэ гуэр къызэрацIыхум къыдэкIуэу, езыхэри зэдэуэршэру зэманыр ягъак­уэ. Зауэ-хэкупсагъэ гъэсэныгъэри гуэх имыIэу Iуэхум хэтщ. ГурыфIыгъуэщ, «Династие героев» Урысейпсо зэпеуэм еджапIэхэм я нэхъыжь  классхэм щеджэхэр къызэрыхашэр, абыкIэ езым я унагъуэм и тхыдэр зэрагъэцIыхужыным зэрыдрагъэхьэхыр, абы хэту Хэкум къулыкъу хуэщIэнми зэрыхуагъасэр. «Родные и любимые» форумыр нэжэгужагъ къахэзылъхьэ махуэщI къудейкъым, атIэ нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ дзыхь зэхуэщIынымIэ, зэгурыIуэнымкIэ утыку хьэлэмэтщ. Нобэ псомкIи гу рыIуэгъуэщ унагъуэ лъапIагъэхэр хъумэн зэрыхуейр.

Ар къыкIэлъыкIк­э, зэдэIэпыкъунымкуэ щIэблэм щапхъэкIэ янэтхьэсыжыпхъэщ, — жиIащ «Движение первых»-м и хэгъуэгу къудамэм и унафэщI Кочкаровэ Алинэ. Форумым кърагъэблэгъащ республикэм и жылагъуэ IуэхущIакIуэ цIэрыIуэхэр, ветеранхэр, хабзэхъумэ къулыкъухэм я лIыкIуэхэр. Утыкухэм деж абыхэм ныбжьыщIэхэр ягъэгушхуэу къыщыпсэлъащ. Мы Iуэхум къызэхуишэсащ цIыхуи 190-м нэс. Абыхэм махуэр гъэщIэгъуэну, сэбэп хэлъу ягъэкIуащ. ИужькIэ, зэхьэзэхуэхэм къыхэжаныкIахэм я цIэхэр къыхагъэщащ. Мастер-классхэм хэтахэм я IэрыкIхэр мы махуэм и фэеплъу саугъэту къалъысыжащ.

 БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *