НОВОСТИ

Алексей Ганшин, депутат, председатель Комитета по экономической политике:

Ветераны Алексей и Василий Ганшины «В нашей семье на фронт ушли двое – мой дед и мой отец. Дедушка Алексей Иванович Ганшин родился в 1905 г. в селе Большая Джалга Ставропольского края. На фронт призвался в первые дни войны. В сентябре 1941 г. в бою под деревней Ильмень Новгородской области попал в плен. Был отправлен…

Читать далее

Зи фIыщIэр мыкIуэдыжын

Хэку зауэшхуэм хэта зауэлIхэм къалэхэм, къуажэхэм фэеплъхэр щыхуагъэуващ. Абыхэм ящыщщ ди къуажэм иIэ Iуащхьэм 1996 гъэм щаухуа мывэ сыныр.  СэркIэ ар лъапIэщ икIи гур зыгъэузщ. Мывэ сыным нэщхъей дыдэу сэлэт лIыхъужьыр бгъэдэтщ. Iуащхьэм сыдэплъеймэ, си гур хохъуэ икIи сропагэ, сыту жыпIэмэ нобэрей ди гъащIэ мамырыр къытхуэзылъэщахэм я фэеплъщ ар, мывэ сыным тет цIэ лъапIэхэм яхэтщ…

Читать далее

Ахъшэри тхыдэм и щыхьэтщ

Черкесск къалэм дэт Сурэт галереем «История Победы» гъэлъэгъуэныгъэр утыку кърахьащ. Сурэтгъэлъэгъуэныгъэр къызэгъэпэщыныр Урысейм и Банкым и жэрдэмщ, ТекIуэныгъэ Иныр гъэлъэпIэным хуищI хэлъхьэныгъэщ. Галереем и хьэщIэхэм мы Iуэхугъуэм ипкъ иту Iэмал яIащ Хэку зауэшхуэм и къэхъукъащIэ купщIафIэхэм, лIыхъужьхэм ятеухуауэ къыдагъэкIа фэеплъ гъущI ахъшэхэм щыгъуазэ зыхуащIыныр. Апхуэдэу, зауэм лIыхъужьыгъэ щызезыхьахэмрэ ТекIуэныгъэр къэзылъэща совет цIыхухэмрэ яшэча куэд гъущI…

Читать далее

Зэщхьэгъусэхэр — Хэку зауэшхуэм

Илъэс куэд щIауэ Хэку зауэшхуэм хэта ди хэкуэгъухэм я гъащIэм щыщ Iыхьэхэм нэIуасэ захудощI. ЛIыгъэкIэ гъэнщIауэ щытащ абыхэм я зауэ гъуэгуанэр. КIэи-пэи зимыIэт а илъэс бжыгъэхэр. Къапщтэмэ, ипэм щыщIэдзауэ Совет Союзым къытепсыха гущIэгъуншэ зауэм хэта псори лIыхъужьт. Сыту жыпIэмэ, цIыхум нэхъ лъапIэу иIэр и гъащIэрати, ари и къэралым щхьэузыхь хуищIт. Тхьэм ирещIи, ди хэгъуэгум щыщу…

Читать далее

ЖыгыщIэхэр мэбагъуэ

«Фэеплъ жыг хадэ» акцэр ди къэралым щрагъэкIуэкI Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ Илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ. Мы Iуэху дахэм и фIыгъэкIэ лIыхъужьхэм папщIэ къэкIыгъэ фэеплъхэр къоунэху, мэзхэри нэхъыбэ мэхъу. Акцэр 2020 гъэм ирагъэжьащ. Абы лъандэрэ, илъэс къэс фэеплъ «удзыфэхэр» Урысейм и щIыналъэхэм щыхасэ.Апхуэдэ жыгыщIэхэр щагъэтIысащ Дыгъужь Къурмэн и цIэр зезыхьэ Хъумэрэ курыт еджапIэм и…

Читать далее

БлэкIар ящымыгъупщэу

Къэрэшей-Черкесым и къалащхьэм дэт медицинэ колледжым къэрэшей лъэпкъым и зыузэщIыжыныгъэм теухуа махуэщIым хуэкIуэу «Всё выстрадал и выжил мой народ» фэеплъ дауэдапщэ щрагъэкIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Байрамуковэ Хь. и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм, колледжым и лэжьакIуэхэм, студентхэм. Дауэдапщэм ипкъ иту библиотекэм и лэжьакIуэ Хапчаевэ Тамарэ ныбжьыщIэхэр лъэпкъым и блэкIам щигъэгъуэзащ, «Память не знает забвения» нэтыным иригъэплъащ….

Читать далее

Ди щхьэхэр яхуэдывгъэгъэщхъ

КъЧР-м цIыхухэм социальнэ хуэIухуэщIэхэр ягъэгъуэтынымкIэ республикэ Купсэм Iуэхугъуэ куэд дыдэ иригъэкIуэкIащ дызыхуэкIуэ, ТекIуэныгъэ Иным и Махуэм и щIыхькIэ. Абыхэм пищэкIэрэ, накъыгъэм и 5-м иджыри зы зэхишащ. Купсэм и нэIэм щIэтхэр хуабжьу хуэжыджэру пыкъуэкIащ мы Iуэхум икIи гъуазджэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ Иванченкохэ Алексейрэ Людмилэрэ я нэIэм щIэту зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ гъуэзэджэ ягъэхьэзырри утыку кърахьащ. Уэрэдхэр, усэхэр, къафэхэр —…

Читать далее

ГъащIэ псокIэ зыпэплъа

И адэ красноармейцыр, лейтенант ТЕМЫРДАЩ Абдулыхь  Хэку зауэшхуэм зэрыхэкIуадэрэ илъэс 82-рэ текIыжауэ, абы иужьрей увыIэпIэ хуэхъуа къуэшыкхъэм, Краснодар крайм и Крымск районым хыхьэ Киевскэ жылагъуэм щыIэм, хьэгъундыкъуейдэс Темырдащ Мухьэмэд кIуащ… ЖыпIэнурамэ, ныбжьыфIым нэса нэхъыжьыфIым и закъуэкъым а къуэшыкхъэм екIуэлIар. Мухьэмэд щIыгъуащ и щIалитIыр: Зауррэ Зурабрэ, абыхэм я ныбжьэгъухэр, ди газетым и лэжьакIуэр. Иужьрейхэр а зекIуэм…

Читать далее

Лъэужь дахэкIэ къыхэнащ

ТекIуэныгъэшхуэм и Илъэс 80-м хуэкIуэу газетым тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэд къытохуэ. Сэ IэщIагъэкIэ сыегъэджакIуэщи, ахэр хуабжьу къысщхьопэ. Сэри фыщызгъэгъуэзэну сыхуейщ си адэ-анэм ТекIуэныгъэшхуэм я гуащIэ зэрыхалъхьам. Сэ лъэпкъкIэ Къэбэрдейм сащыщщ, 1970 гъэ лъандэрэ Черкесск къалэр псэупIэ схуэхъуащ усакIуэ Дыгъужь Къурмэн щхьэгъусэ сыхуэхъури. Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Старэ-Шэрэдж къуажэдэс нэхъыжьхэми куэдрэ жаIэж унафэщI Iумахуэу яIа Тхьэзэплъ Мысэд и цIэр….

Читать далее

Аращ ар зыхуэпсэуар

Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ТекIуэныгъэ Иныр къэгъэгъунэгъуным хуэлэжьащ тылым псэемыблэжу Iутахэр. Апхуэдэ зы нэрыбгэщ республикэми адэжкIи къыщацIыхуу щыта, ноби-ныжэби зи цIэр цIыхубэм я бзэгупэм телъ, Хьэбэз къуажэм дэса АРЭШЫКЪУЭ Къанщауэ Мыр-зэбэч и къуэр. Езыр зауэ дыдэм Iумытами, и къуажэгъухэр, цIыхубэр ТекIуэныгъэм хуишэным, фIэщхъуныгъэ быдэр ядиIыгъыным хьэрэмыгъэншэу пылъащ ар икIи къехъулIащ. Абы и щыхьэтщ къэралым къыхуигъэфэща щIыхьыцIэхэмрэ…

Читать далее