Бригадир ныбжьыщIэ — Амирокъуэ Ибрэхьим
Повестым хэзыгъэгъуазэ Хьэбэз районым ит адыгэ къуажэ нэхъ щIалэхэм ящыщ Куэш-Хьэблэ къыдэкIа тхакIуэ Амирокъуэ Ибрэхьим Iэсхьэд и къуэм «Бригадир ныбжьыщIэ» повестыр зытриухуар комсомольц Къантемыр Хьисэщ. Ар къуажэ Советым и тхьэмадэу щытащ, иужькIэ Хэку зауэшхуэм ипэ куэдрэ бригадир цIэрыIуэу щытащ. 1936 гъэм февралым и 13-м урысыбзэкIэ къыдэкIауэ щыта «Красная Черкесия» газетым щатхыгъащ: «Ставрополь крайм и шы…