НОВОСТИ

Гумызагъэу хузэфIэкI зыщIэ

ЦIыхум пщIэ къызэрилэжьыр и Iуэху-щIафэ дахэмкIэщ, и акъылымрэ щIэныгъэмрэ къитIэсу иубзыхуф лэжьыгъэмкIэщ, адрейхэм къащхьэщыкIыу гъащIэм хилъхьэ гуапагъэмрэ цIыхугъэмрэщ, псапэ щIэныр зи гъуазэу къызэрыгъуэгурыкIуэмрэ гущIэгъу зэрыхэлъымрэщ. Апхуэдэм, зы мащIэ нэхъ мыхъуми, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу гу зылъита дэтхэнэми и гуащIэ псор триухуэфынущ.Мис а хьэл-щэныфIхэр зыхэлъ, псэ къабзэ, гу зэIуха зиIэ щIалэщ нобэ зи гугъу фхуэтщIынур. Абы хэлъ цIыхугъэмрэ…

Читать далее

«Апхуэдэ щыIэкъым»

Творческэ лъэкIыныгъэхэр гъэунэхунымкIэ, кино кIэщI цIыкIухэр техынымкIэ Ищхъэрэ-Кавказ федеральнэ хэгъуэгум щекIуэкIа «АртМастерс» Лъэпкъ чемпионат зэIухам хэта проект гъэщIэгъуэнхэм я нэхъыфIу къалъытащ режиссёр цIэрыIуэ ЕмкIуж Андзор и «КавказФильм» компанэм трихын и мураду утыку ирихьа, «Так не принято» зи фIэщыгъэцIэ кинопроектыр. ИкIи, абы уасэфI зэрыхуащIам и мызакъуэу, лэжьыгъэм и ужь ихьэри техын Iуэхухэр щIэх-щIэхыу зэфIагъэкIащ, къалэ зыбжанэми…

Читать далее

ПIэф ФуIэд къыхужаIахэр

Си щIалэгъуэ дыдэу ФуIэд Ибрагимович сыдэлэжьэн щIэздзащ. ИфI фIэкIаи схужыIэнукъым, сигъэгушхуащ, сиунэтIащ, си лэжьыгъэкIэ куэдрэ къыздэIэпыкъуащ.Гу къабзэрэ псэ дахэкIэ лэжьакIуэ гупым яхэта, унафэщI щыпкъэу егъэджакIуэхэр зэкъуэзыгъэувауэщ ар дигу къызэрыкIыжыр. Си гуапэт сехъуэхъуну къыщалъхуа махуэмкIэ.ПщIэ зыхуэтщI ФуIэд Ибрагимович!Уи махуэщI дахэмкIэ, уи илъэс 90-мкIэ си гуапэу сынохъуэхъу! Апхуэдэ махуэщIыр хуабжьу лъапIэщ дэркIи. Сыту жыпIэмэ, уэ — удиегъэджакIуэ,…

Читать далее

Дызэвгъэпсалъэ…

Сэ — ПIэф Ибрэхьим срикъуэщ. Си анэр Шорэ Къамболэт ипхъущ. Дунейм тетыху си адэри си анэри я къару къызэрихькIэ цIыхухэм сэбэп яхуэхъуащ. Си анэр хъулъхугъэ Iуэху куэд илэжьыфу, хъулъхугъэ куэд къечэнджэщу дунейм тетащ.Сэ 1940 гъэм къыщыщIэдзауэ Хьэбэз къуажэм сыдэсщ. Хьэбэз сыщеджащ. Хьэбэз сыщолажьэ. Зыми зэран сыхуэхъуакъым. ЩIэблэр егъэджэнымкIэ, гъэсэнымкIэ си къару къихь къызэрызмыгъэнэнум сыпылъащ. Хьэбэз…

Читать далее

ПIэф ФуIэд: «Ноби сыеджакIуэщ!» — и илъэс 90-м

«Еджэн, еджэн, иджыри зэ еджэн», — апхуэдэ къыхуеджэныгъэм тету и гъащIэ псом псэуащ, нобэми къыддогъуэгурыкIуэ адыгэ лъэпкъым ди нэхъыжь, пщIэшхуэ зыхуэтщI егъэджакIуэфI ПIЭФ ФуIэд Ибрэхьим и къуэр. Мы махуэхэм ар илъэс 90 ирикъуащ. Зи лэжьыгъэ IэнатIэми щыпэрыту, жылагъуэ Iуэхухэми щыжыджэру зи гъащIэ псор езыхьэкIа ПIэфым зэи IэщIыб ищIакъым и щIэныгъэм хигъэхъуэныр, зиужьыныр. ЕгъэджакIуэ ­IэщIагъэм къызэрыхуалъ­хуам…

Читать далее

АДЫГЭЛI нэсым и щапхъэт

Мы гъэм мазаем и 6-м къыдэкІа, зи №8 «Черкес хэку» газетым, «Гъуазджэр зи Іэпэгъуу псэуа» фІэщыгъэцІэм щІэту, Къэзэнокъуэ Хьэсэмбий и тхыгъэ тетащ. Езыр зыщыщ Зеикъуэ къуажэм, и къуажэгъухэм яхуищІ пщІэм и щы-хьэту, ди нэхъыжьыфІыр газетым къыхуотхэ зэпыт, и гукъэкІыж куэдымкІэ къыддогуашэ. Мис, мызыгъуэгуми апхуэдэ зыти, и тхыгъэр триухуащ гулъытэу лъэпкъым хуищІыпхъэр щызу зрамыгъэгъуэта, ауэ зи…

Читать далее

Партизанхэр зауэ илъэсхэм

Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм партизанхэм икъукIэ хэщІыныгъэшхуэ бийм къыхуахьащ. БжыгъэхэмкІэ къапщтэмэ, нэмыцэ сэлэту, офицеру 1800-м щІигъу, танк, бронемашинэ 11, автомашинэ 22-рэ хэщІыныгъэу фашистхэм ирагъэгъуэтащ. Абы къинэмыщІауэ, лъэмыж 17, телефон зэпыщІэныгъэ линэ километр 30 къагъэуащ. Кавказ щхьэдэхыпІэ Нэхъыщхьэхэм я хуитыныгъэм щІэбэнащ партизан гуп 12-17-м нэс. Абыхэм хэта, ди хэгъуэгум и партизанхэр я бжыгъэкІэ 1200-рэ хъут, абы…

Читать далее

«ГъащIэм пхухихам уфIэкIынукъым»

«Щхьэмыгъазэ» жиIэмэ, абы и мыхьэнэр — хъыжьэ, ерыщ, къикIуэтрэ шынэрэ зымыщIэщ. А зы псалъэмкIи къэбгъэлъэгъуэфынущ мы тхыгъэр зытеухуа, Куэш-Хьэблэ къуажэм щыщ ГЪУКIЭ Алий и хьэлыр. И ныбжьым емылъытауэ (илъэс 28-рэ), абы хущIыхьащ гъащIэм и гуащIэгъуэм хэплъэну. Зауэ операцэ хэхар къыщежьа къудейм, мазэ нэхъ темыкIауэ, езым и арэзыныгъэ хэлъу абы кIуауэ щытащ. Абы лъандэрэ зауэлIыр щэнейрэ…

Читать далее

Зичэзу е 9-нэ сессиер зэхэтащ

 КъЧРм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламеным) и VII зэхуэшэсыгъуэм и зичэзу е 9-нэ сессиер зэхэтащ. Пленар зэIущIэм и лэжьыгъэм къеблэгъащ респу­бликэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. КъЧРм и Парламентым и спикер Иванов Александр и унафэм щIэту парламентарийхэр упщIэ 21м хэплъащ.  2024 гъэм Къэрэшей-Черкесым и щIыналъэм жылагъуэ Iэдэбыр щыхъумэнымрэ шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымрэ япкъ иту ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ убгъуауэ къэпсэлъащ…

Читать далее

IуэхуфIхэр, гупсысэ узыншэхэр

 Муслъымэну дунейм тетымкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ нэщI мазэ лъапIэр иухащ. НэщIыр къызэрихьэрэ районкIэрэ, къуажэкIэрэ, республикэм и къалащ­хьэми щекIуэкIащ пщыхьэщхьэ зэдыхэщхьэж пшыхьхэр, жумэ нэмэзхэр. Гъатхэпэм и 29-м, Рэмэдан мазэм и иужьрей махуэм, Черкесск къалэм дэт Соборнэ мэжджытышхуэм, «Шатёр Рамадана 2025»-м щекIуэкIащ КъЧР-м и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэ­пэща хэщхьэжыр. ХьэкъыпIэкIэ ар, зэрыжаIа дыдэу, «интернациональнэ» хъуащ. АтIэ, лъэпкъ…

Читать далее