НОВОСТИ

Программэм пащэ

СВО-м хэтхэм, ветеранхэм ятеухуа «Герои Карачаево-Черкесии» программэм пащэкІэрэ, республикэм щрагъэжьащ абы и етІуанэ Іыхьэм и лэжьыгъэр. ИпэкІэ, КъЧР-м и Іэтащхьэ Темрезов Рэшид хэгъуэгум щІалэгъуалэ ІуэхухэмкІэ и министр Тоторкулов Ибрэхьим къалэн щищІащ программэм хэтыну дэтхэнэми гулъытэ тегъэчына ирагъэгъуэтыну. Мыхьэнэ хэха иІэщ дэтхэнэми и упщІэм жэуап етыным, зыхуейм хуэгъэзэным. «Ахэр дэркІэ ЛІыхъужь дыдэщ. Абыхэм зэуапІэхэм хахуагъэрэ гуеигъэрэ…

Читать далее

Жыг мин 12

ТекIуэныгъэм и Илъэс 80-м ипкъ иту, Къэрэшей- Черкесым «Фэеплъым и жыг хадэ» хэкупсагъэ, щIыуэпс акцэм щрагъэжьащ Хэку зауэшхуэм зи щхьэр хэзылъхьа ди лIыхъужьхэм я фэеплъу, зауэ операцэм хэт ди зауэлI- хэм зыщIагъэкъуэн мурадкIэ.Акцэр ирагъэкIуэкI «Сохранение лесов» федеральнэ проектымрэ «Экологическое благополучие» лъэпкъ проектымрэ япкъ иту. Мы гъэм мы Iуэхугъуэм къыхы- хьащ республикэм щыпсэу цIыху мин 1,5-м…

Читать далее

БлэкIа гъейхэм я лIыхъужьхэр

Черкесск къалэм дэт, цIыхухэм социальнэ хуэIухуэщIэхэр ягъэгъуэтынымкIэ Купсэм кърагъэблэгъащ СВО-м къикIыжа ди лъахэгъухэр, абыхэм я унагъуэхэр. ЗэIущIэр теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм, тхыдэм, иджы екIуэкI операцэ хэхам, щIэблэм и гъэсэныгъэм, къэралым и къарум, и щIыхьым. — 2025 гъэр УФ-м и Президент Путин Владимир Хэкум и хъумакIуэм и Илъэсу игъэуващ. Ар ауэ сытми махуэбжым щыгъэнэIуа къэхъукъащIэкъым. Ар…

Читать далее

Зейнэб лъапIэ

Нэмыцэ фашизмэр Хэкум къиIэбащ лъэпкъхэр гъэрыпIэм ириубыдэу игъэунэхъун папщIэ. Тедгъэплъэнкъым ахэр дэ абы! Ди цIыхубэр къызэрыIэтауэ и социалистическэ къэралыр ехъумэж. Сэ, плъыжьыдзэ зауэлIым щыщыр, Хэкум хуэсщIа тхьэлъанэм сыхуэпэжщ, щIыхуэу стелъ къулыкъу пщэрылъхэр сопшын. Сызыхэта зэхэуэхэм ящыщ зым деж лагъымщIэххэм зауэ къалэн къытхуагъэуват: бийм и щIыбагъ дыкъыдыхьэу, ахэр зэрызекIуэ лъэмыжыр къэдгъэуэну, Ростов кIуэ гъуэгум зэрытемыхьэфынум, я…

Читать далее

Зи лъэужь мыкIуэдыжын хъумэрэдэсхэ

1941 гъэ. Зауэр къыщыхъея махуэт. Къэралым и унафэщIхэр совет цIыхубэм зэрызыхуагъэзам къигъэгузэва хъумэрэдэсхэр зэхуожэс къуажэ клубым къыщаIэта пэкIум хэтыну. А пщыхьэщхьэм утыкум къыщыпсэлъахэм — партым и Карачаевск обкомым и уполномоченнэ Темыр Билал, къуажэм и парт организацэм и секретарь Цагъэ Абдул, къуажэм и Iэтащхьэ Астэжь Шамсудин, хъумэрэ илъэсих еджапIэм и егъэджакIуэ Жэгуэтэн Динэ сымэ бийм и…

Читать далее

Едмытмэ зыми Сталинград, Кавказри хъума хъунщ!

ГъукIэмыхъу Ехья Жэмбэч и къуэр — 1942 гъэм Ленинград блокадэр тезыхыжахэм яхэтащ. Прибалтикэм и лъэмыжхэм лагъымщIэхыу щыIащ 1944 гъэм. Зауэр щиухым Эстонием яунэтIащ щIэпхъаджащIэ гупхэр хигъэщIэну. Къыхуагъэфэщащ «Германием зэрытекIуам папщIэ», «ГуащIэдэкI хьэлэлым папщIэ» медалхэмрэ етIуанэ нагъыщэ зиIэ Хэку зауэшхуэ орденымрэ. Жэгуэтэн Iэюб Екъуб и къуэр — фронтым доброволецу Iухьащ 1941 гъэм. Дыгъэгъазэ мазэм ягъэуващ 38-нэ…

Читать далее

Дызэкъуэзыгъэувэ ди нып удзыфэ!

Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэ лъэпкъым «Хасэ» жыхуэтIэ Iэмалыр къыдогъуэгурыкIуэ. Нобэ лъэпкъыр зэбгрыдзауэ зэрыпсэум къыхэкIыу, апхуэдэ Хасэхэр адыгэхэр здэпсэу щIыпIэ псоми щыIэщ. Уеблэмэ ахэр нэхъыжь нэхъыщIэкIи гуэшауэ урохьэлIэ. Апхуэдэщ КъэрэшейЧеркес Республикэри. Абы нэхъ ныбжь зиIэхэр зыхэт Хасэм къинэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэр зэкIуалIэ «ЩIалэгъуалэ Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэри щыIэщ. Ар илъэс 19 хъуауэ лъэпкъым и щэнхабзэр, хабзэхэр хъумэным и ужь…

Читать далее

Лъэпкъым и дамыгъэ лъапIэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къыхэлъхьэныгъэкIэ, 2010 гъэм щегъэжьауэ адыгэ ныпым и Махуэр мэлыжьыхьым и 25-м щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Черкес, Адыгэ республикэхэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэрал псоми. Мы махуэщIыр лъэпкъымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ, сыту жыпIэмэ, дуней псом щызэбгрыпхъа адыгэ лъэпкъым зы блэкIа, зы нобэ, зы пщэдей зэриIэм ныпыр и дамыгъэ хъуащ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, адыгэ ныпым и гугъу…

Читать далее

Iулъхьэм пэщIэту

Урысей Федерацэм и Генеральнэ прокуратурэм жэрдэм ищIащ Iулъхьэм пэщIэт социальнэ хэIущIыIу хэкIыпIэу «Вместе против коррупции!» Лъэпкъыбэ щIалэгъуалэ зэпеуэр мы гъэм иригъэкIуэкIыну. Зэпеуэм и къалэнщ: Iулъхьэ къэмыгъэхъунымкIэ дауэдапщэхэм, социальнэ антикоррупцэ рекламэхэм зэхэгъэувэнымрэ къэгъэсэбэпынымрэ щIалэгъуалэр къыхэшэныр; Iулъхьэм бэнэныгъэ дегъэкIуэкIыныр зи IэщIагъэу щыт къэрал унафэщI къулыкъухэмрэ цIыхубэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр убзыхуныр, а Iуэхум шынагъуэу къыздихьыр дэтхэнэ зымкIи наIуэу зэрыщытынум…

Читать далее

ЗауэлI хахуэ

Хэку зауэшхуэ… Сыту куэд щыгъэпщкIуа мы псалъэхэм: уз хьэлъэм къигъэщI нэпс гуащIэхэр, гуащIэдэкI нэпсыр, махуэ кIыхьхэр, хьэлъэхэр, мазэхэр, илъэсхэр, дэтхэнэ зы пIалъэри шынагъуэкIэ гъэнщIауэ. Зауэр зэрыщIидзэу, си адэшхуэр, Аргун Хъызыр Къагир и къуэр, дзэм ираджащ. Ар минрэ щибгъурэ тIощIрэ зырэ гъэм Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Ауэ жылагъуэм дэсхэм ящыщхэр щыкуэшыжым, сабийуэ Куэш-Хьэблэ къахьыжащ. НэгъуэщI къуажэдэсхэм яхуэдэу,…

Читать далее