
Нэпсылъэ нэпкъ
Адыгэ хэкужьым и тхыдэ Iыхьэхэр гъунэншэщ. ГъащIэр гущIэгъуншэщи, зэгуэрым тенджыз ФIыцIэм и гъунэр зыуфэбгъуу щыта лъэпкъышхуэм къыщIэнэжар зы Iэбжьыб къудейщ. Адыгэм и тхыдэри, хъыбарыжьхэри езы лъэпкъым хуэдэу ипхъыхьа хъуащ, иныкъуэхэри зэман уахътыншэм хэшыпсыхьыжащ, адрейхэри хъыбар пытхъахуэурэ къэнэжащ. Ущыхуэзи мэхъу адыгэхэр здэпсэуа щIыпIэм адыгэцIэ зэрамыхьэжу, ауэ лъэпкъым а щIыпIэм триухуа хъыбар теплъэгъуэхэр къэнэжауэ, цIыхухэм яIурылъу. Апхуэдэ…