НэIэм щIэтынущ

Къэрэшей — Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид хэгъуэгум щыпсэухэм яхуэзащ УФ-м и Президент Путин Владимир Черкесск къалэм щиIэ зэIущIапIэм.

 ЩIаплъыкIащ Прикубан, Зеленчук районхэм, Карачаевск къалэм къикIахэм къаIэта упщIэхэр. ЗэIущIэм икIэм, Темрезов Рэшид къыкIэлъыкIуэ пщэрылъхэр ищIащ:

— 2025 гъэм накъыгъэм (майм) и 9-м нэгъунэ зэгъэзэхуэжын Кавказскэ жылагъуэм щыIэ, Коммунальнэ уэрамымкIэ ирикIуэ, еджа­пIэм, сабий IыгъыпIэм, щэнхабзэмкIэ Унэм хуэкIуэ щIыщIагъ гъуэгур;

— мы илъэс екIуэкIым и фокIадэ (сентябрь) мазэм и 1-м Исправнэ станицэм спорт утыку зэIуха къы­щызэIухын; абдеж щагъэу­вын хуейщ уэрам трена­жер зэмылIэужьыгъуэхэр, спорт оборудованэ, абы хэтыпхъэщ ГТО мардэхэм хуэгъэпсахэри;

— 2025 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) икIэм нэгъунэ Карачаевск къалэм и Ленинэ уэрамым тет, къат куэду зэтет, зи № 17, 19, 21-рэ  унэхэм я пщIантIэ Iэхэлъахэр къэгъэщIэрэщIэжын.

Абы хеубыдэ пщIантIэхэм узэрекIуалIэ гъуэгухэм асфальт гъэтIылъыныр, архитектурэ лIэужьыгъуэ зэ­хуэмыдэхэр гъэувыныр, сабий утыкуитIрэ зы спорт зыгъэсапIэ зэIухарэ щыу­хуэныр. ИкIи, мыхьэнэшхуэ иIэу къалъытащ а утыкухэр зи узыншагъэкIэ да­гъуэ зиIэхэм, земыкIуэфхэм ятегъэпсыхьауэ зэры­щытынум.

Хэгъуэгум и лIыщхьэм КъЧР-м ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мрэкIэ и министрым пщэ­рылъ хуищIащ а унэхэм щыпсэухэм япсалъэу, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа ухуэныгъэхэр здыщагъэувыну, езыхэмкIэ нэхъ тынш здэхъу­ну щIыпIэхэр къыхрагъэхыну. Пщэрылъу хъуамрэ ахэр щагъэзэщIэну пIалъэхэмрэ нэIэм щIагъэуващ.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *