Нэхъыжьыр гъэлъапIи…

«НЭХЪЫЖЬЫР гъэлъапIи – уи щхьэр лъапIэ хъунщ» жиIащ адыгэм… Ар шэчыншэщ. ИкIи, а хабзэ дахэм тету, иджыблагъэ Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутатхэр: Щнахъуэ Кърымрэ Гуэнэ Игоррэ Зеикъуэ къуажэм дэс, ныбжьышхуэм нэса БОТЭЩ Зухьэд и унагъуэм гуфIэгъуэ IуэхукIэ еблэгъащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы нанэ Iумахуэр илъэси 100 щрикъуам адыгэ газетым, си щхьэкIэ — тхыгъэшхуэ тезухуауэ щытащ, апщыгъуэми дриплъэжат нэхъыжьыфIым къикIуа гъащIэ гъуэгуанэ гугъум, Iуэху бгъэдыхьэкIэм, щIэблэр гъэсэным хуиIэ еплъыкIэм…

КIэщIу фигу къэдгъэкIыжынщи, Зухьэд 1917 гъэм къалъхуащ, Хэку зауэшхуэм и ветеранщ, тылым гугъу зыщезыгъэхьахэм ящыщщ, жыпIэнурамэ, ныбжьышхуэ зиIэу районым щыпсэу нанэ Iумахуэщ – иджы дыдэ Зухьэд илъэси 109-рэ ирикъуащ. Мы бзылъхугъэ гуапэ цIыкIум и гъащIэр хуабжьу хьэлъэу екIуэкIащ. ГуащIэдэкI лэжьыгъэ гугъум епхауэ колхозым илъэс куэдкIэ щылэжьащ, зауэр щекIуэкIым, нэгъуэщIхэми яхуэдэу, сыт и лъэныкъуэкIи гугъуехьыр къытегуплIауэ ирихьэкIащ. Фашистхэр хэгъуэгум щитам, я къуажэм хьэкъувэкъуу, хьэкIэпычу зэрыдэтам фIы дыдэу я гугъу къытхуи щIыжауэ щытат Зухьэд.

Псибл зыхэтым хуэдэу фронтым хуэлэжьахэм ящыщщ мы нанэ цIыкIур. Зауэр иухри, пщащэр унагъуэ ихьащ. Ауэ, бзылъхугъэ насыпым щIэх дыдэ хэкIыжащ Зухьэд, и щхьэгъусэр сымаджэ хьэлъэ хъури. Абы къыкIэлъыкIуэу, езым и адэ-анэр пIэм хэгъуэлъхьащ… Къыдалъхуахэр, и унагъуэм щыщхэр илъэс 18-кIэ зэрихьащ, игъэтIылъыжахэщ. ИтIанэ езы ми колхозым игъэзэжри, и къару къихьыху гуащIэ дэкI лэжьыгъэ хьэлъэм пэрытащ.

Зухьэд гуауэу илъэгъуам я щхьэж хъуащ игъуэнэмысу IэщIэкIа и къуэ закъуэр. Сабий бын — пщащиплI нысэм къыIэщIэнэри, Зухьэд и щIалэ Мухьэмэд дунейм ехыжат. Анэм хэщIыныгъэ хьэлъэ дыдэ къылъыIэсами, нанэ Зухьэд мыбдежми и бгыр щIикъузэри, нысэм пщащэ цIыкIуиплIыр дипIащ, къыдиIэтащ. Нобэ нанэ Зухьэд ягъэлъапIэ, и гур яIэт а пщащэхэм къыбгъэдалъхьэ фIылъагъуныгъэ мыкIуэщIым, къызэрыкIэлъыплъым, абыхэм къащIэхъуэжа щIэблэр илъагъуну лъэкIыныгъэ Тхьэм къызэрыритам.

А сабийхэри нэрыбги 8 мэхъу, Тхьэм и шыкуркIэ. Зухьэд и махуэщIым ипкъ иту Ботэщхэ я унагъуэм еблэгъа депутатхэр нанэ цIыкIум хуэхъуэхъуащ узыншагъэ быдэкIэ, гъащIэ кIыхькIэ, къыщIэхъуа щIэблэм гу ящихуэну, гукъыдэж иIэу иджыри куэд дыдэрэ ящхьэщытыну, и гур хэзыгъахъуэ Iуэхугъуэхэм щымыщIэну. «Ботэщ Зухьэд Шухьэиб и пхъум хуэдэ цIыхухэр – Хэкум, зыщалъхуа щIыналъэм, къуажэмрэ унагъуэмрэ папщIэ псэемыблэж гуащIэ зыгъэтIылъхэм я щапхъэ нэсщ. ЦIыху къызэрыкIуэр, гуащIэрылажьэр сыт щыгъуи лъабжьэ быдэ хуэхъуащ ди къэралым и зэфIэувэныгъэм, ар щытыкIэ хьэлъэ щихуа лъэхъэнэхэми — апхуэдэхэращ къару нэхъыщхьэу диIар, ноби диIэр», — къыхэщащ Гуэнэ Игорь и псалъэхэм. Мы махуэм Ботэщ Зухьэд хъуэхъу псалъэхэр къыхуагъэфэщащ УФ-м и Президент Путин Владимири, Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшиди. Зеикъуэ къуажэм и Iэтащхьэ Зэубыд Рустам я жылагъуэр зэрыгушхуэ, зэрыин нэхъыжьыфIыр езым къыбгъэдэкIа гулъытэкIэ, саугъэткIэ игъэлъэпIащ.

АБИДОКЪУЭ Люсанэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *