ГъэсакIуэм я махуэщIым ирихьэлIэу, Куэш-Хьэблэ къуажэм дэт «Дубок» сабий IыгъыпIэм гуфIэгъуэ дауэдапщэ щекIуэкIащ. Абы къеблэгъащ егъэджэныгъэ — гъэсэныгъэ гуащIэдэкIым и ветеранхэр, унафэщIхэр, Хьэбэз муниципальнэ районым и сабий IыгъыпIэхэм щылажьэхэр.
Куэш-Хьэблэ сабий IыгъыпIэм и лэжьакIуэхэм я лэжьэгъухэм папщIэ гуапагъэрэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщIа концерт программэ ягъэхьэзыращ. КъекIуэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ, гукъинэ ящыхъу пшыхь къыхузэрагъэпэщащ. IэщIагъэ махуэщIым, зэрыхабзэу, сабий IыгъыпIэм и лэжьакIуэхэм, унафэщIхэм, ветеранхэм гулъытэ ягъуэтащ.
Зыпэрыт Iуэхум хуэпэжу зэрылажьэм папщIэ районым и сабий IыгъыпIэхэм я IэщIагъэрылажьэ 26-м КъЧР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и Министерствэм къыбгъэдэкIыу ЩIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ. Хьэбэз район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и Управленэм къыбгъэдэкIыу ветеранхэмрэ унафэщIхэмрэ я цIэр фIыщIэ тхылъхэмкIэ ираIуащ. Хъуэхъу куэд жаIащ сабий гъэсэныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI дэтхэнэми хуэгъэзауэ. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ районым и сабий IыгъыпIэхэм щылажьэхэр гу пцIанэ зиIэхэу, абыхэм псэемыблэжу я къалэн зэрагъэзащIэр, сабий фIылъагъуныгъэр япэ ирагъэщу зэрылажьэр.
«Дубок» сабий IыгъыпIэм щылажьэхэр я лэжьэгъухэм яхъуэхъуащ усэхэмкIэ, къафэхэмкIэ, уэрэдхэмкIэ. ГъэсакIуэхэм я зэхуэсыр дахэу, гуапагъэр щыкуэду екIуэкIащ. МахуэщIым Хьэбэз районым щылажьэ гъэсакIуэхэмкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Псэемыблэжу къыхаха IэщIагъэм хуэлажьэ, улахуэшхуэ темылъми, фIыуэ ялъагъу Iуэхум хуэпэж гъэсакIуэхэмкIэ мыхьэнэ иIэ апхуэдэ гулъытэм. КъытщIэхъуэ щIэблэм зи къару, зи псэ хэзылъхьэ, гъащIэ лъапIагъэмрэ хэкупсагъэмрэ сабийхэр щIэзыпIыкI цIыху гъуэзэджэщ ахэр. Я жанагъым хэмыщIу, фIыгъуэм хэмыкIыу я IэщIагъым куэдрэ Тхьэм иригъэлажьэ!
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.