Накъыгъэм и 21-м — илъэс 161-рэ ирикъуащ Кавказ зауэжьыр зэриухрэ

ИЛЪЭС КЪЭС, накъыгъэм и 21-м дуней псом адыгэу тетым дигу къыдогъэкIыж Кавказ зауэм хэкIуэдахэр. Илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэжьым адыгэ лъэпкъым къриха лейр гуащIэу зэрыщытар ноби зыхыдощIэ, ар узу ди гум илъщ.

Пэжщ, илъэси 161-рэ мэхъу а зауэр зэриухрэ, ауэ кIыжыркъым а уIэгъэр. Сыту жыпIэмэ, и Iэужьыр гъэзэкIуэжыгъуейщ — адыгэр дунейм текъухьа хъуащ. Лъэпкъым и Iыхьэ пщIанэрщ Хэкум къинар. Адрейхэр  ирашащ е хуитыныгъэм я псэр щIатащ.

ХамэщI къыщыхутахэми псэхугъуэ ямыщIэу, лей къатехьэу, зэхэзедзэну я гъащIэр яхьащ. Ахэр зи нэгу щIэкIа, дауэ хъуами ерыщу гъащIэ гугъуехьхэм пэщIэта, узымрэ мэжэщIалIэмрэ ихьа, зи щхьэр зауэм хэзылъхьа псоми щхьэщэ яхуэдывгъэщI.

Дигу къэдывгъэгъэкIыж зэтракъута къуажэхэмрэ тфIагъэкIуэда щыIэкIэ-псэукIэмрэ. Тхьэм дыщихъумэ апхуэдэ гузэвэгъуэм, зэи я нэгу щIремыкI ди щIэблэм зауэ!

Накъыгъэм и 21-р щыгъуэм и закъуэкъым зи махуэр. Ар адыгэ лъэпкъыр зэрыщыту щызэрыубыд, зы псэ зэрытIутыр, зы гъащIэ къызэрыдгъэщIыр, зы блэкIа дызэриIэр къыщытщIэж махуэщ. Ауэ мащIэщ ар дигу къэдгъэкIыжыныр, дерс хэтхынырщ псом нэхърэ нэхъыщхьэр. Ди япэ итахэр зыщIэбэна щэнхабзэр, бзэр, хабзэр зыщыдгъэгъупщэну, тIэщIэхуну дыхуиткъым. Адыгэр адыгэ дызыщIыж псори ипэкIэ дгъэкIуатэмэщ, ди щэнхабзэм щIэблэр щIэтпIыкIмэщ Кавказ зауэжьым зи щхьэ хэзылъхьахэм я гугъэхэр щыдгъэпэжынур.

Ди нэхъыжьыфIхэр гъащIэм Iущ ищIауэ куэд къагурыIуэрт. ИкIи абыхэм къыхахащ Урысейм гухьэну, абы хуэпэжыну, къулыкъу хуищIэну. Нобэ дэ дыщыщщ нэхъ лъэпкъыбэ, нэхъ ин дыдэу дунейм

тет къэралыгъуэм. ИкIи дэтхэнэми ди къалэнщ ар ефIэкIуэнымкIэ щхьэж хузэфIэкIыр хуэдлэжьыну, дызэкъуэтыну.

Урысейм и закъуэ мыхъуу, къэралыгъуэ 50-м адыгэр нобэ щопсэу. Тхуэхъумэжащ ди бзэри, хабзэри, щэнри. Хамэ къэрал щыпсэу, дунейм текъухьа ди лъэпкъэгъухэм я цIэр фIыкIэ ираIуэ: ахэр хуолажьэ политикэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, спортым. Гуапэ мыхъуу къанэркъым хэхэс мин бжыгъэм Хэкум къызэрагъэзэжари.

Зы адыгэ дунейм тетыху нобэм дыкъэзышэса ди нэхъыжьыфIхэмрэ тхыдэмрэ тщыгъупщэнукъым. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, адыгэр дэнэ щыIэми, щыпсэуми и лъахэ унэр Кавказ Ищхъэрэрщ, Урысей къэралыгъуэрщ. Адыгэбзэр Урысей Федерацэм и щIыналъищым я къэралыбзэщ: Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, КъэрэшейЧеркес республикэхэм.

А псом дрипагэу дыкъэгъуэгурыкIуэми, языныкъуэ бзаджащIэхэм дызэрауштыну, зэгурымыIуэныгъэ ди зэхуаку къыдалъхьэну я ужь итщ. Ар къыдгурыIуэу мамырыгъэр тхъумэн, дызэрылъытэн, Урысейм и хабзэм дытету дыпсэун хуейщ.

Лъэпкъым къыхэжаныкIауэ куэд пэрыту къэрал бжьыпэм тетщ. Дэ абыхэм дропагэ, дрогушхуэ, ди бынхэм щапхъэу къахудохь. Ноби Хэкум и хъумакIуэу дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди лъэпкъэгъухэм узыншэу къагъэзэжыну ди гуапэщ.

Адыгэм и закъуэкъым нэщIэбжьэ зи нэгу щIэкIар. ГъащIэм хэпсэукIыфарщ, лъэ быдэкIэ гугъуехьым щхьэщыкIарщ нобэм къэсари, бэшэчхэмрэ лъэщхэмрэ дэри дащыщщ, дыщыпсэукIэ. Ди щыгъуэ махуэр ди къуэш лъэпкъхэм къыддаIыгъ, дакъыгуроIуэ. Дэтхэнэми фIыщIэ яхузощI!

Зэи щремыIэ зауэ, зэгурыIуэмрэ фIыгъуэмрэ ди унагъуэхэм иремыкI!

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ


Адыгэ лъэпкъым хэщIыныгъэшхуэ къыхуэзыхьа Кавказ зауэжьыр зэриухрэ илъэси 161-кIэ текIыжащ. Арами, адыгэм тщыгъупщакъым лъэпкъгъэкIуэд къытхуэзыхьа зауэжьым и нэщIэбжьэр. ЛIыщIыгъуэ бжыгъэ блэкIми, ди лъэпкъым игу ихунукъым а зауэр зэрыщыIар, абы къытлъигъэса насыпыншагъэ иныр.

Фэеплъращ псом нэхърэ нэхъыщхьэр. Ар дигу илъмэщ, къытщIэтаджэ щIэблэм ядгъэцIыхумэщ лъэпкъ тхыдэр хъума щыхъунур. ЦIыхубэм янэтхьэсыфу щытын хуейщ адыгэ лъэпкъым игъэвын къыхудэхуа, гуауэхэмкIэ гъэнщIа и тхыдэр. Адыгэу зызылъытэж дэтхэнэми къыгурыIуэн хуейщ лъэпкъым зэрыщыщыр, абы и Iуэхур егъэфIэкIуэным хузэфIэкI зэрыхилъхьапхъэр.

Нобэ лъэпкъыр къэщIэрэщIэжыныр и гугъапIэщ. Сыхуейщ къэкIуэныфI къызыхукъуэкIыну лъэпкъхэм ящыщ дыхъуну, дыузыншэу, зауэм и нэщIэбжьэ дымылъагъужыну.

Лъэпкъым щхьэузыхь зыхуэзыщIахэм, лIыхъужьхэм дахуэщыпкъэу дунейм дызэрытетыным дыхущIэвгъэкъу! Си фIэщ мэхъу, лъэпкъгъэкIуэд къызылъыса нэгъуэщI лъэпкъхэм яхуэгъэзауэ пэжыр сэтей зэрыхъужам хуэдэу, адыгэ лъэпкъми къехъулIа хабзэншагъэр зэрагъэзэкIуэжыну, ди лъэпкъым и тхыдэ пэжым хуэфащэ пщIэ лъагъэсыжыну.

АСЛЪЭНХЭ Алий, ДАХ-м и вице-президент, КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *