Коррупцэм пэщIэтынымкIэ КъЧР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Управленэм видеоконференц зэпыщIэныгъэм ипкъ иту семинар убгъуа щекIуэкIащ.
Мы Iуэхугъуэмрэ нэгъуэщI хабзэкъутэныгъэхэмрэ япэщIэтынымкIэ жэуаплыгъэ зыхь, хэгъуэгум и щIыпIэ самоуправленэхэм я къулыкъухэм я унафэщIхэр тепсэлъыхьащ 2024 гъэм ялэжьа Iуэхугъуэхэм, хэплъащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ лажьэ хабзэм щIэуэ къыхыхьам.
Гулъытэ хэха хуащIащ УФ-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ хъумэныгъэмрэкIэ и Министерствэм зэхигъэува методическэ чэнджэщхэм. Экспертхэм зэпкърахащ декларацэм щыщ Iыхьэ щхьэхуэхэмрэ справкэхэмрэ зэрыптхын хуейр, зэIущIэм хэтахэм къабгъэдэкIа упщIэхэм жэуап иратащ.
Семинарым ипкъ иту, муниципалитетхэм я лIыкIуэхэм я къыхэлъхьэныгъэхэмрэ ябгъэдэлъ зэфIэкIхэмрэкIэ зэхъуэжащ, коррупцэм пэщIэтынымкIэ къахуэув гъэунэхуныгъэщIэхэм тепсэлъыхьащ.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.