Адыгэ ныпым и Махуэмкӏэ, ди лъэпкъэгъухэ!
Ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Адыгэ (шэрджэс) ныпым и махуэшхуэмкIэ! Адыгэ ныпыр лъэпкъым и дамыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу, лIэщIыгъуитIым нэблэгъауэ адыгэхэм къыддогъуэгурыкIуэ, ди блэкIар, ди нобэр, ди къэкIуэнур зэрипхыу. 2010 гъэм щыщIэдзауэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, ди ныпым и махуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Адыгэхэр щыпсэу щIыпIэхэм мы гуфIэгъуэ махуэм ирихьэлIэу зэхыхьэ дахэхэр щрагъэкIуэкI. Зэхуэсхэм къокIуалIэ нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри. НыбжьыщIэхэм нэхъыжьхэм къытхуагъэна тыгъэ лъапIэхэр ящымыгъупщэу, щэнхабзэр ящIэу, хьэл-щэн дахэ яхэлъу, Хэкум иригушхуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм пщIэ хуащIыу къэгъэхъунымкIэ мы Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Адыгэ ныпым и махуэр Тхьэм тхуэмахуэн ищl! ИрефIакIуэ адыгэ лъэпкъыр, ди Хэкур! Ди къэкIуэнур щрырет мамыру, дахэу, цIыхухэм я зэкъуэтыныгъэкIэ, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэкIэ гъэнщIауэ. Адыгэ ныпым и махуэмкIэ!
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий
Адыгэ нып
Нып удзыфэу,
Хэкум и фэ!
Лъэпкъ дамыгъэу ди дуней!
Лъагэу фIэти, ину жыфIэ:
Ди адыгэр — псом я лейщ!
Къытхуихуэнукъым зы махуэ
Уи жьауэкIэм дыщепцIыж!
Уи лъэпкъ дыщэм, уи лъэпкъ хахуэм
Нобэ лъагэу уеIэтыж!
Дрогушхуэ ди адэжьхэм!
Дроиныр ди блэкIам!
ЛъыкIэ уэ узытхьэщIахэм
Напэ къабзэ къагъэнам!
Мывэ къащхъуэр ди тхьэлъанэщ,
Къурмэн Iус дызыхуэхъун:
Уи быдзышэр зыIухуауэ
КъикIуэтынукъым зы бын!
Бемырзэ Зураб
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.