Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекӀуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 80 мы гъэм зэрырикъум теухуауэ Къэрэшей-Черкесым щызэхэтыну махуэщӀ дауэдапщэхэр къызэгъэпэщынымкӀэ комитетым хэтхэм яӀущӀащ хэгъуэгум и Ӏэтащхьэ Темрезов Рэшид. «Шэчыншэу, УрысеймкIи Къэрэшей-ЧеркесымкIи мы гъэм и нэхъ къэхъугъэ нэхъыщхьэу щытыр ТекIуэныгъэм и юбилей махуэщIращ. Ди къару зэхэтлъхьэу дыубзыхун хуейщ абы пыщIауэ щытыну лэжьыгъэхэр, псом япэрауэ, ди Президент Путин Владимир и къэпсэлъэныгъэм къызэрыхигъэщащи, махуэщI дауэдапщэхэм гупсысэфIхэмкIэ гъэнщIа купщIэ ятткIэрэ, — щитхащ и телеграм-каналым КъЧР-м и Iэтащхьэм.
Нэхъыщхьэщ зауэм хэта ди ветеранхэм гулъытэ нэс а махуэм яIэныр. Темрезов Рэшид зэIущIэм хэтахэм я пщэ ирилъхьащ къалэ округхэмрэ муниципальнэ районхэмрэ я ветеран къэс, щхьэж зыхуэныкъуэм елъытауэ, япыкъуэкIыну, яхуэгузэвэну. Правительствэм хэтхэм янэIэ щIагъэувэнуи ялъэIуащ ди нэхъыжьыфIхэм социальнэ, медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр къыхузэрагъэпэщыну.
КъинэмыщIауэ, мэлыжьыхьым и 8-м нэгъунэ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, балигъыпIэм нэмысауэ концлагерхэм исахэм хэгъуэгу ахъшэм щыщу дэтхэнэми сом мин 300 зэ тыгъуэу иратынущ, тылым и лэжьакIуэхэмрэ зауэм фызабэу къигъэнахэмрэ сом минипщIкIэ зыщIагъэкъуэнущ.
Гулъытэншэу къагъэнакъым Хэку зауэшхуэм теухуауэ республикэм ит фэеплъ щIыпIэхэри. ЗыкIэлъыплъыжыпхъэу, зэгъэзэхуэжыпхъэу абыхэм яхэтыр мэлыжьыхьым и 20-м фIамыгъэкIыу зэтрагъэпсыхьынущ. «Мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэныкъуэщ щIалэгъуалэр хэкупсэу дгъэсэныр. Догугъу а Iуэхум зэгъэуIуауэ дыбгъэдыхьэным, щIэблэр абыкIэ къыдэтшэхын, къыдэтхьэхын папщIэ. Зауэ-хэкупсагъэм епхауэ дауэдапщи 100 едгъэкIуэкIыну дгъэнэIуащ.
А псоми, Iэмал зэриIэкIэ, Хэкур хъумэнымкIэ щIэблэхэм зэIэпах хабзэфIхэр къыхалъытэну салъэIуащ си лэжьэгъухэм: урысей къулыкъущIэхэм, зауэ операцэ хэхам хэту зи къулыкъу щезыхьэкI ди хэкуэгъухэм нэгъэсауэ къатепсэлъыхьыну.
Куэд елъытащ Къэрэшей-Черкесым щыпсэу дэтхэнэри а махуэщI дауэдапщэхэм къыхыхьэным, юбилей лъапӀэр гурэ псэкӀэ зыхащӀэу, я Хэкум и блэкӀа хьэлъэмрэ и нобэмрэ хэти зэрепхар къыгурыӀуэну дыхуейщ. Зы Ӏуэхугъуи ӀэхъуэгъуэтегъэкӀыу едгъэкӀуэкӀ хъунукъым. Ахэр псори щытыпхъэщ гу хуабагъкӀэ, хэкупсагъэкӀэ, ди Хэку уардэм и хуитыныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ щӀэзэуахэм яхудиӀэ гушхуэныгъэмкӀэ гъэнщӀауэ», — щӀигъужащ республикэм и Iэтащхьэм.
Зыгъэхьэзырар ЛЫХЬ Тимурщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.