Сабийхэр мафIэсым щыхъумэнымкIэ мыхьэнэ иIэщ щыцIыкIу дыдэм щыщIэдзауэ мафIэм и сэбэпымрэ зэрану къихьынкIэ хъунумрэ зэхагъэкIыфу гъэсэным. ПIалъэ-пIалъэкIэ ар сабийхэм ягу къэдгъэкIыжмэ, абы уриджэгуныр зэрышынагъуэр нэхъыфIу зыхаубыдэнут, мафIэсхэм я бжыгъэри нэхъ мащIэ хъунут.
Ауэ, мыпхуэдэ Iуэхухэр цIыкIухэм янэпхьэсыныр, ар къагурыбгъэIуэныр къызэрыгуэкIкъым. Арами, Зеикъуэ къуажэм дэт «Вагъуэ цIыкIу» сабий IыгъыпIэм и гъэсакIуэ Борэныкъуэ Заирэ ар хузэфIэкIауэ жыпIэ хъунущ «Фысакъ, мафIэ!» дерс зэIухар щригъэкIуэкIам.
Сабий IыгъыпIэм «Нарт» зи фIэщыгъэцIэ нэхъыщIэ гупым хэс цIыкIухэм а дерсыр гъэщIэгъуэн дыдэ ящыхъуащ. ГъэсакIуэм а махуэм къиIэта псалъэмакъыр цIыкIухэм нэхъ зыхаубыдэн папщIэ, Iэмал зыбжанэ къигъэсэбэпащ — джэгукIэхэр, теплъэгъуэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр, усэхэр, уэрэдхэр.
МафIэм хуабагъэ къызэрыдитым, шхыныгъуэхэр зэрыдигъэупщэфIым къыдэкIуэу, абы ухуэмысакъмэ мафIэс зэрыхъуфынур сурэтхэмкIи, джэгукIэ IэмалхэмкIи гъэсакIуэм наIуэ яхуищIащ.
КъызыфIагъэщI мафIэ къэлыбар ягъэункIыфIу зрагъэсащ. Шынагъуэ къэхъукъащIэм деж япэу ящIэн хуейри, мафIэс къулыкъум зэрызыхуагъэзэнури ирагъэлъэгъуащ. Сабийхэм нэхъ гъэщIэгъуэныж ящыхъуащ а махуэм мафIэс къулыкъум и лэжьакIуэхэри къазэрыхуеблэгъар. Ахэр сабий IыгъыпIэм и лъэIукIэ къэкIуат, мафIэсым зэрыпэщIэтыр я щхьэкIэ къаIуэтэну, езы сабийхэми сурэтхэм щалъагъу лIыхъужьхэр дэ зэрытщыщыр зыхрагъэщIэну. Дерсыр зэрызыхаубыдар щIагъэбыдэжу сабийхэм мафIэм ехьэлIа къуажэхьхэр, упщIэхэр иратати, жыджэру абыхэм я жэуапхэр къратыжащ. МафIэс къулыкъум и лэжьакIуэхэм цIыкIухэм я гурыхуагъым, хахуагъым папщIэ медалхэр иратащ.
МафIэсым дыщызыхъумэ лIыхъужьхэм ящIыгъуу сурэти зытрахащ.
ИужькIэ, цIыкIухэр иджыри зы къэхъукъащIэ гъэщIэгъуэн хэплъащ — сабий IыгъыпIэм и пщIантIэм абыхэм къапэплъэт мафIэсгъэункIыфI автомашинэр. IэщIагъэрылажьэхэм машинэр къызэрызэгъэпэщар, зэрылажьэр цIыкIухэм яригъэлъэгъуащ. Апхуэдэу купщIафэу, гъэщIэгъуэну сабийхэм я зэманыр ягъэкIуащ. Сенычыр, электрическэ Iэмэпсымэхэр розеткэхэр зэрымыджэгукIэ Iэмалыр гъэсакIуэм нанухэм янихьэсыфащ.
Зыгъэхьэзырар АМИРОКЪУЭ Мадинэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.