Лыхьхэ я нанэ ГУАЩЭПАГУЭ

Унагъуэм нысащIэ къыщрашэкIэ ады­гэхэр ехъуэхъу хабзэщ: «Ущригъэбыдыхь! Лъэпкъым нанэжь ущихъухь!» жэуэ. Апхуэдэ хъуэхъур хьэкъыпIэкIэ зытехуа на­нэщ Хъумэрэ къуажэми, Лыхьхэ я лIакъуэми я нэхъыжьыфI хъуа Гуащэпагуэ. Иджыблагъэ абы игъэлъэпIащ и илъэс 90-р. И ныбжьымрэ къытезэрыгуа узыфэхэмрэ зытримыгъакIуэу нанэр ноби акъыл жа­ну, гушыIэр и щIасэу къыщIэхъуа щIэблэм ящхьэщытщ. ГъащIэ гъуэгуанэ кIыхь къызэзынэкIа нэхъыжьыфIым гукъэкIыжу иIэр мащIэкъым. «Си гъащIэр зэрекIуэкIар птхыжмэ, тхылъ Iувым пхуигъэхуэнкъым езыр», — жеIэ абы. Гуащэпагуэ зыхищIащ зауэ илъэсхэм техуа сабиигъуэ мытыншыр, гугъуехьхэр, хэщIыныгъэхэр. Арами, гуащIэдэкI хьэлэлкIэ, унагъуэ насыпкIэ, фIылъагъуныгъэкIэ и гъащIэр зэригъэнщIыным пылъащ.

Гуащэпагуэ къубинэдэс Хьэрэтокъуэхэ ящыщщ. И адэ Инус зауэм щыдашым, са­бий цIыкIуитI иIыгъыу и анэ Шашэ къэ­нащ. Тылым щыIэхэми къалэнышхуэ къазэрыхуэувым къыхэкIыу, сабиитIыр и дыщымкIэ хуаIыгъ зэпытт. Нобэр къыздэ­сым и гум IэфIу илъщ Гуащэпагуэ и анэшым — Али-Бэрдыкъуэ къуажэм Пхъэшхэ я унагъуэм щигъэкIуа зэманыр. ЦIыхухъуу хъуар зауэм Iухьати, и анэшхуэмрэ и анэ шыпхъухэмрэ зэрахузэфIэкIкIэ къы­теубгъуауэ зэрыщытари щыгъупщэкъым. Зауэр иухри Гуащэпагуэ и адэри и унэ къихьэжащ. ГуфIэгъуэшхуэт унагъуэмкIэ а махуэр. IупщI дыдэу ецIыхуж зауэлI фа­щэкIэ хуэпа и адэр и анэм щIыгъуу анэш пщIантIэм къыщыдыхьар. Сабиигур зэщIэзубыда гуфIэгъуэр къыпхуэмыIуэтэну инт. ТекIуэныгъэм гуфIэгъуэ къыздихьа­ми, абы цIыхубэм и гур ириудагъащIэт, уIэгъэу къытехуахэри иджыри кIыжатэкъым.

Фашистыдзэм зэхикъутар къэIэтыжын хуейти, гугъапIэ нэхухэр яIэу Индрисрэ Шашэрэ гъащIэщIэ ухуэным зратащ. Я сабий нэхъыжьхэр еджапIэм кIуагъэххэт. А тIум къакIэлъыкIуэуи щIэблитI къащIэхъуат (жагъуэ зэрыхъущи, зыр сабий цIынэу яфIэкIуэдыжащ), ауэ зауэм къела и адэм, зэман куэд дэмыкIыу, кIэтIий нэ­фыр къыщыхьэри, игъуэнэмысу, и къару илъыгъуэу дунейм ехыжащ.

Зым и сабиигъуэри тыншауэ пхужыIэ­нукъым зауэнэужь лъэхъэнэм. Зауэмрэ абы къыдэкIуа гугъуехьымрэ ахэр щIэх дыдэ балигъ ищIащ. Гуащэпагуэ ещанэ классым хэст и ныбжьэгъухэм ящIыгъуу губгъуэм щихьам. Комбайным къыкIэрыхухэр къэзыщыпхэм яхэтт, и сабиягъым емылъытауэ, гъащIэм зригъэза щытыкIэ хьэлъэр къыгурыIуэ пэтми.

— Фызабэм сабиищ къыхуэнэри гугъу ехьащ. Шхыныр Iэслъэс дыдэт. Ди анэр колхозым щылажьэт, къихь щIагъуэ щыIэтэкъыми, быныр пIыгъуейт. Къэрэшейхэр ди щIыналъэм щрагъэкIа лъэхъэнэрат. Фызабэу къэна ди къуажэгъухэр гуп зэрыгъэхъуурэ, махуэ къэс къэрэ­шейхэм я губгъуэхэм ихьэт, Iуахыжа лэжьыгъэм щыщу щIым къытенар къызэщIакъуэу шхылэ ящIын папщIэ. А губгъуэхэм нэсыхун гъуэгушхуэ якIут. И нэхъы­бэм ягъуэтыр кIэртIоф фа, ныкъуэфхэрат. МафIэ къызэщIагъэстти хьэтыкъ щагъажьэт губгъуэм. Езыхэми ар яшхт, дэри дыхантэкъым. Махуэ псом къэт ди анэм къысхуихьынум сыпэплъэу куэбжэпэм сыIуст, — и сабиигъуэр зэрыкIуам теухуа гукъэкIыжхэмкIэ къыддогуашэ Гуащэпагуэ.

Гугъуехь куэди хьэзаби къызэринэкIащ зауэм халъхуа мы бзылъхугъэм. Хьэрэ-токъуэхэ я бынхэр тIэкIу къыщыдэкIуэ­тейм, анэм зыщIагъэкъуэф хъури, я гъа­щIэри нэхъ тынш хъужащ. Гуащэпагуэ губгъуэрылажьэхэм яхэтащ жану: мэкъу-Iэнащтэми, гъавэр Iухыжынми, пщIэнми…

Ауэрэ балигъыпIэ йоувэ хъыджэбзыр. Теплъэ зэкIуж зиIэ Гуащэпагуэ къыдихьэ-хыр куэд хъуами, ауи и нэгу къыщIигъы­хьэххэтэкъым унагъуэ ихьэну и ныбжь зэрынэсар. Апхуэдэу, Хъумэрэ дэс и унэ-къуэщхэм я деж хьэщIапIэ кIуауэ, зэры­мыщIэкIэ къэзылъэгъуа Лыхь Алий и нэIэ къытредзэ. ГъащIэм пхухихам уебэ­къуэфынт?! ИкIи, куэд темыкIыу, щIалэ фафIэм ехь игу дыхьа пщащэр. Апщыгъуэм хьэлъэзешэ машинэт зэрашэу щы­тар.

Мис апхуэдэу Гуащэпагуэ адыгэ къуа­жэжьым къыщохутэ. НысащIэр гъуэгу захуэ тезыгъэувэн гуащи иIэтэкъым, абы ищIыIужу и зы пщыкъуэр балигъ хъуа къудейт, и пщыпхъу цIыкIури анэншэу къэнати, дэтхэнэми гулъытэ янигъэсы­пхъэт. Нобэми ныжэбэми нанэм и гугъу ещI апщыгъуэм я гъунэгъуу псэуа бзылъхугъэ нэхъыжьхэм. Абыхэм я ущиехэмрэ я дэIэпыкъуныгъэхэмрэ къызэрыщхьэпар къыхегъэщ.

— Къуажэм зыми сыкъыщимыцIыхуу, зыкIэ сыщIалэ дыдэу, гуащэ зыщхьэщы­мытыж унагъуэм сыкъихьащ. Къалэн куэд дыди си пщэ къыдэхуат. Унагъуэшхуэр згъэшхэн, псы къэхьын, си пщыпхъур зыхуей хуэзгъэзэн хуейт… Ауэ апщыгъуэм гъунэгъу пэжхэм сахэхуащ, пхужыIэнукъым ахэр къызэрысхуэфIар. Пхъу хуэдэ япэ срагъэщт, унэгуащэным сыхуагъасэт. БлагъэкIэ, IыхьлыгъэкIэ нэщхъеягъуэ, гуфIэгъуэ къэхъуамэ, сыкъамыгъанэу сыздашэнут, сыкъэзымыцIыхухэм сыкъра­гъэцIыхунут, срагъэлъагъунут. ЕмыкIу къыуагъэхьынутэкъым. Си псэм хуэсхь фызхэт Лъэпсырокъуэхэ Хьэбэхунэрэ Къэралрэ, Ещэр Дадий сымэ, — фIыщIэ яхуищIу игу къегъэкIыж и гъунэгъуфIу къыкъуэтахэр.

Абыхэм я ущиер, зыхэзубыда Гуащэпагуэ Лыхьхэ нэрыбгэ яхуэхъуауэ, пщIэ­рэ щIыхьрэ къыхуащIу мэпсэу. И щхьэгъусэ Алии дэIэпыкъуэгъу зыдэбгъуэт адыгэлI нэсхэм яхуэдэти, унагъуэм беры­чэтыр ену илъащ. Зэщхьэгъусэхэм сабииплI зэдапIащ.Колхозхэм блэжьын щыкуэдти, ар заулрэ щытащ жэмышуи, жэгундэгъэкIыуи, нэгъуэщI мэкъумэш лэжьыгъэхэми пэ­рытащ. Лыхьхэ я нанэм къыхегъэщ, зэман хьэлъэхэм сыт хуэдэ гугъуехь щымыIами, цIыхухэр зэхуэIэфIу, хабзэрэ нэмысрэ яку дэлъу зэрыпсэуар. Лъэпкъ хабзэр ткIий­уэ нобэ куэдым къащыхъункIи мэхъу, ауэ абы и щIалэгъуэр зыдигъэкIуахэм зэху­щытыкIэфIхэр яку дэлъауэщ къызэрилъытэр. Гуащэпагуэ унагъуэ ихьэри и пщыжьыр жьы дыдэ хъуху ядэпсэуати, хабзэм къызэригъэувым хуэдэу, нэхъыжьым епсэлъэну и напэ къыхуегъэкIуа­къым. Апхуэдэ къабзэу епсалъэтэкъым хадэкIэ къыпылъу псэу и пщыкъуэ нэхъыжьми.

— Хабзэшхуэ зетхьэу щытащ. Си щхьэгъусэми сэри зэи цIыхум зэщIыгъуу зед­гъэлъэгъуакъым. Хьэблэм дыщызэпэщIэ­хуэкIэ, лъэныкъуэ зырыз дыубыдурэ дызэблэкIт. Иджы щыIэхэм а хабзэ дахэхэр зэрахьэжкъым. Хабзэр цIыхубэм хыумыхьэмэ, утыку узэрит зэпытри, мылъкушхуэ ббгъэдэлъри зыми ищIыскъым.

Бжыгъэрэ лъэсуи, шыгукIи гъуэгуанэ къызэпытчурэ хьэщIапIэ дызэхуэкIуэт. Иджы машинэ щыIэ пэтрэ, цIыхухэр зэ­рымылъагъуж, зэщIэмыупщIэж хъуащ, — къыджеIэ нанэм иджырей гъащIэм и щы-щIагъэхэр игу къеуэу.

НэгъуэщI щIыпIэ щыпсэуныр зи пщIыхьэпIэ къыхэзымыгъахуэу щыта Гуащэпагуэ, нобэ Хъумэрэ къуажэм и жьантIэдэсхэм ящыщ зыщ. Абы и унагъуэкIи, и лэжьыгъэкIи, и цIыху щIыкIэкIи къуа­жэгъу къыхуэхъуахэм пщIэ зыхуригъэщIыфащ. ГъерэтыфIэу, берычэту, и Iэнэгур зэIухауэ нанэр зэрыпсэум хэти щыгъуазэщ.

Жагъуэ зэрыхъущи, нанэр бын гукъе­уэми хэплъэныр и натIэ хъуащ. И къуэ нэхъыжь Равил, зэтIолъхуэныкъуэхэу ТIэ-хиррэ Зухрарэ пасэу дунейм ехыжащ, щIэблэ хъарзынэхэр къащIэнэри. Нобэ нанэм и жьыщхьэр хуагъэдахэ ипхъу нэхъыщIэ Фатимэрэ (Томэ) и къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэ.

Томэ и анэм и махуэхэр зэригъакIуэм и гугъу щищIым къыхигъэщащ абы сыт щыгъуи тхылъ, газет еджэныр фIэфI ды­дэу зэрыщытыр. ГъэщIэгъуэнракъэ, езыр абазэ лъэпкъым къыхэкIа щхьэкIэ, нэхъыфIу зэреджэфри зэрыпсэлъэфри адыгэбзэщ… Гуащэпагуэ къигъэщIа илъэс бгъу­щIым гуфIэгъуэу, гум уIэгъэ къытезынэ Iуэхугъуэу куэд игъэунэхуащ. Нобэ ар ныбжь дахэм нэсами, и акъылыр зэры­жанщ, зэресауэ, и бжэщхьэIу къытехьэм хуэгуапэщ. Езыми и бынхэм, и къуэрылъхупхъурылъхухэм я гулъытэ зэрыщамыгъащIэм и гъащIэр нэхъ дахэрэ нэхурэ ещI. Дэри абы хъуэхъукIэ зыхуэдгъэзэну дыхуейт и щIэблэр и жьауэм щIэту, узын­шагъэ быдэ иIэу илъэс куэдкIэ псэуну!

БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *