1941-1945 гъэхэм екІуэкІа Хэку зауэшхуэр зи нэгу щІэкІахэр, жагъуэ зэрыхъущи, нобэ къытхэтыжкъым, къызэрымыкІуэу кІащхъэщ ветеранхэм я сатырхэри. Апхуэдэу щыхъуакІэ, блэкІа зауэжьым теухуауэ къыджезыІэжын зиІэм ицІыхуж псори къыпытхын хуейщ, ар — ди адэжьхэм я гъащІэр зыщІата дэ, иджырей щІэблэм, ди къалэнщ. Апхуэдэ къалэныр щызу къыгурыІуэу, «Черкес хэку» газетым лэжьыгъэ хэха ирегъэкІуэкІ, даІуощІэ щІэблэ хахуэм къыщІэна и бынхэм.

Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щопсэу Щохъужь Катя. Ар Хъумэрэ ЦІыкІу къуажэм дэса, Хэку зауэшхуэм хэта ЛІымаху Ибрэхьим ипхъущ. Катя зэрыжиІэжымкІэ, езыр ныбэ илъу и адэр зауэм дэкІауэ щытащ. Ар зауэм хэлІыфІыхьащ, уІэгъэ хьэлъи хъуауэ къуажэм къыдыхьэжри, къуажэ Советым щылэжьащ, мэкъумэшым, жылагъуэ гъащІэм гуащІэфІ хуигъэтІылъащ.
КъинэмыщІауэ, Катя и адэ къуэш ЛІымаху Муси Хэку зауэшхуэм хэтащ икІи зэгуэрми а тІур зэкІэричкъым, зэщІыгъуу игу къегъэкІыж, зэгъусэу я цІэ иреІуэ. Катя зэгуэрми щыгъупщэкъым я унагъуэр цІыху кІуапІэу, и адэм къыдэзэуахэр къыщІэупщІэ, къыхуэкІуэ зэпыту зэрыщытар, адэмрэ адэ къуэшымрэ ТекІуэныгъэм и махуэщІхэр ягъэбжьыфІэу зэ-рыхэтар. Ауэрэ гукъэкІыжхэр къызэрыдохьей икІи абыхэм я зы щыхьэт газет тхыгъэ къыхэбзыкІар къещтэ.
— Мыр щытрадзауэ щыта гъэр сцІыхужкъым, «Ленинское знамя», иджы «День республики» газетращ зытетар. ИкъукІэ ди гуапэу си анэми, бынми къыддекІуэкІащ мы тхыгъэри, адыгэбзэкІэ къыдэкІ газетым тридзахэри. Мы тхы-гъэр газетым къыхуитхауэ щытат ди адэм къыдэзэуа, къэзылъыхъуэж зауэлІым, — и нэпсхэр къыфІокІуэ гукъэ-кІыжхэм ягъэгумэщІа Катя.
Дэри а дакъикъэхэм псалъэмакъ етшэжьэныр тфІэлейуэ, ди пащхьэ кърилъхьа газет тхыгъэ такъырым гулъытэр идогъэз. Ар письмощ, къыздратхыкІар Харьков областым хыхьэ Чугуев къалэращ, къэзытхар гвардием и лейтенант Зинченко А. Пэжыр жыпІэмэ, ЛІымахум и зауэ гъуэгуанэр къедмытхэкІыжми, мы письмо кІапэм ар къызыхуэтыншэу къыхощыж, адыгэлІым и лІыгъэри къегъэнаІуэ.
«… 1053-нэ фочауэ полкым Ростов-Харьков гъуэгур иубыдри, къалэм и 1ипщэ лъэныкъуэмкІэ къекІуэлІащ. ЛІымахуми, абы щІыгъу зауэлІхэми унафэ къыхуагъэуват: зэпэщІэтыныгъэм зыхуагъэхьэзырыну, дэтхэнэми зыкъитІыхьыну. Апщыгъуэми ихъуреягъыр шэдыпсщ. Ауэ, сыт пщІэн: унафэр унафэщ!
Иджы дыдэт ЛІымахум Украинэм зыщимыгъэнщІу щыщытар: и цІыху жумартхэм, и щІыгулъхэм, губгъуэ бэвылъэхэм гу ящихуэтэкъым. Иджы, мис, гуэдзыр кърахьэлІэжын хущІыхьакъым, хьэцэпэцэр щызэщІэрыуа губгъуэхэм сырымэр кърех. Ихъуреягъыр мафІэ лыгъейщ, мафІэсым лъэрыщІыкІ ещІ и гъуэгум къыщыпэщІэхуэр…
ЩІыгум телажьэу еса ЛІымахур егугъут Іуэхум. АтІэ, щІыгу дапщэ абы и ІэхэмкІэ зэрагъэзэкІар, къатІар. Ахэр мывалъэт, хьэлъэт, быдэт. Украинэ щІыгур нэгъуэщІщ: ар хъуэпсэгъуэу щабэщ, щІыгулъщ, фІыцІэщ, лэжьыгъэ щыпщІэн мыхъумэ хуэмейуэ. Ауэ, неІэмал.
— Е-ей махуэ, мы щІыгу хъарзынэм мыпхуэдэт хуэфащэр?! Гуэдзыр щыуфафэу щыдгъэкІыным ипІэ- кІэ ятІагъуэ лъабжьэм щІыгу берычэтыр идогъэхь, щІытІхэм я фІыцІагъэкІэ щІыдохъумэ, — хьэлъэу хэщэтыкІыурэ и щхьэм хужиІэт Ибрэхьим.
ЕужьэрэкІт ЛІымахур. АтІэ, ар сэлэт къудейтэ-къым, икІи коммунистт, икІи политзауэлІти, псоми я щапхъэу щытын хуейт. Ардыдэт къыжриІар дивизэм и комиссар Балаки-ревми, ІэнатІэм щытригъыхьэм. ИкІи ЛІымахур зэгуэрми, зыщІыпІи щепцІыжакъым кърагъэза дзыхьым: биишэм зыщидзеякъым, шынакъым, бийм ебгъэрыкІуэн хъуамэ — псом япэ зыкъиІэтти ежьэт, къикІуэтын хъуамэ — псом яужь къинэт…
Полкым и щытыпІэм пщэдджыжьым бийр къебгъэрыкІуэн щІидзащ. Шэдхэм гъуахъуэу къыхэпщт нэмыцэ танкхэр, абыхэм кІэщІу я ужьым иту къакІуэт лъэсыдзэр. Сыти япщІэнт, атІэ — абыхэм Ищхъэрэ Донецкыр зыІэра-гъыхьэныр лІыгъэилъхьэпІэ къалэну къыхуагъэувати, ягъэзэщІэн хуейт.
Къэсыным иджыри куэд иІэт, нэмыцэхэм автоматышэхэр къагъэлъэлъэн щыщІадзам.
— Дагъэшынэну хэтщ. Езыхэр зэрышынэр я фоча гъуэгуруэ макъхэмкІэ щІахъумэ. Фи фочхэр фІыуэ ятевмы-гъэпсыхьауэ фымыуэ. Ар нэхъыщхьэщ, — и макъым зы пІейтеиныгъи къыхимыгъахуэу сэлэтхэм яжриІащ ЛІымахум.
Абы кІэлъыкІуэу, нэмыцэ офицеру езым зыхуигъэфэщам тригъэпсыхьри, хиукІыкІащ. Ди фочауэ макъым кІэлъыкІуэу, нэрылъагъуу кІащхъэ хъуащ бийм и зауэлІ сатырхэр, икІуэтащ къэнар.
Зэхэуэ нэужьым ЛІымахум къыбгъэдыхьащ ротэм и политрук Иваницкэр.
— Афэрым, Ибрэхьим. Си нэкІэ слъэгъуащ нэмыцэ офицерищ зэрыбукІар. Уи лІыгъэхэм теухуа листовкэ къыдэдгъэкІащ, уи хэку цІыкІуми яхуэттхынущ хахуэу узэрызауэр, — жиІащ абы.
А псалъэхэм Іэнкун ящІа Ибрэхьими: «ЛІыгъэшхуэ сщІакъым. Псоми сахуэдэщи, фочыр согъауэ, созауэ», — жеІэ.
Политрукым ЛІымахум и лІыгъэхэм теухуа письмо и хэку цІыкІум къитхыну жиІами, хущІыхьакъым. КъыкІэлъыкІуэ ебгъэрыкІуэныгъэ зэхэуэм щыхэкІуэдащ.
Зэгуэр ЛІымаху Ибрэхьим Полтавщинэм щыщ сэлэтыр къыбгъэдыхьэри къеупщІащ:
— Дэнэ апхуэдиз къару къыздипхыр? Сэлэту укъалъхуами ерагът.
— Хэкум и пащхьэ къалэн щызиІэщ, къыбгурыІуэрэ. НэгъуэщІу хъунукъым, — жэуап иритыжащ ЛІымахум.
Взводым и командир, лейтенант Безручко махуэ гуэрым Ибрэхьим унафэ къыхуищІащ.
— ЛІымаху, плъыракІуэ-хъумакІуэ укІуэнущ. Уэ узыхуейр къыхэх, нэрыбги 4 хуэдиз. Мес, мо лъагапІэм фекІуалІэ, абы тет танк къутам и лъабжьэм зыщывгъэбыди фыщыплъыр, — къыжриІащ командирым.
Апхуэдэуи ящІащ. Жэщщ. Зыми и нэбдзыпэ зэтехьэ-къым, зэхэуэ щыІэнкІэ зэрыхъунум егъэпІейтей гупыр. Нэхущэм, пшагъуэ зэхэтым къыхалъагъукІ зэхэзекІуэ гуэр. Хэплъапэмэ: нэмыцэ 30-м нэс къахуокІуэ. «Бзэгу яхьыну къе-жьащ» — къыгурыІуащ Иб-рэхьим. И гупсысэр щІагъэбыдэжу, къэІуащ: «Рус, плен двай. Водка много кушай, домой, нах хауз, будем отпускайт…» — и макъыр иритхъыу гуоут зы фашистыр. Ар адыгэлІ пхъашэм хуэшэчынт: «Игу ихауэ гуоур сысейщ. Адрейхэр фэ фи Іыхьэщ», — яжриІащ и гъусэхэм. Къытригъэзэжу гуоун щІэзыдза фашистым и псалъэхэр зэпиудащ ЛІымахум и фочауэ макъым икІи къригъэжьар нримыгъэгъэсу, нэмыцэжьым ажалыр къыхуихьащ. Адрейхэри армууакъым: заул хаукІыкІащ, къэнэжари щІэпхъуэжащ.
ЩІымахуэу ЛІымахур дивизэм и штабым ираджащ. Нэсыхун куэдым егупсысащ, щІраджар къыгурымыІуэу. Иужьым гуапэу игъэщІэгъуащ. АтІэ, щІраджар арати, «За отвагу» медалыр абдеж къыщыхуагъэфащэ. Ар ЛІымахум зауэм къыщихьа зауэлІ нагъыщэхэм языхэз хъуащ.
Мы псори къыщыхъуар зауэм ипэ дыдэхэращ. иужькІэ ди гъуэгухэр зэхэкІри, дызэфІэкІуэдащ политзауэлІ ЛІымаху Ибрэхьимрэ сэрэ. Дэнэ щыІэ ар? Псэу? И гъунэгъу, и унагъуэ, и Іыхьлы — фцІыхуІамэ, хъыбар къызэвгъащІэ», — жэуэ итщ письмом. Гуапэ зэрыхъуну зэрыгъуэтыжащ зауэлІхэр.
НэгъуэщІ зы хъыбари. Абыи къегъэлъагъуэ зауэр лІыгъэ гъэлъэгъуапІэ, хэкупсагъэм и псыхьыпІэ хъуам къыщымынэу, цІыхубэр, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкІахэр зэзыпха тхыдэ къэхъукъащІэ зэрыхъуар. Адыгэ щIалэ ЛІымаху Ибрэхьимрэ осетин лъэпкъым къыхэкIа Баликоев Келерэ я унагъуэхэм игъащІэ псом зэкІэлъыкІуэу къахьащ. Ари зэрыхъуар мыращ. Ибрэхьим уІэгъэ хьэлъэ телъми, ар иджыри зэрымыкІыжами емыплъу, госпиталым къафІыщІэкІыжащ, уІэгъэ хъуа зауэлІ куэд къыщашэм.
Ибрэхьими, нэгъуэщІ сэлэтхэри зэрыс машинэр къуажэбгъум къыщыувы-Іэм, ЛІымахури къикІащ. АрщхьэкІэ, лъэбакъуэ зытІущ нэхъ имычу джэлащ. Къуажэбгъум щылъ сэлэтым и хъыбар зэхэзыха осетинхэр къызэхуэсащ, хэти зыщыщ щІоупщІэ, хэти къызыхэкІа лъэпкъыр зригъэщІэну хуейщ. Зыми щІэмыупщІэу, щІэупщІахэри игъэукІытэжу зы осетин лІыр къахэпсалъэри жиІащ а упщІэхэр зэрылейр, хэт, дэнэ щыщми сэлэтыр — я хъумакІуэу, иджы езыр къэзыхъумэн хуэныкъуэу Іуэхур зэрыщытыр. Абы тетуи, Ибрэхьим иІэтри, и унагъуэм ихьащ. Махуи 120-кІэ щыІащ ар Баликоев Келе и унагъуэм. Зауэ илъэсхэм дэтхэнэ унагъуэри ерыскъыкІи, сыт и лъэныкъуэкІи Іэслъэсу зэрыщытам хуэдэт Баликоевхи. Абы и гущІыІужу, Ибрэхьим и уІэгъэм е екІуэжауэ, и Іуэхур хьэлъэ дыдэт. Нэмыцэри къуажэм къынэсыпати, Келе и унагъуэм совет сэлэт зэрыщихъумэр къащІэмэ псори унэхъужат. Дауэ мыхъуами, осетин унагъуэр икІуэтакъым. Абы къыщымынэу, жылэм щыпсэухэми я нэхэр яуфІыцІащ, я бзэхэр ядащ. Уеблэмэ, осетинылІым адыгэлІым къыжриІащ фІэ-кІуэда и къуэ закъуэм и фэеплъу къуэ зэрищІар. Мы Іуэхум фигу къигъэкІкъэ беслъэнейдэсхэм Ленинград сабийхэр зэрахъумар?! СыткІи жумыІэнрэ: цІыхугъэм лъэпкъ зэхэдз ищІкъым, тхьэмыщкІагъэр къэралым къыщылъэІэсым псори зы анэм — Хэкум и бынщи, зэрылъху-зэрыпІу зэкъуоувэ.
ЛІымаху Ибрэхьим уІэгъэ хьэлъэ хъуа нэужь, мызэуэжыфу, комиссовать къащІри, и лъакъуэм биишэ къутахуэри зэрыхэлъу и хэкум къигъэзэжауэ щытащ. 1943 гъэм щегъэжьауэ, зы махуэ емытІысэхыу лэжьащ, мамыр гъащІэр зэ-фІэгъэувэжын фронтым псэ-емыблэжу Іутащ. И щхьэгъусэ Іэминатрэ езымрэ бын хъарзыний зэдапІати, дэтхэнэри анэ-адэм яхуэфэщэн цІыху хъуащ, адыгэ лъэпкъым и щІыхьыр я гуащІэкІэ, я дуней тетыкІэкІэ яІэтащ. Дунейм ехыжахэми я цІэ фІыкІэ щІылъэм къытранащ.
АдыгэлІ хахуэм и лъыр зыщІэту къэтэджа щІэблэр дадэжьым хуэфэщэнщ. Апхуэдэщи, Ибрэхьим къыщІэхъуэжа щІэблэ зыбжанэм ящыщ Мусэ лІыгъэрэ гуеигъэрэ къигъэлъагъуэу СВО-р зэрыщІидзэрэ хэтщ, и лІыгъэм хуэфэщэн нагъыщэхэр и мащІэкъым. Хэт ищІэрэ ахърэт хабзэр, ауэ зыгуэр щыІэххэмэ, ЛІымаху Ибрэхьим и псэр арэзыуэ къыщІэкІынщ. АтІэ, Хэкум иІэщ зауэжьым зи гъащІэ щІэзыта и быным яхуэфэщэн щІэблэщІэ! Абы и щыхьэт наІуэщ СВО-м хэт ди зауэлІ хахуэхэр. АтІэ, зауэ жыжьэм сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкІари зэришалІэри, нэмыцэм пэщІэтащ: украинри, урысри, адыгэри… Иджы сыт къэхъуар, сыт щІызэмызэгъыжыр украин нацистхэр, сыт я фэм имыхуэр? Хьэмэрэ, ящыгъупщэжа я адэжьхэр, дадэжьхэр, абыхэм ябгъурыту къадэзэуахэр?! Хьэмэрэ, езыхэм хэщІыныгъэ а зауэ дыджым къахуимыхьауэ ара? Тобэ, атІэ, зауэ илъэс жыжьэхэм щыІа цІыхугъэ лъагэр дэнэ кІуэжа иджы?! ЩІылъэри зэрыщІылъэщ, уафэри зэрыуафэщ. ЗэрыхъумкІэ, зызыхъуэжар цІыхум и акъылщ, и гупсысэщ. Дыгугъэнщ зи акъыл зыщхьэщыкІа зауэ-щІэкъухэм зыкъащІэжыну, ди ТекІуэныгъэшхуэм хуэфэщэн пщІэ дэнэкІи щигъуэтыну!
ТУАРШЫ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.