Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт, зи № 2 курыт еджапIэм хэкупсагъэкIэ гъэнщIа дауэдапщэ мы махуэхэм щекIуэкIащ. ЕджапIэр хыхьащ «Парта Героя» фIэщыгъэцIэр зезыхьэ Урысейпсо егъэджэныгъэ проектым. А Iуэхугъуэр гуфIэгъуэ зэхыхьэкIэ щагъэлъэпIащ мы еджапIэм щылажьэхэми, щеджэхэми, зэIущIэм кърагъэблэгъа хьэщIэхэми.


— ФIэхъус гуапэкIэ зыфхудогъазэ ди хьэщIэ лъапIэхэ, егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ! Нобэ ди еджапIэм щекIуэкI Iуэхугъуэм икъукIэ дызэщIеIэтэ, дегъэгушхуэ. АтIэ, дэ дыхохьэ къэралышхуэм щагъэзащIэ Урысейпсо егъэджэныгъэ проектым — «Парта Героя»-р ди еджапIэм къыщызэIутхыным. Ар дэркIэ къызэрымыкIуэ щIыхьщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Парта Героя»-р — ар еджакIуэ цIыкIур классым деж зыбгъэдэс Iэнэращ. Абы тещIыхьащ ЛIыхъужьым и сурэтыр, абы и гъащIэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ, хузэфIэкIам теухуа тхыгъэ кIэщIыр.
Апхуэдэ Iэнэм бгъэдэсыну хуитыныгъэр къэзылъэщыр еджэныгъэкIэ, еджапIэм и жылагъуэ IуэхухэмкIэ жыджэрхэращ, нэгъуэщIхэм щапхъэ яхуэхъухэращ, — мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ дерсыр иригъэжьащ Хутэ Артур. Мы еджапIэм къыщызэIуаха «ЛIыхъужьым и партэ»-м зи цIэ зэрихьэнур Али-Бэрдыкъуэ къуажэм и къуэ щыпкъэ, Афганистаным хэкIуэда КЪУЩХЬЭ Iэуес Мухьэдин и къуэращ. Апхуэдэ щIыхьыр а щIалэм къилъэщащ Хэкум хуиIа фIылъагъуныгъэ инымкIэ, хэлъа хэкупсагъэмкIэ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу къэралым и щIыхьыр зэрихъумам папщIэ. Мы дауэдапщэм хэтащ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Иуан Руслан, курыт еджапIэм и унафэщI Хутэ Сусаннэ, нэгъуэщIхэри. — Ди еджапIэри, къуажэри къулейщ и тхыдэмкIэ, имыгъэкIуэд хабзэхэмкIэ. ДиIэщ нэхугъэкIэ, гуфIэгъуэкIэ гъэнщIа и махуэхэри, гуауэмрэ хэщIыныгъэмрэ къыхуэзыхьахэри. Дэ, XXI лIыщIыгъуэм щыпсэу щIэблэм, зыщыдгъэгъупщэкъым, фIыщIэ къызэрымыкIуэ яхудощI къытхэт лIыхъужьхэм, я фэеплъыр дохъумэ зи гъащIэр Хэкум хуэзыгъэтIылъахэм. Жагъуэ зэрыхъущи, Хэку зауэшхуэр икIэ хъуакъым ди цIыхухэм мамыр псэукIэм щIэбэну я гъащIэр здыщагъэтIылъа. Абы къыкIэлъыкIуащ Афганистаныр, Шэшэн зауэр, иджы Украинэр… Ахэр хьэрф фIыцIэкIэ къэралым и тхыдэм хыхьащ, анэхэм я нэпсхэмкIэ гъэнщIа махуэхэу, илъэсхэу къыхэнащ… Хэкум и хъумакIуэм и щIыхьыр игъащIэкIи мыкIуэдыжын фэеплъу къонэ. Апхуэдэ зы фэеплъщ хабзэфI хъуауэ лIыхъужьым и цIэкIэ партэ къызэрызэIуахыр. Зыщыдгъэгъупщэну дыхуиткъым ди уафэр къабзэу, мамыру дыпсэуныр зи фIыщIэхэр, ноби я гъащIэрэ узыншагъэрэ емыблэжу дызыхъумэхэр, — къыхагъэщащ зэIущIэм къыщыпсэлъахэм.
КъыкIэлъыкIуэу, зэIущIэр къызэзыгъэпэща икIи езыгъэкIуэкIа, е 2-нэ АлиБэрдыкъуэ курыт еджапIэм ОБЗР-мкIэ и егъэджакIуэ Хутэ Артур щхьэихауэ къытепсэлъыхьащ партэ къызыхузэIуах лIыхъужьым и къекIуэкIыкIам. — Ди къуажэгъу щIалэ хахуэм – Къущхьэ Iэуес, дзэм къулыкъу щищIэну пIалъэр къынэсри, Ашхабад къалэм яшащ. Абы кIэщIу иужь иту Iэуес къыщыхутащ Афганистан Республикэм. Жагъуэ зэрыхъущи, 1981 гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 30-м щIалэр хьэдэгуузу зауэм хэкIуэдащ. Интернациональнэ пщэрылъхэр игъэзащIэу, лIыгъэрэ гуеигъэрэ къигъэлъагъуэу зи къулыкъу пщэрылъхэм хуэпэжа Къущхьэ Iэуес къыхуагъэфэщащ «Вагъуэ Плъыжь» орденыр (дунейм ехыжа нэужь), медаль бжыгъэ. Абы и цIэр къыхэуIукIащ Урысейм щыяпэ дыдэу Хьэбэз къуажэм щыдащIыхьа, Афганистаным хэкIуэда зауэлI-интернационалистхэм я фэеплъ сыным. Езыр къыздэхъуа, здыщапIа уэрамым лIыхъужьым и цIэр зэрехьэ, — жиIащ пшыхьыр езыгъэкIуэкIам. ЩIыхь зыхэлъ пщэрылъыр – лIыхъужьым и партэр къызэIухыныр къызэфIагъэкIащ Иуан Русланрэ Хутэ Артуррэ. Мы Iуэхум деж псом нэхърэ нэхъыщхьэжыр а партэм япэ дыдэ дагъэтIысхьэну зыхуагъэфащэ ныбжьыщIэхэрати, апхуэдэ пщIэр къалъэщауэ къыщIэкIащ е 5-нэ юнармейскэ классым и еджакIуэфIхэу Къущхьэхэ Алийрэ Алианэрэ. Зыгъэхьэзырар ЩОХЪУЖЬ Люсанэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.