Фэеплъымрэ гуауэмрэ я махуэм ирагъэхъулIэри, «Абыхэм ди хэгъуэгум и цIэр жыжьэ ягъэIуащ» щхьэщIэдзапIэм щIэту, Черкесск дэт еханэ курыт еджапIэм мы зэманым щылажьэ «Капитошкэ» гъэмахуэ лагерым щрагъэкIуэкIащ хэкупсагъэр зи лъабжьэ театр гъэлъэгъуэныгъэ.
ПэщIэдзэ, курыт классхэм хэс цIыкIухэм «лIыгъэм и сыхьэт» дерсыр къыхузэрагъэпэщащ икIи къыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсагъэ гъэсэныгъэм щIапIыкIкIэрэ, къулыкъущIэм къикIу гъуэгуанэ хьэлъэм щыгъуазэ ящIын папщIэ, зауэ операцэ хэхам и ветеран Пашанов Вячеслав дауэдапщэм къыхашащ. Ар еджакIуэхэм къахутепсэлъыхьащ Хэкур фIыуэ лъагъуным, абы хуэпэжынымрэ хахуагъэ зыхэгъэлъэнымрэ мыхьэнэуэ яIэм, къэралым ифI зыхэлъ Iуэхухэр ипэкIэ зыгъэкIуатэу къулыкъум щыIэ ди лъахэгъухэм яхыхьэну унафэ зыхуищIыжын хуей щIэхъуам.

ЗауэлI фащэ зыщыгъыу еджапIэм щыхьэщIа хъумакIуэм и бгъэм лыдыжу хэлъа ЛIыхъужьыгъэм и орденымрэ «Хахуагъэм папщIэ» медалымрэ сабийхэм яригъэлъэгъуащ, яжриIащ ахэр къэлъэщыным лъырэ нэпскIэ гъэнщIа уасэшхуэ зэрыщIитар. СВО-м и ветераным и гукъэкIыж нэщхъейхэр, къэрал лъэщым узэрыщыщыр зыхозыгъащIэхэр хуабжьу ягу дыхьащ лIыхъужьыгъэм и дерсым хэта еджакIуэхэми егъэджакIуэхэми. Сабийхэм хьэщIэ лъапIэр къагъэгугъащ фIыуэ еджэну, езым хуэдэу хэкупсэ нэсу, къэралым и къыщхьэщыжакIуэу къэтэджын папщIэ.
ЛЫХЬ Тимур
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.