«ЛIыхъужьыгъэ дерс»

Зеикъуэ курыт еджапIэм щызэхэтащ «ЛIыхъужьыгъэ дерс». Абы кърагъэблэгъащ зауэ операцэ хэхам хэта ПIАПIШУ Руслан. ЕджакIуэхэм я пащхьэм къыщыпсалъэм, абы гу лъитащ зауэ операцэ хэхам, хэкупсагъэм, Iыхьлыхэмрэ гъунэгъухэмрэ хъумэным яIэ мыхьэнэм, къулыкъу къыдэзыщIэхэм я хахуагъэм. ЕджакIуэхэм упщIэ куэд иратащ зауэлIым – зауэ операцэ хэхам хэтхэм я щыIэкIэ-псэукIэм, сэлэтхэм я Iэщэм, ягъэзащIэ зауэ къалэнхэм ятеухуауэ. Руслан абыхэм жэуап яритыжащ пэжым тету икIи щхьэихауэ. «ЛIыхъужьыгъэ дерсыр» екIуэкIащ гуапагъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я къэухьхэм иту. НыбжьыщIэхэм щапхъэ нэрылъагъумкIэ зыхащIащ хахуэхэр дэ къызэрытхэтыр, лIыхъужьыгъэр, Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр хэкупсэ цIыхумрэ Урысей Федерацэм и гражданинымрэ я щэну зэрыщытыр


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *