ЛIЫГЪЭР щIэблэкIэрэ зэIэпах

Хэку зауэшхуэр джэрпэджэжу ди тхьэкІумэхэм къиІуэм хуэдэщ зауэм хэтахэм, хэкІуэдахэм, хъыбарыншэ хъуахэм къащІэтэджа щІэблэм адэхэм, адэшхуэхэм, дадэжьхэм я фэеплъыр яхъумэу щыплъагъукІэ. Ар икІи гуапэщ икІи гур зыхузщ. Гуапэщ фэеплъыр зэрымыужьыхымкIэ, гуауэщ ар зытеухуа зауэлІхэр, Хэкум, лъэпкъым и къуэ хахуэхэр нобэ къызэрытхэмытыжымкIэ. Сыт пщІэн, атІэ, апхуэдэщ фэеплъым и къалэныр: ящымыгъэгъупщэн, зыхуэфащэм и пщІэр егъэгъуэтыжын!

ЖУМАЙ Хьисэ Батыр и къуэр 1895 гъэм къэхъуащ. Зауэр къыщежьа и гуащІэгъуэ дыдэм, 1941 гъэм, япэ сатырхэм яхэту дашахэм ящыщщ. Ипэхуным хьет жригъэІэу, псэемыблэжу бийм пэщІэтащ. 1942 гъэм и дыгъэгъазэм Хьисэ хъыбарыншэу кІуэдащ. Лъыхъуэныгъэ, щІэупщІэныгъэ лэжьыгъэ мащІэкъым лъэпкъым, жылагъуэм иригъэкІуэкІар, ауэ нобэр къыздэсым зыри къэхута хъуакъым, зауэлІым и лъэужьи къэунэхуакъым.
— Тхьэм игъэпсэу Хьэмыкъуэ Жаннэ, мащІэрэ къыддэлэжьакъым, къару куэди ирихьэлІащ ди адэшхуэр къигъуэтыжыным, ауэ…
КъуитІрэ пхъуиплІрэ къыхуэнащ пасэу зи щхьэгъусэр зыфІэкІуэда ди нанэм. Быным я нэхъыжьыр си адэрати, зауэм къыхэмыкІыжа и адэм и пІэм иуващ, унагъуэр зыхуэныкъуэ хуэгъэзэнри, къехьэлІэнри, къэлэжьынри пасэу къытегъэщІауэ. ЗэраІуэтэжымкІэ, ди адэшхуэр къарууфІэу, лІы зэкІуж дахэу щытащ. Езыр шууей бэлыхьт икІи шы зехуэныр фІы дыдэу илъагъу и ІуэхущІафэу псэуащ, — къыддогуашэ Жумай Хьисэ и къуэрылъху Гъуэщокъуэ Мадинэ.
Хьисэ хъыбарыншэу зауэ дыджым ихьами, и цІэр кІуэдакъым икІи зэгуэрми кІуэдынукъым къыщІэхъуа щІэблэ хъарзынэм и дуней тетыкІэм, и ІуэхущІафэхэм тепщІыхьмэ. И бынхэр лъэпкъым, жылагъуэм и цІыху щыпкъэу къызэрытэджам щапхъэ трахащ абыхэм къащІэхъуэжа бынхэм. Абыхэми дэтхэнэми и увыпІэ гъащІэм щиІыгъщ, щІэблэ хъарзыни къащІэтэджащ.
Хьэбэз къуажэм щыпсэу Гъуэщокъуэ Мадинэ къапщтэмэ, СВО-р къызэрежьэрэ и къуэ нэхъыжьыр хэтщ, офицерщ. ЩІалэм и цІэ итІуэну, дытетхыхьыну дыхуэпабгъэ щхьэкІэ, езым и зауэ къалэнхэмрэ пщэрылъхэмрэ апхуэдэщи, хэІущІыІу тщІы хъунукъым. Арами, ди гуапэщ къыхэдгъэщыну: адыгэ щІалэм и цІэ жаригъэІэу, и Іуэху зехьэкІэкІэ гулъытэ зыхуригъэщІу, зэуапІэм щыхахуэу, и нэІэм щІэтхэмкІэ гу щабэу, къэрал политикэр тыншу къыгурыІуэу, командованэм и щытхъу къилэжь зэпыту СВО-м хэтщ.
Зи унэ имыс, зи пІэ хуабэ имыгъуалъхьэ ди зауэлІхэм дэІэпыкъуныгъэ ягъэгъуэтын псапащІэ ІуэхухэмкІэ Мадинэ хуабжьу жумартщ. Абы къыщымынэу, и къуэрылъху цІыкІухэр ену щІегъэдэІу хахуагъэм, хэкупсагъэм я дерсхэм. Ахэр цІыкІухэм зэрызыхаубыдэр щынэрылъагъущ и къуэ нэхъыщІэм ипхъу цІыкІу Амилие деж. А шырращ сурэтым щыфлъагъур. Хэку зауэшхуэм хэта и дадэжьым и сурэтыр хуэсакъыпэу сабийм зэриубыдам гу лъыботэ. И дадэшхуэр зэгуэрми имылъэгъуами, а цІыкІум и пкъым хэтщ унагъуэм ис нэхъыжьхэм зыщІагъэдэІуа, Жумай Хьисэ и лІыгъэ, и шыфэлІыфэ хъыбархэр. И сабий акъыл цІыкІум иджыри тынш дыдэу хузэмыгъэзахуэми, ар зэрыгушхуэн Іуэхуу зэрыщытыр хьэкъыу зыхещІэ. Апхуэдэщ къызэрежьэр хэкупсэ, лъэпкъыпсэ гъэсэныгъэр езыри, ар зыхэлъращ Хэкум и цІыху щыпкъэ къызыхэкІыр. ЩІэблэкІэрэ зэІэпах зауэм и лІыхъужьхэм, Хэкум, лъахэм я тхыдэм и хъыбархэр.
Гу зылъытапхъэщи, Амилие цІыкІу зыщыпсэу уэрамми лІыгъэм и хуэмэбжьымэ къыщІихуащ: Хьэбэз къуажэм щыщ, Хэку зауэшхуэм хэта, нэмыцэм лыузыншэу яІэщІэкІуэда партизан хахуэ Лъыс Зурят и уэрамращ ар. Унагъуэм я куэбжэми кІэрылъщ адыгэм ипхъу хахуэм и сурэтыр. АтІэ, апхуэдиз щапхъэфІым къыщІэтаджэ щІэблэр пщэдей балигъ гъащІэм лъэ быдэкІэ, акъыл узыншэкІэ, ІуэхущІафэ щхьэпэкІэ зэрыхэувэным шэч хэлъкъым.
Узыншэ, насыпыфІэ ухъу, сабий! Аращ уи дадэжьыр зыщІэбэнар, уэ хуэдэ цІыкІухэм я пщэдейращ къэралыр зыхуэкІуэ ТекІуэныгъэ Иныр къыщІахьар!
ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *