ДУНЕЙПСО Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ Гупым и зичэзу зэIущIэ мэлыжьыхьым (апрелым) и 12-м Налшык къалэм щызэхэтащ. Зэхуэсым кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и власть къулыкъущIэхэр, ДАХ-м и Исполкомым хэтхэр – Адыгэ, Къэрэшей-Черкес, Ищхъэрэ Осетие — Алание республикэхэм щылажьэ лъэпкъ жылагъуэ организацэхэм, ХыIуфэIус шапсыгъхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Мэздэгу адыгэхэм, Европэм и Хасэхэм я лIыкIуэхэр.
КъинэмыщIауэ, онлайн IэмалкIэ зэIущIэм хэлэжьыхьащ Тыркум, Иорданием, Щамым, Израилым къабгъэдэкIыу
ГъэзэщIакIуэ Гупым хэтхэр.
Исполкомым и зэIущIэм къеблэгъащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэралкIуэцI политикэмкIэ, щIыпIэ самоуправленэ упщIэхэмкIэ и Управленэм и унафэщI Хьэсанэхэ Аслъэн, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ
проектхэмрэкIэ и министр Къурашын Анзор, КъБР-м и Парламентым, ДАХ-м и нэхъыжьхэм я Сове-тым, КъБГУ-м, щIэныгъэ жылагъуэм пщIэ зиIэ я лIыкIуэхэр.
Зэхуэсым кърихьэлIахэм ДАХ-м и президент Сэхъурокъуэ Хьэутий фIэхъус яриха, хъуэхъу гуапэкIэ дэтхэнэри къригъэблэгъа нэужь, мы илъэсыр къызэрихьэрэ, 2025 гъэм и мазищым къриубыдэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм илэжьа Iуэхухэр къызэщIикъуэжу, купщIэ хэлъу, щапхъэхэмкIэ нэрылъагъу ищIу къэпсэлъащ. Апхуэдэуи, жиIащ ГъэзэщIакIуэ Гупым хэт хэгъуэгу къэскIэ я мазищ лэжьыгъэр къызэщIэкъуэжауэ а организацэхэм я лIыкIуэхэм къызэрыIэрагъэхьари.
ГъэзэщIакIуэ Гупым хэтхэр щхьэихауэ зытепсэлъыхьахэм ящыщщ лъэпкъ жылагъуэ организацэхэр СВО-м хэтхэм, абыхэм я унагъуэхэм зэрызыщIагъакъуэм, абы къыдэкIуэуи, Хэкум и хъумакIуэм и Илъэсым, ТекIуэныгъэм и Илъэс 80 Махуэшхуэм яхьэлIа дауэдапщэхэм зэрыхэтынум; Щамым щыIэ ди лъэпкъэгъухэм псапащIэ дэIэпыкъуныгъэр ялъэгъэIэсыным, нобэ къэралыр зэрыт щытыкIэ хьэлъэр Iуэхум къыхилъытэкIэрэ; адыгэбзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ, лъэпкъыбэ егъэджэныгъэ акцэр — «Адыгэ Iуэрытхыр» къэпщытэжыным; Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 161-рэ зэрырикъум хуэгъэзауэ екIуэкIыну Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьыным; 2025 гъэр – къызэралъхурэ илъэс 95-рэ зэрырикъунум и щIыхькIэ, АР-м, КъЧР-м, КъБР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и Илъэсу гъэувыным;
сабийхэр, щIалэгъуалэр зыхэтыну «Лагерь соотечественников- 2025» узэщIыныгъэ — егъэджэныгъэ лагерыр къызэгъэпэщыным; Урысейм и ищхьэ еджапIэхэм хамэ къэралхэм щыIэ ди лъэпкъэгъухэр квотэкIэ щеджэнымкIэ
2025-2026 еджэгъуэ пIалъэхэм зэрыхыхьэн хуей упщIэхэм, нэгъуэщIхэми.
ДАХ-м и президентым и къэпсэлъэныгъэм пащэкIэрэ, хэгъуэгу къэскIэ лэжьыгъэр къызэгъэпэща зэрыхъум щхьэихауэ къытепсэлъыхьащ вице — президентхэу: Адыгэ Республикэм щызэхэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий, Шапсыгъ Хасэм и пашэ КIэкIыхъу Мэжид сымэ; «Хэку» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Дзэмыхь Къазболэт къытеувыIащ ТекIуэныгъэм и Илъэс 80-м ипкъ иту зэфIахыну яубзыхуа Iуэху гъунэжым, къыдагъэкIыну щIэныгъэ лэжьыгъэхэм; лъэпкъыбзэр хъумэнымкIэ ДАХ-м иригъэкIуэкI лэжьыгъэ уасэншэм къытепсэлъыхьащ Табыщ Муратрэ Щоджэн Iэминатрэ, адэкIэ а лэжьыгъэм зэрызрагъэужьыну я еплъыкIэхэри утыку кърахьащ.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.