КъЧР-м и Іэтащхьэ Темрезов Рэшид ІущІащ республикэм и Парламентым и вице-спикер, «Алашара» абазэ-абхъаз цІыхубэ Лъэпкъзэпх зэгухьэныгъэм и унафэщІ Ечзэч Муссэ. Хьэбалэ и къуэ Муссэ къытепсэлъыхьащ лъэпкъ щэнхабзэр, хабзэхэр, бзэр хъумэным, зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным хуэунэтІауэ «Алашара» зэгухьэныгъэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэм. Лъэныкъуэхэм къаІэта псалъэмакъыр нэхъыщхьэу зытеухуауэ щытар ТекІуэныгъэм и Илъэс 80-м хуэкІуэу власть къулыкъухэм, депутат къудамэм, «Алашара» жылагъуэ зэгухьэныгъэм я зэдэлэжьэныгъэращ, абы къызэщІрагъэубыдэну Іуэхугъуэхэращ.
Абы ипкъ иткІэрэ, мы гъэм хуагъэнэІуа къалэнхэм ящыщщ Урысейм и лІыхъужьхэм я цІэхэр нэхъри гъэІуным, я фэеплъыр хъумэным теухуа волонтер зэщІэхъееныгъэм зыщІэгъэкъуэныр. Илъэсым къриубыдэу къызэІуахынущ жылагъуэ утыкущІэхэр. Абыхэм щІалэгъуалэм хэкупсэ гъэсэныгъэ яхэлъхьэным теухуауэ щадэлэжьэнущ, ны бжьыщІэхэр нэхъри нэхъ гъунэгъу хуащІынущ къэралым и тхыдэм, дзэхэм, лІыхъужьхэм, ди зэманым хиубыда, СВО-м щыІэ зауэлІхэм, ветеранхэм я къекІуэкІыкІамрэ я лІыгъэмрэ. Хэгъуэгузэпх лэжьыгъэм и ІыхьэфІщ КъЧР-м къыщызэрагъэпэщыну ягъэкуэш гъэлъэгъуэныгъэр. Абы и утыкум кърахьэнущ урысей музейхэм я экспонатхэр. Депутатыр къытеувыІащ гъэлъэгъуэныгъэм зэрызыхуагъэхьэзырым, къыхигъэщащ абы Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэмкІэ мыхьэнэуэ иІэр, сыту жыпІэмэ ар щхьэпэнущ ди къэралым и тхыдэ-щэнхабзэ щІэин бейм зыщыгъэгъуэзэным.
КъинэмыщІауэ, «Алашара»-р зытелажьэ лъэныкъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къыхагъэщащ щІэблэкІэрэ зэІэпах щэнхабзэ фІыгъуэ уасэншэхэр жылагъуэ организацэхэм яхъумэнымкІэ зэфІах лэжьыгъэр. «Хьэбалэ и къуэ Муссэ фІыщІэ хузощІ республикэм и ЦІыхубэ ЗэІущІэм (Парламентым) щигъэтІылъ и гуащІэм, Къэрэшей-Черкесым, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зыужьыныгъэм хуищІ хэлъхьэныгъэфІым папщІэ, и узэщІакІуэ гуащІэдэкІым и цІэкІэ», — телеграм-каналым щитхащ ди хэгъуэгум и Іэтащхьэм.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.