Урысейм и Махуэм – мэкъуауэгъуэм и 12-м – Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид республикэм щыпсэу, лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ къыхэжаныкIахэм Урысей Федерацэм, ди хэгъуэгум я къэрал нагъыщэхэр яхуигъэфэщауэ щытащ. Гуапэ зэрыхъущи, а махуэм зи цIэ къраIуахэм яхэтщ ди лъэпкъэгъухэри. Апхуэдэщ Къэрэшей-Черкесым «щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» щIыхьыцIэ лъагэр зыхуагъэфэща, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм и унафэщI УНЭГЪЭС Зэмрэт Хъезыр и къуэр. Шэч хэмылъу, нагъыщэ лъагэр и щыхьэтщ адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэр къэгъэщIэрэщIэжыным, хъумэным, щIэблэм нэхьэсыным Зэмрэт хуищI хэлъхьэныгъэ иным. Апхуэдэ щхьэусыгъуэфIыр и лъабжьэу, Зэмрэт и гуащIэдэкI лэжьыгъэр нэхъ гъунэгъуу ди щIэджыкIакIуэхэм ядгъэцIыхумэ тфIэигъуэщ.
Унэгъэс Зэмрэт 1983 гъэм гъатхэпэм и 15-м Али-Бэрдыкъуэ къуажэм къыщыхъуащ. Гъуазджэм, макъамэм, къафэм щIалэ цIыкIум фIылъагъуныгъэ хуиIэти, къуажэр зэрыпагэ «Сэтэней» къэфакIуэ гупым ар зэрыцIыкIурэ хэтт. ИкIи курыт еджапIэр къыщиухым ирихьэлIэу, быдэу триубыдат къафэр зи лъабжьэ ищхьэ еджапIэ щIыхьэну. Абы трагъэгушхуэт и къэфэкIэр, гъуазджэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэр зылъагъу, клубым щылажьэ, сабийр зэрыцIыкIурэ зи нэIэм щIэтахэм ящыщ Иуан Нурий, ЛIымахухэ Анатолэрэ Зэрылэрэ.
Апхуэдэуи Зэмрэт Налшык къалэм дэт гъуазджэхэмкIэ Ищхъэрэ-Кавказ къэрал институтыр къыхихащ. Ауэ къафэм хэхауэ тегъэпсыхьа къудамэ ямыIэу къыщIэкIащ. Апхуэдэу щыхъум, Зэмрэт Черкесск къалэм дэт, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ училищэм триубыдащ: экзаменхэр тыншу итри, къуажэм къэкIуэжащ. А пIалъэм ирихьэлIэу къуажэм къеблэгъат адыгэ драмэ театрым и унафэщI Абдокъуэ Маталио. Абырэ щэнхабзэмкIэ Унэм и художественнэ унафэщIу щыта Къущхьэ Дунятрэ Зэмрэт къраIуэтылIащ адыгэ труппэ ищхьэ еджапIэм щрагъэджэну зэрызэхашэр.
ЩIалэм ищхьэ еджапIэкIэ хуэхъуапсэ егъэджакIуэхэми, адэ-анэми абы трагъэгушхуэри, 2000-2004 гъэхэм къриубыдэу Зэмрэт гъуазджэхэмкIэ Ищхъэрэ-Кавказ къэрал институтым хыхьэ «актёрское мастерство» къудамэм щеджащ. Ищхьэ щIэныгъэр щызыIэригъыхьэм, щIалэм зэуэ и хэку цIыкIум фIэфIу къигъэзэжащ, ди театрми илъэситIкIэ актёру щылэжьащ. 2005 гъэм Зэмрэт бгъэдэлъ зэчий зэмыфэгъухэм нэгъуэщI кIуэрабгъуи къахуэунэхуащ. Апхуэдэу, Унэгъэсым щэнхабзэмкIэ Унэм и художественнэ унафэщIу Али-Бэрдыкъуэ деж лэжьэн щыщIидзащ. А лэжьыгъэм тезыгъэгушхуауэ щытари щэнхабзэм хуэлажьэ ЛIымаху Азэмэтт. Куэд дэмыкIыу Зэмрэт дзэм къулыкъу щищIэну ираджэри, Московскэ областым илъэскIэ щыIащ. Ар къыщызэфIигъэкIым, и лэжьыгъэм пэрыувэжащ. ИкIи 2009 гъэм Унэгъэсым лъэпкъым, щэнхабзэм яхуиIэ фIылъагъуныгъэр къыхалъытэкIэрэ, щэнхабзэмкIэ Унэм и унафэщIу трагъэхьащ. Абы лъандэрэ Зэмрэт лъэкI къимыгъанэу, адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэр хъумэным, цIыхубэм яхыхьэным ерыщу толажьэ. Али-Бэрдыкъуэ дэт щэнхабзэмкIэ Унэм и лэжьыгъэм и гугъу пщIымэ, абы илъэс пщIы бжыгъэм щIигъуауэ къафэмрэ уэрэдымрэкIэ «Сэтэней» цIыхубэ ансамблым зыщегъасэ. Иджы хормейстер къащтауэ, абы сабийхэр уэрэджыIэным хуегъасэ, хуегъэхьэзыр.
— Къапщтэмэ, ди штатыр инкъым. Ауэ къафэмкIи, уэрэдымкIи, макъамэ IэмэпсымэхэмкIи диIэ лэжьакIуэхэр икъукIэ Iэзэщ. Псалъэ лей хэмыту щхьэж езым и къалэн пылъхьэншэу ягъэзащIэ. АбыкIэ си насып къихьауэ къызолъытэ. Къуажэми, районми, республикэми щаIэт махуэщIхэм сыт щыгъуи жыджэру, зэрытлъэкIкIэ адыгэр дахэу утыку зэритхьэным дыхущIэкъуу дыхэтщ, — жеIэ Зэмрэт.
КъинэмыщIауэ, къыхэгъэщыпхъэу къыдолъытэ Унэгъэсыр зи унафэщI гуп дахэр я лэжьыгъэ къалэнхэм я къэухьым имыкIыу зэрыщымысхэр. АтIэ, курыт еджапIэхэм, сабий IыгъыпIэхэм дауэдапщэ зэхуэмыдэхэм зыщыхуагъэхьэзыркIэ, мы гуп дахэм я дэIэпыкъуныгъэ, я чэнджэщ хуэныкъуэмэ, Зэмрэт сымэ зэи «хьэуэ» жаIэкъым. Апхуэдэщ къуажапщэм щыIэ музейм и лэжьыгъэм зэрыхэлэжьыхьхэри. Псалъэм къыдэкIуэу, тхыдэм, щэнхабзэм сабийхэр щагъэгъуазэу абдеж Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр къыщызэрагъэпэщ.
Нобэ ди къэралым и гъунапкъэхэр зыхъумэу СВО-м щыIэ зауэлIхэри ягу ирагъэхукъым, атIэ пIалъэпIалъэкIэрэ псапащIэ-дэIэпыкъуныгъэ пшыхь къызэрагъэпэщхэм жыджэру хэтщ. Къыхэгъэщыпхъэщ къуажэм щыпсэу, зи узыншагъэкIэ пыбзыкIыныгъэ зиIэ сабийхэм я деж махуэщIхэм къриубыдэу ахэр зэрыкIуэри, а цIыкIухэм я гукъыдэжыр къызэраIэтри.
— Пэжщ, сыт хуэдэ зэхьэзэхуи, фестивали дызэрыхэтыным дыхущIокъу. Абы дэри дигъэбэлэрыгъкъым, сабийхэри егъэгушхуэ. НобэкIэ утыкум дахэу дихьэнымкIэ къуажэ администрацэр, адэ-анэхэр, Аргун Олег, нэгъуэщIхэри хуабжьу щIэгъэкъуэн къытхуохъури, тхьэгъэпсэу яжызоIэ, – къыхегъэщ Зэмрэт.
Сыт хуэдэ творческэ цIыхум хуэдэуи, Унэгъэсыр лъэныкъуэ куэдым хуэгъэщIащ. Апхуэдэу и гугъу щIыпхъэщ, Iэмал имыIэу, Зэмрэт зи унафэщIу, режиссёру щыт, район ДК-м щыIэ «ДжэгуакIуэ» IуэрыIуатээтнографическэ театрым. Зэмрэтрэ и акъылэгъухэмрэ я ныбжь, IэщIагъэ емылъытауэ абы къыхашэ зэчий зыхалъагъуэ дэтхэнэри. Театрыр район, республикэ, къэралпсо зэпеуэхэм, фестивалхэм хэтырейщ. ИкIи, гуапэ зэрыхъущи, хэтым и мызакъуэу, увыпIэ лъагэхэр, текIуэныгъэр къалъэщ.
Апхуэдэу, гъэ кIуам, районхэр здызэпеуэ «Ярмарка талантов» зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм ипкъ иту «ДжэгуакIуэ»-м япэ увыпIэр къилъэщауэ щытащ. Гупым къагъэлъэгъуат «Щауэишэж» хабзэжьыр. Тхьэмахуэ дэкIри, театрыр «Традиции» Урысейпсо зэхьэзэхуэм хагъэхьащ. ИкIи гупым аргуэру япэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ. «ДжэгуакIуэ»-м утыку ирихьат «Атэлыкъ» адыгэ хабзэ къызэрымыкIуэр. ДызэреплъымкIэ, театрыр Iэмал нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщщ хабзэжьхэр, бзэр хъума хъунымкIэ, щIэблэм а хъугъуэфIыгъуэхэр нэхьэсынымкIэ. Ар куууэ къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ Зэмрэти къару куэд ирехьэлIэ театрми, щэнхабзэр зэрыщыту къапщтэми.
— Нобэ дэ къэдгъанэращ пщэдей щIэблэм къыхуэнэнур. Ди тхыдэр, ди блэкIар пытхъахуэ зырызурэ къыдолъыхъуэж. Сыту жыпIэмэ, ди нэхъыжьхэм лъэкIыныгъэ яIакъым ар зрагъэщIэну, дэ къыднахьэсыну. Пэжщ, нобэ дгъэзащIэ хабзэхэр, утыку итхьэ псори ди адэжьхэм зэрызэрахьэу щытам хуэдэ дыдэу къекIуэкIыну къыщIэкIынкъым. Ауэ аращ нобэкIэ дгъуэтыжар. Ар адыгэм и псэукIэу щыта сыт хуэдэ лъэныкъуэми ехьэлIащ. СызэрегупсысымкIэ, дэ нобэ тщIэр щIэблэм лъабжьэ хуэхъунущ, тегъэщIапIэу иIэнущ. Щхьэж зыхищIыкI Iуэхум, щIэныгъэм ипкъ иту, и къару къихь псори лъэпкъым хуищIэмэ, ипэкIэ дыкIуэтэнущ. Лъэпкъыр къоджэху упэджэжмэ, узыщыщым дэни пщIэ щиIэнущ. Аращи, Iэмал имыIэу щIэблэм хабзэри, щэнхабзэри, щIэныгъэри, бзэри псори егъэцIыхун хуейщ. Абыхэм дэ – балигъхэм – дбгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ, зэчиймкIэ дадэгуэшэн хуейщ. Ахэращ лъэпкъым пкъы къыщIэзыгъэувэжынур, — жеIэ Унэгъэсым. Ди зэпсэлъэныгъэм ипкъ иту Зэмрэт къыхуагъэфэща фIэщыгъэцIэ лъапIэми и гугъу тщIащ. ИкIи лъэпкъыпсэ щIалэм жиIащ апхуэдэ нагъыщэр, псом япэу, зи фIыщIэу къилъытэр лъэпкърауэ зэрыщытыр. — СызэреплъымкIэ, лъэпкъым дызэхищIыкIащи аращ. Ауэ мыпхуэдэ гулъытэр хуэфащэщ щэнхабзэм илъэс бжыгъэкIэ хуэлэжьа дэтхэнэми. Абы къизгъэкIыр – ди районым цIыху куэд щыIэщ мы щIыхьыцIэр яхуэфащэ дыдэу, ауэ иджыри къалъымысауэ. Абыхэм я гъащIэр лъэпкъ щэнхабзэм траухуащ, хаухуэнащ. Хэти ещIэ щэнхабзэр уи гум хэту щымытмэ, абы узэрыримылэжьэфынур. Абы къыпэкIуэ улахуэм щхьэ «сылэжьэну» жыпIэкIэ, куэдрэ пхуэхьынукъым. Аращи, щэнхабзэр, гъуазджэр хъумэным, щIэблэм абыкIэ ядэгуэшыным зи гъащIэр хуэзыгъэтIылъ цIыхум и гуащIэдэкIыр зэрызыхащIэр, къазэрыгурыIуэр зыгъэбелджылы къыпэкIуэныгъэ етыпхъэщ. Апхуэдэщ щIыхьыцIэ лъагэр. А фIэщыгъэцIэм нэхъыбэу хуэныкъуэр ар зратракъым, атIэ абы и ужь къиувэну щIэблэращ: абы зыдэплъейн иIэн хуейщ, а IэщIагъэм мыхьэнэ зэриIэр илъагъупхъэщ. Пэжыр жысIэнщи, соукIытэ, а фIэщыгъэцIэр сэ къыслъысами, зыхуэфащэ нэхъыжь куэд иджыри къызэрынэр. Сыхуейт, ахэр ящымыгъупщэу, гулъытэ, яхуэфащэр и чэзум къалъысыну! – къыддогуашэ Зэмрэт.
Мы щIалэм иригъэкIуэкI щэнхабзэ лэжьыгъэшхуэм и мыхьэнэр езым и псалъэ губзыгъэхэмкIэ дгъэбелджылынщ: «ЩIэблэм зыщыщыр ицIыхуу, абы ирипагэу псэун папщIэ!» Апхуэдэу лъэпкъыпсэу дунейм тет Зэмрэт и гупсысэ дахэхэр зэрыубгъуам, зэрыкуум хуэдэу, и зэфIэкIри, и лъэкIыныгъэхэри абрагъуэу щытыну дохъуэхъу! Лъэпкъыр, абы и хъугъуэфIыгъуэхэр зи псэм щыпсэу дэтхэнэри лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэми нэсыну!
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.