Лъэпкъыр ефIэкIуэныр нэхъыщхьэу

ЩЭКIУЭГЪУЭМ и 26-м республикэ къалащхьэм дэт къэрал филармонием Къэрэшей-Черкес Республикэ Адыгэ Хасэм и къэпщытэжыныгъэ-хэхыныгъэ зэIущIэр щекIуэкIащ. Гу зылъытапхъэщи, ар илъэсищ къэс зэ зэхашэ Iуэхугъуэщ. Лъэпкъ зэхуэсым къеблэгъащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэ Астэжь Франческэ, КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и Министерствэм жылагъуэ, дин организацэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и IэщIагъэрылажьэ Къуршэ Фаинэ, хэгъуэгум хыхьэ адыгэ къуажэ къэс щылажьэ, Хасэм и къудамэхэм къабгъэдэкIа лIыкIуэхэр, съездым Iэ щызыIэтыну делегатхэр.

Псом хуэмыдэу зэхуэсым  и пщIэр яIэтащ, екIуу ягъэдэхащ ди нэхъыжь Iумахуэхэм, адыгэ фащэр зэкIупсу зыщыгъыу зэIущIэм къеблэгъахэм: Дыгъужь Барисбий, КIэм Мурадин, Уэхъутэ Алий сымэ, нэгъуэщIхэми. Мыпхуэдэ лъэпкъ зэхыхьэхэр зэрекIуэкI хабзэм зэрытету, Урысейм, КъЧР-м, ДАХ-м я гимнхэр къеуа нэужь, зэIущIэр ирагъэжьащ Iуэху гуапэкIэ. АтIэ, мы махуэм утыкум щагъэлъэпIащ лъэпкъ Iуэхум хэлIыфIыхьахэр, лъэпкъыбзэр, хабзэхэр хъумэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэр. ИкIи, гу зылъытапхъэщи, япэ дыдэ зи цIэ къраIуар, Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIа щIыхь нагъыщэ лъапIэр – ФIыщIэ тхылъымрэ медалымрэ зыхуагъэфэщар, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа спортсмен, бэнакIуэ цIэрыIуэ ПIапIшу Хьэлийщ.

И узыншагъэм ипкъ къикIыу Хьэлий зэIущIэм къызэремыкIуэлIэфам къыхэкIыу, КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм щIыхь нагъыщэр хуигъэфэщащ ягъэлъапIэм и щхьэгъусэ, лъэпкъ Iуэхум, Хасэм и лэжьыгъэм илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ гуащIафIэу хэт ПIапIшу Лидэ. ДАХ-м и щIыхь нагъыщэмкIэ зыхуэфащэ цIыхум и цIэр къызэрыраIуар пэшым щIэсахэм я Iэгуауэ иным щIэту яIэтащ.

Абы къыкIэлъыкIуащ КъЧР-м и Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу, «Лъэпкъым и пащхьэ къыщилъэща фIыщIэм папщIэ» щхьэщIэдзапIэм щIэту утыкум щагъэлъэпIа цIыху пщIы бжыгъэр: щIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, лъэпкъ IуэхумкIэ, журналистикэмкIэ, спортымрэ альпинизмымрэкIэ, нэгъуэщI лъэныкъуэгъазэ зэхуэмыдэхэмкIэ адыгэм и пщIэр зыIэтахэр. КъинэмыщIауэ, ДАХ-м гъэ къэс иригъэкIуэкI адыгэ Iуэрытхыр «5» нагъыщэкIэ зытхахэми мы махуэм IэщIалъхьэжащ абы хуэгъэза щIыхь сертификатыр. ГъэлъэпIэныгъэхэм иужь, къэпщытэжыныгъэ-хэхыныгъэ съездым и упщIэ нэхъыщхьэу игъэувам хуэкIуащ.

Ягъэбелджыла мандат комиссэм къигъэлъэгъуащ съездым и лэжьыгъэм хэтыну зыщIэзытха делегат 96-м ящыщу нэрыбгэ 73-р къызэрекIуэлIар. Абы ипкъ итуи, лъэпкъ Iуэхур – съездыр ирагъэкIуэкIыну хуитыныгъэ зэрыщыIэр наIуэ ящIащ. Къапщтэмэ, утыку псалъэ ящIыну упщIэхэм ящыщу къеджащ Хасэм и Советым хэтхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, бзэр, тхыдэ щIэинхэр хъумэным телэжьэныр… Лъэпкъ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэр илъэсищым къриубыдэу зытелэжьа Iуэхухэм купщIафIэу, нэрылъагъуу щыхьэт техъуэжу, зэхэгъэкIауэ къытепсэлъыхьыжащ абы и тхьэмадэ IэнатIэм пэрыт, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат, ДАХ-м и вице-президент Аслъэнхэ Алий.

— Илъэс пщIы бжыгъэ мэхъури Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэ жыджэрыр хуеунэтI лъэпкъым бгъэдэлъ щIэин лъапIэхэр мыгъэкIуэдыным, хэгъэхъуэным, хъумэным, къэгъэщIэрэщIэжыным, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм мамыру дэгъуэгурыкIуэным. ИпэжыпIэкIэ, Адыгэ Хасэм Iуэхуу илэжьым зырызыххэу укъытепсэлъыхьыфынукъым, абы зэман куэд дыдэ текIуэдэнущ. Ауэ лъэпкъым и дежкIэ псом хуэмыдэжу мыхьэнэ мыкIуэщI зиIэхэм и гугъу щIыпхъэщ. Апхуэдэщ, псалъэм и жыIэгъуэкIэ, илъэсыр зэредгъажьэ Iуэхугъуэр – ди лъэпкъым и цIыхушхуэ Къалмыкъ Юрэ теухуа фэеплъ дауэдапщэхэр.

Къэрал Iуэхузехьэ щэджащэм и щIыхькIэ, и фэеплъу щIэныгъэ зэхыхьэхэр сыт щыгъуи зэхыдошэ, уеблэмэ хамэ къэралхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэри хэту идогъэкIуэкI. Абы къыкIэлъокIуэ лъэпкъыбзэм и Махуэр. Нобэ хэти фощIэ хэгъуэгум ит адыгэ къуажэ зыбжанэм этно-классхэр зэрыщылажьэр. Ахэр нэхъыбэ щIыным, тхылъкIэ, зыхуэныкъуэ лъэпкъ хьэпшыпхэмкIэ защIэгъэкъуэнымкIэ щхьэпэ дохъу. Адыгэ ныпым и Махуэр икъукIэ Iэтауэ, адыгэ щIалэгъуалэм утыкур ягъэбжьыфIэу зы илъэси дэмыкIыу фестивалхэр идогъэкIуэкI; лъэпкъым и щыгъуэ щIэж махуэм властым и къулыкъущIэхэр, лъэпкъ жылагъуэ организацэхэр зэхыдошэ; Хэкум къихьэжам и Махуэм ипкъ иту гулъытэ хэха яхудощI хамэ щIыналъэхэм къикIыжу адэжь хэкум къэзыгъэзэжахэм; «Иппосферэ» шы гъэлъэгъуапIэ цIэрыIуэм ди республикэм щыщ лIыкIуэхэм адыгэшыр утыку щрашэным къызэрымыкIуэу дыхолIыфIыхь. ЖысIэнщи, иужьрей Iуэхум хуабжьу ахъшэшхуэ токIуадэ.

Ауэ, адыгэшым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ Урысейм здыщаIэт фестивалым дыхэтыныр ди пщэрылъ пажэу къыдолъытэ, — къыхигъэщащ Аслъэнхэ Алий и къэпсэлъэныгъэм. — Пэжщ, Адыгэ Хасэм и мылъку къарукIэ ищхьэкIэ зи гугъу сщIа Iуэху зэхэщIыхьа псори пхуэгъэкIуэтэнукъым, абыхэм мылъкушхуэ токIуадэ. ИкIи, си гуапэщ ди лъэпкъым къыхэкIа цIыху щыпкъэ куэдым, ди ныбжьэгъуфIхэм, лъэпкъ Iуэхум хуэжумартхэм я мылъку хэлъхьэныгъэкIэ, ди Iуэху куэд зэрытхуэгъэкIуатэр. Адыгэм жыдоIэкъэ, узэдэIэпыкъумэ, сыт хуэдэ Iуэху гугъури пхуэгъэкIуэтэнущ жэуэ…

Апхуэдэщи, лъэпкъ Iуэхум хуэгъэзауэ щIэгъэкъуэн дыхуэныкъуэу дызыб гъэдыхьэ дэтхэнэри, власть къулыкъущIэхэм я деж щегъэжьауэ, къытпыкъуокI, дзыхь къытхуащIу ди Iуэху тхуагъэкIуатэ. Ар дэркIэ уасэншэщ. ФIыщIэ ин яхузощI зи лъэ къыддэкIуатэхэм, зи щIэгъэкъуэн дамэр къытхуэзыгъэувхэм. Псоми длэжьыр, ди гур, ди псэр зыхэтлъхьэр, дызыгъэпIейтейр лъэпкъым ифI къызыхэкIынращи, Тхьэм нэхъыбэжми дыхущIигъыхьэ, — къыщIигъужащ Хасэм и тхьэмадэм. КъинэмыщIауэ, Аслъэнхэ Алий и къэпсэлъэныгъэм гулъытэ щхьэхуэ зыхуищIауэ къыхэгъэщыпхъэщ хэгъуэгум къыщызэрагъэпэщ урысейпсо, къэралыбэ проектхэм Хасэр гуащIафIэу зэрыхэлэжьыхьыр, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ, мамырыгъэ дэгъэлъыным зэрыхэлIыфIыхьыр, хэгъуэгум и лIыщхьэр, ди къэралышхуэм и Президентыр зытет политикэ гъуэгуанэм жылагъуэ организацэр зэрырикIуэр.

ДяпэкIэ зэлэжьын хуей къалэнхэри иубзыхуащ:

— Лэжьыгъэр щыкуэдщ адэжь хэкум къэзыгъэзэжахэм яхуэгъэзауэ; лъэпкъыбзэр, тхыдэр джыныр, ахэр ди щIэблэм яIэщIэдмыгъэхуныр — Iэпэдэгъэлэл тщIы мыхъун лъэныкъуэгъазэщ, — жиIащ Аслъэнхэ Алий. Зэхуэсым хэтахэр хуабжьу набдзэгубдзаплъэу щIэдэIуащ Хасэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм и къэпщытэжыныгъэм. Нэхъыжьхэм, зэрахабзэу, щIыгъужыныгъэхэр, чэнджэщхэр, къыхэлъхьэныгъэхэрящIащ.

— Хабзэрэ цIыхугъэрэ хэлъщ, игуэщI лэжьыгъэр нэрылъагъущ, лъэпкъым и пщIэр, и щIыхьыр иIэтыным гуащIэшхуэ хуегъэтIылъ, жыджэру къызэригъэпэщ Iуэхухэр фIагъ зыхэлъ защIэщ. Солъытэ нобэ Аслъэнхэ Алий и лэжьыгъэм арэзы дытехъуапхъэу, дыкъуэувэу, адэкIи ди лъэпкъым и Iуэхур дэдгъэкIуэтэну, — съездым хэтхэм захуигъазэкIэрэ, Хасэм и Iэтащхьэм и лэжьыгъэм уасэ хуищIу къэпсэлъащ Хьэбэз къуажэм къикIа нэхъыжьыфI Хьэкъун Назир. — Зэчий зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэр къыдобэкI, абыхэм щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ я гурыхуагъым, я творческэ, спорт зыужьыныгъэм уатхьэкъу, пэжыр жысIэн щи.

Хасэм и гулъытэмкIэ нэхъыбэу къызэщIригъэубыдапхъэщ лъэпкъым и щIалэгъуалэм и зыужьыныгъэр. ЩIэблэм улъэщIэмыхьэу заужь, сытри къапхъуатэ, жэрдэму къабгъэдэкIым гъунэ иIэкъым. Мыбдеж нэхъыщхьэр ахэр гъуэгу захуэм темыгъэкIынращ. Дэ сыт щыгъуи дыфкъуэтщ, ди чэнджэщ хуэныкъуэм еттынущ, сэбэп дызэрыхъуным дыхущIэкъунущ, — къыхигъэщащ Хъумэрэ щыщ нэхъыжыфI Дыгъужь Барисбий и псалъэм. Къэпсэлъэныгъэхэм иужь, съездым хэтахэр къыщIекIуэлIа упщIэ нэхъыщхьэм хуэкIуащ – дяпэкIэ илъэсищкIэ лэжьэну, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ IэнатIэр зыхьынур хэхыным.

ИкIи, Iэ IэткIэ, делегатхэр зэдэарэзыуэ, а къалэныр Аслъэнхэ Алий хуагъэфэщэжащ, лъэпкъ жылагъуэ организацэ нэхъыщхьэм и пашэу щытыныр дзыхь хуащIыжкIэрэ. Абы къыдэкIуэу, хахащ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэр, Советым хэтынухэр, абы и тхьэмадэу щытынур. Лъэпкъыр зэхуэсауэ, зыгъэпIейтей упщIэхэм темыпсэлъыхь хъунт. Мы махуэми къаIэтащ упщIэ хьэлъэ куэд, а лъэныкъуэхэмкIэ икIэщIыпIэкIэ унафэ къэхьыпхъэу. Апхуэдэу, тегъэчынауэ и гугъу ящIащ лъэпкъым и махуэщI зэхыхьэхэм адыгэ фащэр щатIэгъэн зэрыхуейм; адыгэшым и къэкIуэнум, ар хэгъуэгум зэрыщыщIэтхапхъэм; Адыгэ-Хьэблэ районым сымаджэщ зэрамыIэм къыхэкIыу цIыхухэр гугъу зэрехьым, абы папщIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэм, Хасэм и лэжьыгъэм лъэпкъым къыхэкIа дэтхэнэри зэрыхэлIыфIыхьыпхъэм, нэгъуэщI упщIэ зэхэщIыхьахэми.

Къапщтэмэ, зэхуэсым къыщаIэта упщIэ хьэлъэхэр съездым и къэзыпщытэж Резолюцэм къыщагъэлъэгъуащ… Дыхуейщ мы тхыгъэм и кIэм хъуэхъу псалъэхэр хуэдгъэфэщэну Адыгэ Хасэм и унафэщI IэнатIэр зыхуагъэфэщэжа Аслъэнхэ Алий. Лъэпкъым и пащхьэ уи пщIэр щемыхуэхыу, блэжь Iуэхухэм уагъэлъапIэу, адыгэм и къэкIуэнур нэхъри фIы хъуным хуэлэжьэнымкIэ къарурэ гукъыдэжрэ уиIэну дынохъуэхъу!

АБИДОКЪУЭ Люсанэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *