Лъэпкъыбзэхэмрэ бжыгъэ технологиехэмрэ

Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я Унэмрэ «Яндекс» компаниемрэ, Урысейм и ФАДН-р я дэIэпыкъуэгъуу, «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмрэ хъыбарегъащIэ технологиехэмрэ» етIуанэ Стратегическэ сессиер ирагъэкIуэкIащ.

Къэрэшей-Черкесым къыбгъэдэкIыу зэIущIэм хэтащ республикэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и министр Есенеев Мурат. ьФорумым къекIуэлIахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ ФАДН-м и унафэщI Баринов Игорь. Абы жиIащ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэм деж каналыщIэхэр къызэрыщыунэхум къыхэкIыу, цIыхухэм я зэпсэлъэныгъэхэр нэхъыбэу цифровой утыкум зэрыщекIуэкIыр, абы къыхэкIыуи, бзэхэм я пщэдейрей махуэмрэ абыхэм я зыужьыныгъэмрэ бжыгъэ (цифровой) Iуэхугъуэм быдэу зэрепхар.

ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ интернет зэпыщIэныгъэхэм я утыкум лъэпкъыбзэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ щыIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм. Есенеев Мурат къытепсэлъыхьащ «Яндекс Переводчик»-м республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр хэгъэхьэным ехьэлIауэ хэгъуэгум щалэжьа Iуэхугъуэхэм.

Урысейм и ФАДН-м лъэпкъ зэхущытыкIэмкIэ и Управленэм и унафэщI Цыбиков Тимур  иригъэкIуэкIа, лэжьакIуэ гупым я зэIущIэри зытеухуауэ щытар аращ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Дом народов России» ФГБУ-р 2023 гъэм ирагъэжьащ лъэпкъыбзэхэр «Яндекс Переводчик»-м хагъэхьэн мурадкIэ. Абы телэжьэну лэжьакIуэ гупи къызэрагъэпэщауэ щытащ.

Сессием деж экспертхэмрэ хэгъуэгухэм я лIыкIуэхэмрэ лъэпкъыбзэхэр хъумэным, абыхэм зайгъэужьыным хуэгъэзауэ хъыбарегъащIэ технологиер зэрыхапщэмкIэ я зэфIэкIхэмкIэ зэхъуэжащ.

Зыгъэхьэзырар ДЗЭМЫХЬ Маринэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *