ЛъэпкъитIым къулыкъу яхуищIащ

Дэ тщыщ дэтхэнэми къыпоплъэ и иужьрей махуэмрэ и иужьрей сыхьэтымрэ. Насып иIэщ гъащIэм лъэужь дахэ щыхэзышу цIыхум фIыкIэ ягу къинам. ПщIэ къыпхуащIу упсэуныр, адрей куэдымкIэ щапхъэу ущытыныр, унагъуэфI уиIэныр, цIыхугъэ пхэлъыныр, уныбжьэгъуфIыныр, жылагъуэ утыкум ущхьэпэныр – ар нэхъ лъапIэщ мылъкуу, саугъэту щыIэм нэхърэ.

Батдыев Мыхьэмэт къулыкъу яхуищIащ лъэпкъитIым. Илъэс 37-м щIигъукIэ ар ветеринару щылэжьащ абазэ къуажэм, абы щыщу илъэс 35-м и нэIэм щIэтащ ветеринар участкэр. Апщыгъуэм зэфIэува ныбжьэгъугъэр и гъащIэ псом ихъумащ. И гуапэу игу къегъэкIыж зыдэлэжьахэр – ЩIыхь орденищым я кавалер Бежэн Чэрим, Пщыунэ Арсен, Кънухь Анварбий, Еджэмыкъуэ Михаил, Гъэп Владимир, Кълыш Валерий, нэгъуэщIхэри.

Адрей и зэманэгъу куэдым яхуэдэу, Мыхьэмэти гъащIэр къыщысхьакъым. 1935 гъэм ар къыщыхъуащ Къызыл-Покун къуажэм. И адэр щытащ Малокъэрэшей райисполкомым и секретару, итIанэ — и тхьэмадэу. Хэку зауэшхуэр щIидза
нэужь, ар фронтым япэу кIуахэм ящыщщ. Батдыев Шонай взводым и командиру щытащ, къыхуагъэфэщащ зауэ нагъыщэхэр. Ар къыхуэмыгъэсыжу пэплъэт ТекIуэныгъэр зыIэригъыхьэу, и щхьэгъусэ Сеир, и бынхэу Мыхьэмэт,
Тамарэ, Аклимэ, Мурат сымэ я деж къигъэзэжыным. КъыгурыIуэт и щхьэгъусэр сабииплIыр пIыным гугъу
зэрыдехьыр. Къихьащ 1943 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэ фIыцIэр. Сэлэтхэр теуIуэт къэрэшей зыщIэс дэтхэнэ унэми и
бжэм. Мыхьэмэт куэдрэ игу къэкIыжт и анэм илI-фронтовикым къигъэкIуа тхыгъэ-щимэхэр сэлэтхэм яри-
гъэлъагъуу зэрыщытар. Адрей ирагъэкIхэм ящIыгъуу унагъуэр мафIэгум изыгъэтIысхьэ сэлэтхэм ящыщ зым бзылъхугъэ гужьеям лъэкIыныгъэ къритащ зыхуэныкъуэну псори къызэщIикъуэну. Сеир къазыцтелъхэм ирикудащ щIакхъуэр, лы гъэгъуар, щыгъынхэр. Сэлэтхэм Батдыевхэ я унагъуэр яшащ Кисловодск гъущIгъуэгу вок-
залым.
(Тхыгъэм фыщеджэ Чх-м и №6 къыдэкIыгъуэм и ещанэ напэм)


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *