Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и е 8-нэ зэхуэшэсыгъуэм и депутату щыта Узденов Джашарбек и фэеплъу, тхьэмахуэ икIам и зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм Усть-Жэгуэтэ къалэм и Iэхэлъахэм щыIэ ипподромым шы зэдэжэмкIэ зэхьэзэхуэ зэIухахэр щекIуэкIащ. «Мы спорт зэхьэзэхуэр махуэщI дахэ хъуащ икIи абыкIэ дгъэщыпкъащ пщIэшхуэ зиIа, зыщалъхуа щIыналъэмрэ абы щыпсэухэмрэ къулыкъу яхуэзыщIа цIыхушхуэм и фэеплъыр.
Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, Борис и къуэ Джашарбек си гум къинащ къызэрымыкIуэ цIыху Iущу, гу зэIуха зыкIуэцIылъу, жэуаплыгъэшхуэ зыхэлъу, гупсысэ жыжьэ зиIа бэдаущ политикыу. ЩытыкIэ хьэлъэ ихуахэм ар сыт щыгъуи я щIэгъэкъуэнт, иригъэфIакIуэт къуажэхэмрэ жылагъуэхэмрэ, хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ республикэм и щIыуэпсыр хъумэнымрэ гъэбыдэнымрэ. И псэм хуихь и хэгъуэгум — Къэрэшей-Черкесым щыпсэу лъэпкъхэми, къэрал псом цIыхуу исми я хьэлэмэтхэр хъумэныр и къалэн пажэу илъытэт.
Илъэс етIуанэ хъуауэ Узденов Джашарбек и фэеплъу къызыдогъэпэщ, идогъэкIуэкI мы зэхьэзэхуэр. ИкIи, шы зезыхуэу абы къекIуалIэхэр дахэу, къабзэу зоныкъуэкъу. А зэпеуэхэм кIэлъоплъ спортсмен, хьэщIэ лъапIэхэр, республикэм щыпсэухэр. Гъуэгу кIыхьагъ зэмылIэужьыгъуэ — метр 1400-м щегъэжьауэ 3000 нэс шы лъэпкъ зэхуэмыдэхэм, шууей бэлыхьхэр ятесу хэнейрэ къажащ. ИкIи, узыфIэмыкIыжыну теплъэгъуэр дахэу, удэзыхьэхыу екIуэкIащ.
Сахуохъуахъуэ текIуэныгъэр къэзыхьахэм, къыхуагъэфэща саугъэт лъапIэхэм папщIэ! Си фIэщ мэхъу: хабзэфIым теувауэ едгъэкIуэкI мы спорт зэхьэзэхуэм зэкъуигъэувэнущ Къэрэшей-Черкесым щыпсэу лъэпкъхэр, абыкIи республикэм щыщ цIыху щыпкъэхэм я фэеплъыр яхъумэнущ, къэкIуэну щIэблэхэми щапхъэ яхуэхъунущ укъыздэхъуа щIыналъэр фIыуэ плъагъунымкIэ, уи тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ пщIэ хуэпщIынымкIэ.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.