2026 гъэм фокӏадэм и 13-м къыщыщӏэдзауэ и 21-м нэс Ищхъэрэ Кавказым и хэгъуэгухэм щекӏуэкӏащ «Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэхэр. Кавказым и чэщанэхэр» лъэпкъ зэгурыӏуэныгъэм и юбилей волонтёр проектыр. Мы гъэм ар епщӏанэу йокӏуэкӏ. Абы зэкъуигъэуващ хэгъуэгуиблым къабгъэдэкIа «Кунаки», «Горцы», «Джигиты» гупищым хэта нэрыбгэ 45-рэ. Япэ махуэхэм гупищыр хэгъуэгу щхьэхэхуэм щылэжьащ. «Кунаки»-м и программэр Ингуш Республикэм щрагъэжьащ. Абдеж щӏалэгъуалэм я лӏыкӏуэхэм щаӏущӏащ, «Башня Согласия» тхыдэ щIыпIэр зрагъэлъэгъуащ, Эгикал къуажэжьым щыIащ. Абы иужькIэ Ищхъэрэ Осетие-Алание Республикэм яунэтIащ.







Мыбдежми хэгъуэгум и щӏалэгъуалэм зэӏущӏэ драгъэкӏуэкӏащ, Беслан къалэм къыщыхъуа насыпыншагъэм хэкӏуэдахэм я фэеплъыр ягъэлъэпӏащ, Лисри къуажэжьым щекIуэкI зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэхэми хэтащ. Къыкӏэлъыкӏуэу «Кунаки» гупыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Ставрополь краймрэ екIуэлIащ. КъБР-м и тхыдэмрэ щэнхабзэ зэмылӏэужьыгъуэхэмрэ зыщагъэгъуэзащ, республикэм и Лъэпкъ музеймрэ щӏалэгъуалэм я Унэмрэ екӏуэлӏащ. Ставрополь крайм программэм щыпащащ къэзакъ хабзэхэм зыщагъэгъуэзэнымкӏэ, еджакӏуэхэм щаӏущӏэнымкIэ. «Горцы» гупым лэжьэн щыщӏидзащ Дагъыстан Республикэм.
ЩIыуэпс акцэхэр абдеж щрагъэкӏуэкӏащ, СВО-м и зауэлӏхэм я фэеплъ Хадэм жыг щыхасащ, зэкIуэлIа районым и тхыдэмрэ и щэнхабзэмрэ зыщагъэгъуэзащ. Хасавюрт районым волонтёрхэр хэлэжьыхьащ гъатхэ псыдзэм и зэран зэкIа унагъуэхэм: конструкцэ зэӏыхьахэр, ухуэныгъэ пхъэнкӏийр зэхахащ, щӏыпIэхэр зэӏузэпэщ ящӏащ. «Дубовая роща» щIыуэпс акцэмкIэ хэгъуэгум щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэр къапщытэжащ. «Джигиты» гупым и япэ ӏыхьэр Шэшэн Республикэм щрагъэкӏуэкӏащ.
Абы хэтахэр щыӏащ Кадыров А. и цӏэр зезыхьэ Щӏыхьым и Фэеплъ комплексым, Хой жылэжьым, Кезеной-Ам гуэлым, щIыуэпс, волонтёр акцэхэри хэгъуэгум щрагъэкӏуэкӏащ. Фокӏадэм и 18-м гупищри къеблэгъащ Къэрэшей-Черкес Республикэм. Япэ махуэм, КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ Министерствэм и къызэгъэпэщыныгъэкIэ, Алиев У. и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Черкес къэрал университетым зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы кърагъэблэгъащ зауэ операцэ хэхам и ветеран, Лӏыгъэм и орденищым я кавалер Магомедов Рустам. Зэӏущӏэм къриубыдэу зауэлIыр ядэгуэшащ и гъащӏэ зэфӏэкӏымкӏэ, къулыкъум, зауэ къалэным, лӏыгъэмрэ зэдэӏэпыкъуныгъэмрэ я мыхьэнэм къытепсэлъыхьащ. Гулъытэ хэха хуищӏащ тхыдэ фэеплъыр хъумэным, Хэкум и хъумакӏуэхэм зэрахьа лӏыгъэм пщӏэ хуэщӏыным, щӏэблэщӏэр граждан жэуаплыгъэм тету гъэсэным ехьэлӏа ӏуэхухэм. ЗауэлIым яхуигъэхьэзыра лекцэм яфIэгъэщIэгъуэну, я упщIэхэмкIэ пэджэжу щIалэгъуалэр хэлэжьыхьащ. Хэкупсэ къыхуеджэныгъэр зи лъабжьэ зэпсэлъэныгъэхэр щIалэгъуалэм драгъэкIуэкIащ илъэс 95-рэ зи ныбжь, тылым и лэжьакӏуэ, Елтыркъэш къуажэм щыпсэу Хачировэ Рабият, Афганистанымрэ Шэшэнымрэ я ветеран, дзэ кхъухьлъатэзехуэ Шалыгин Александр, проектым и унафэщӏ зауэ корреспондент Гусаров Руслан, Афганистанымрэ СВО-мрэ щекӏуэкӏа зауэм и ветеран Чотчаев Сапарбий сымэ. Ахэр куууэ къытепсэлъыхьащ хэкупсагъэм, лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ я мыхьэнэм, тхыдэ щапхъэфIхэмкIэ щIагъэбыдыхьащ я къэпсэлъэныгъэхэр. ЩIалэгъуалэмрэ, проектым и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ захуигъазэкIэрэ, КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и министрым и къуэдзэ Къуршэ Фаинэ жиIащ:
— СВО-м и зауэлIым фыхуэзэнымкIэ лъэIу къыщытIэрыхьам, дымычэнджэщу Магомедов Рустам хъыбар едгъэщIащ. Абы иригъэкIуэкI лекцэм ещанэ седэIу пэтми, си нэпс къысфIокIуэ, сыту жыпIэмэ, абы къихь щапхъэхэм нэсу зыхыуегъащIэ мамыру дызэрыпсэур, дыкъыхэмыщтыкIыу дызэрыжеифыр апхуэдэ зауэлIхэм зэрафIыщIэр. Абы папщIэ куэдым я гъащIэр щIатащ, куэдми я къэкIуэнум зригъэхъуэжащ. Апхуэдэ щапхъэхэмкIэ фэ къывгурыдгъэIуэну дыхуейт зэгурыIуэныгъэр — мамырыгъэм лъабжьэ зэрыхуэхъур, къэкIуэнур фэ къызэрывэлъытар. Ди гуапэщ ди хэгъуэгум фыкъызэреблэгъар, ипэкIи фяку дэлъ зэгурыIуэныгъэр нэхъри вгъэбыдэу, хэгъуэгухэр зэпыфщIэу лэжьыгъэм пыфщэну сывохъуэхъу!», — жиIащ министрым и къуэдзэм.
Проектым ипкъ иту КъэрэшейЧеркесым щрагъэкIуэкIа программэм къызэщIиубыдэу, волонтер гупхэр щыIащ X лӏыщӏыгъуэм и чэщанэ Шыуанэ члисэмрэ Кавказым и щхьэдэхыпӏэхэм я хъумакӏуэхэм я Музейфэеплъымрэ. Фокӏадэм и 20-м Тебэрды къалэм проектыр ӏэтауэ щызэхуащӏыжащ. Абы хэтахэм хэгъуэгухэм щрагъэкӏуэкӏа лэжьыгъэм кърикӏуахэр зэхалъхьэжащ, къакIуа гъуэгуанэхэм теухуа фильмхэр утыку кърахьащ икӏи блэкӏа илъэсхэм «Кавказым и чэщанэхэм» хэтахэм яӏущӏащ. Кӏэух зэхыхьэхэр траухуащ проектыр илъэси 10 зэрырикъуми.
«Илъэсипщӏым къриубыдэу хьэкъ тщыхъуащ сыт хуэдэ ӏуэхуфӏри зэныбжьэгъугъэм и гъуазэ зэрыхъуфынур. Щӏыналъэ зэхуэмыдэхэм къикӏа цӏыхухэм зэдэлэжьэныгъэм ӏэмал къарет зыр адрейм и щэнхабзэмрэ хабзэхэмрэ теухуауэ нэхъыбэ къащӏэн дэнэ къэна, псоми я зэхуэдэ тхыдэ, щэнхабзэ щӏэинхэр хъумэнымкӏэ жэуаплыгъэр зыхащӏэну», — къыхагъэщащ проектыр къызэзыгъэпэщахэм.
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.