Къурш хъумакIуэхэм я фэеплъыр псэущ

Хэку зауэшхуэм и тхыдэм щIыпIэ хэха щызыубыд къэхъугъэщ Кавказым и хуитыныгъэм щIэзэуным теухуар. 1942-1943 гъэхэм Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и щхьэдэхыпIэхэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэр зэриухрэ зэман дапщэ дэкIа, псы дапщи ежэха, зауэлIхэм я лъэужьым ноби тоувэ лъахэхутэ-лъыхъуакIуэхэр, бгылъэхэм къыщагъуэтыж зауэм хэкIуэдахэм я къупщхьэлъапщхьэр, хьэпшыпхэр.

Хуиту, ефIакIуэу, гуныкъуэгъуэрэ гузэвэгъуэрэ хэмыту псэуным папщIэ зи щхьэ зыгъэтIылъахэм я фэеплъу Орджоникидзевскэ жылагъуэм дэт музейр къалъытэ зауэлIхэм я иужьрей екIуэлIэжыпIэу. Абы и нэщэнэщ советыдзэр хахуэу фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэувэу зэрырагъэкIуэтар, Кавказым зэрырахужар…

Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид и унафэкIэ, ТекIуэныгъэм и илъэс 80-м ирихьэлIэу музей-фэеплъыр зэрагъэзэхуэж.

ГъэлъэгъуапIэ пэшым щIэт телевизорыжьхэр щIэхэмкIэ зэрахъуэкI, зауэм къыщIэна хьэпшыпхэр зыкIэрыгъэзэгъа блынхэм фIыуэ нэху ятезыгъапсэ уэздыгъэхэр ираIуантIэ.

Илъэс тIощIитI хъуауэ цIыхуIэ зынэмыса экспозицэм зэрахузэфIэкIкIэ кIэлъыплъащ музейм и лэжьакIуэхэр, ауэ зыгуэрхэр иджыри зэрахъуэкIыну е яхъуэжыну лъэкIыныгъэ яIакъыми, хэгъуэгум и дэIэпыкъуныгъэкIэ Кавказ щхьэдэхыпIэхэр зыхъумахэм я щIыпIэ лъапIэм фэ къытрагъэуэж. — ЭлектрокъарукIэ лажьэ уэздыгъэхэр еуэ къэс къытхуэгъэсэбэпынутэкъыми, нэхъ нэху ин зыдз уэздыгъэ лъэщхэм хуэдэ къэтщэхуащ.

КъызэрысщыхъумкIэ, абыкIэ ди музей пэшым хьэпшыпу щIэлъыр тыншу къэдгъэлъэгъуэфынущ.

ГъэлъэгъуапIэ пэшым жьыгъэр къытекIуэн зэрыщIидзам, лъэданэ зэринам ди Ӏуэхур ипэкIэ игъэкIуатэкъым. Экспозицэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ технологиещIэхэр къызэгъэпэщынымрэ я ужь дихьэ хъунукъым псыIагъэм хьэлэчыр къызыхилъхьа блынхэр, лъэгур, унащхьэр зэдмыхъуэкIыу.

Езы экспозицэр къыздэгъэлъэгъуа Iэнэр гъущI быдэм къыхэщIыкIащи, абы зэхъуэкIыныгъэ хэплъхьэнуи, ипIэкIэ нэгъуэщI гуэр бгъэувынуи гугъущ. Мылылъэ жыпхъэм иту, яжьафэ дахэ къызыщIэуэу щIа Iэнэм экспонату хъуар хуэфIыпсу кIэрыгъэбыдыхьащ, — къыддэгуэшащ музей-фэеплъым и унафэщI Кущетеровэ Наталье.

ЩIыуэпсым и щытыкIэм къыпхуэмыцIыхужыну зэрызихъуэж зэпытым къыхэкIкIэ, гъэмахуэм къихьэн хунэмысу, махуэ хуабэхэр нэхъ щIэх къосри, уэс Iув зытелъ бгы лъагэхэр къовыж, 1942-1943 гъэхэм екIуэкIа зэхэуэхэм я лъэужьыр къитIэщIу. 1962 гъэм совет сэлэтхэм я хьэдэхэр къурш щхьэдэхыпIэхэм къыщагъуэтыжам, унафэ къахьащ къупщхьэхэр музейм и гъунэгъуу къащIыхьа къуэшыкхъэм щыщIалъхьэжыну. Апхуэдэу щIэлъхьэныгъих ирагъэкIуэкIат.

Кущетеровэ Наталье къызэрыджиIамкIэ, накъыгъэм и 9-р къэмысу музейр зэрагъэзэхуэжынущ. 1985 гъэм накъыгъэм и 3-м къызэIуаха мы тхыдэ ухуэныгъэм еплъыну хъуапсэр мащIэкъым. Абы щопэкIу ини цIыкIуи, къэралым и щIыпIэ жыжьэ дыдэхэм къикI зыплъыхьакIуэхэри. «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэхэм Iуэху тщIыуэ музейм дыщекIуэлӀам, абы къыщIэкIыжу дахуэзащ Краснодар крайм и Мостовской районым хыхьэ Шедок жылагъуэм щыщ еджакIуэхэм. ГъэщӀэгъуэнт музейм и куэбжэ цIыкIумкIэ къызэрыдэхыж сабий пщIы бжыгъэм уатехуэныр. — ЦIыху куэд къыщытхуэкIуэм деж, ахэр хэтми, дэнэ къикIами тетрадым изотхэ. Иужьрейуэ къытхуеблэгъахэм ящыщщ Зеленчук районым хыхьэ Исправнэ станицэмрэ Псыхуабэ къалэмрэ щыпсэухэр. Зыри къыджамыIэу къыщытхуэкIуи къохъу, псалъэм и жыIэгъуэкIэ: Домбай, Архъыз е Тебэрды зыщызыгъэпсэху гупхэр. Апхуэдэхэм ядопсалъэ, япыщIащ музейм и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжьыр. Псоми зэдай махуэщIхэм щымыхъукIэ, сыхьэтыр 9:00-м щыщIэдзауэ 18:00-м пщIондэ ди бжэхэр хэткIи зэIухащ, фыкъеблагъэ, — жиIащ бзылъхугъэм.

Музей-фэеплъым хэт плIанэпэхэр псысэ щхьэхуэ ирокъу. Япэ Iыхьэм щызэхуэхьэсащ зауэм теухуауэ ТАСС къэрал хъыбарегъащIэ агентствэм ихъума дэфтэрхэмрэ зэхэуэ шынагъуэхэм ятеха сурэтхэмрэ. ЕтIуанэ Iыхьэр епхащ Кавказым и бгы щхьэдэхыпIэхэм щекIуэкIа зэпэщIэтыныгъэхэм. ЗауэлIхэм я сурэт, я

уней хьэпшып закъуэтIакъуэу абдеж къыщыхьар, гуапэ зэрыхъущи, нобэрей фIэкIа умыщIэну къызэтенащ. Ещанэ Iыхьэм къеIуатэ дибгхэр дунейкъутэжым къыхэзыша альпинистхэм лIыгъэу зэрахьар. Ахэращ зи пщэ илъар къулыкъум хыхьэр бгылъэм щызэуэфу гъэсэныр. ЕплIанэ Iыхьэр теухуащ КъэрэшейЧеркесым и партизан зэщIэхъееныгъэм.

Зэхэуэхэр здекIуэкIа щIыпIэ дыдэхэм лъыхъуакIуэ гупхэм къыщагъуэтыжа хьэпшыпхэми плIанэпэ щхьэхуэ хухахащ: бжэмышх, гуахъуэ, лулэ, нэгъуэщI-къинэмыщIхэр телъу.

Экспозицэм хеубыдэ 1944 гъэм и накъыгъэ мазэм къежьа «Кавказыр зэрахъумам папщIэ» медалри, Берлин нэгъунэ нэсахэм я хъыбар куэди. «Фэеплъ» цIэр зыфIаща дапхъэм телъхэм ухагъэгъуазэ музейр къызэрагъэщIам, абы и пщIантIэм дэт къуэшыкхъэм. 1967, 1985 гъэхэм ирагъэкIуэкIа щIэлъхьэныгъэхэм, мывэ сын здэгъэува бгы щхьэдэхыпIэхэм я сурэтхэр зэпыпплъыхьыхун, блэкIам бгъэзэж къыпфIощI тэлайкIэ.

Музейм и гъэлъэгъуапIэ пэшым и кум ищхьэкIэ инышхуэу хэщIыхьа гъущIыщхьэ хъурейм къыхэIущIыкIащ Кавказым щызэуа дзэ пакIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я цIэхэр. Абы хуэзанщIэу, лъэгум къыщыгъэтIылъыхьащ мывэ такъырхэмкIэ дэщIея быдапIэ мыин. ЩIытI куухэр къыщамытIыфым деж, апхуэдэ зыгъэпщкIупIэхэр зауэлIхэм бгым щаухуэт.

Кавказ къурш щхьэдэхыпIэр зыхъумахэм тратхыхьари тражыIыхьари гъунэжщ. 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м Гитлер и унафэкIэ ирагъэжьауэ щыта «Эдельвейс» зауэ операцэм и къалэн нэхъыщхьэт советыдзэм и ипщэ фронтыр къитIысыхьу зэхикъутэныр, абы къриубыдэ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр, грозненскэ, бакинскэ щIыдагъэ къыщIэхыпIэхэр, хы ФIыцIэ Iуфэм и кхъухьтедзапIэхэр зыIэрыгъыхьэныр, Тыркур къызэщIигъэстрэ Совет Союзым къыпэщIигъэувэныр. 49-нэ бгы-фочауэ полкым и къарур гитлеровцхэм къагъэщхьэпэу КавказщIыб лъэныкъуэм нэсыну щыхуежьэм, щхьэдэхыпIэхэм зекIуапIэу иIэр советыдзэм зэтригъэбыдэри, бийм пIэтIэуэгъуэ иритакъым. Клухор, Марыхъу, Санчарэ щхьэдэхыпӀэхэр яхъумэт 394-нэ фочауэ дивизэм, 808-нэ, 810-нэ, 815-нэ дзэ пакӀэхэм, ебгъуанэ бгы-фочауэ дивизэм и 121нэ полкымрэ 25-нэ гъунапкъэхъумэ полкымрэ.

Абыхэм къадэӀэпыкъут Тбилиси, Баку, Согъум, Орджоникидзе къалэхэм дэт военнэ училищэхэм щеджэхэр. 1942 гъэм щӀышылэм и 14-м Клухор щхьэдэхыпӀэм и ищхъэрэ лъагапӀэхэм къиуващ 815-нэ полкым и езанэ батальоным щӀыгъуу зэхэуэм хыхьа 49-нэ корпусым и пакӀэхэр.

А зэпэщӀэтыныгъэм къанэ щӀагъуэ щымыӀэу батальоным хэтахэр хигъэщӀащ.

Партизан гупхэм яхыхьэу фашистхэм япэщӀэува ди хэкуэгъу куэд хэкӀуэдащ зауэм.

Апхуэдэщ Черкес, Къэрэшей обкомхэм я япэ секретару щыта Воробьев Геннадийрэ Романчук Максимрэ, партизанхэу Лъыс Зурят, Эркеновэ Залихъат, Мижев Баубэчрэ абы ипхъу Кърымхъанрэ, Темырхэ Билалрэ абы и къуэ Хьэзрэт-Алийрэ. Илъэс пщӀыкӀухым ит Юрченко Юрэ, нэмыцэхэр къызэрекӀуэтылӀар къыщыгурыӀуэм, лагъымыр кърихри яхидзащ зыми зыкъигъэуэжащ.

А гъэ дыдэм, жэпуэгъуэм и етӀуанэ Ӏыхьэм уаер щытепщэ хъуат бгыхэм. Совет зауэлӀхэр мылылъэ мыткӀужхэм хэту зауэт, Ӏэджэри щIэхуэт уэсукхъуэ къеххэмрэ къыр джабэхэм къещэщэх мывэхэмрэ, щыхупӀэ шынагъуэхэми, мыл зэгуэзыпӀэхэми дэхуэ къахэкӀт.

ЩхьэдэхыпӀэхэм къыщыхъея зэхэуэхэр зауэлӀхэмкӀэ узыфӀэмыкӀыжыну гъэунэхуныгъэшхуэт. Лъэпкъыбэ дзэ пакӀэхэм къахэкӀа щӀалэ бланэхэм я гъащӀэр бийр къызэтегъэувыӀэным щӀатыну хьэзырт, Клухор, Мэхъар, Гвандрэрэ Ӏуащхьэмахуэрэ дэкӀыну пхъэра зауэлӀ мин бжыгъэм къызэрамыгъэзэжынкIэ хъунур къагурыIуэт. …ХабзэфӀщ цӀыху хахуэхэм я фэеплъыр мыкӀуэдыж щӀыныр. Кавказым и бгы щхьэдэхыпӀэхэм къыщыхъуа-къыщыщӀар уигу изымыгъэху фэеплъщ Черкесск – Домбай автомобиль гъуэгум тет музейр. Ар ящӀащ КъэрэшейЧеркесым и комсомол организацэм и жэрдэмкӀэ, щӀэгъэкъуэн хъуащ Куржыр, Армениер, Азербайджаныр, Дагъыстаныр, Адыгэ Республикэр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Шэшэныр, Ингушетиер, Ищхъэрэ Осетиер, Краснодар, Ставрополь щIыналъэхэр.

Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр нэхъыбэу зи пщэ дэлъар щӀалэгъуалэмрэ комсомолхэмрэт. Хэгъуэгум и ӀуэхущӀапӀэ пэрытхэм щэбэт щӀыхьэхухэр ирагъэкӀуэкӀт, ахъшэу зэхуахьэсыр музейр ухуэным халъхьэт. А Ӏуэхум жыджэру хэлӀыфӀыхьахэм ящыщщ Черкесск дэт заводхэм щылажьэ щӀалэгъуалэр – Химзаводым, Холодмашым, «Ставропольгидрострой» трестым Ӏутхэр. Я гуащӀэ хэлъщ Карачаевск къалэм, Хьэбэз къуажэм, Къардэныдж, Зеленчук станицэхэм я предприятэхэми.

Прикубан районым и Верхнекубанскэ сымаджэщым и лэжьакӀуэхэу Казанцев Н., Запросян Р., Натекин М., Кудюков Ф., Нарыжная С., сымэ кӀэртӀоф Ӏуахыжу къалэжьа сом 581-р музейр ухуэным хуагъэкӀуащ.

Ар ящӀащ куржы архитектор ныбжьыщӀэхэу Давитая Вахтангрэ Чиковани Александррэ я проектымкӀэ. Скульптор лэжьыгъэхэр зыгъэзэщIар Каладзе Гульдэщ. 1968 гъэм щэкӀуэгъуэм и 2-м музейр къызэӀуахащ комсомол организацэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс щэныкъуэ щрикъум трагъахуэри. А Ӏуэхум къыхашащ цӀыху мин 20-м щӀигъу.

НобэкӀэ музейм щахъумэ экспонат 900-м инэхъыбапӀэр бгы щхьэдэхыпӀэхэм кърахьэхахэращ. Экспедицэр я ӀэдакъэщӀэкӀщ Ленинград (Санкт-Петербург) художественнэ лъэщапӀэм и нэхъ ӀэпэӀэсэ ӀэщӀагъэлӀхэм.

Кавказым и щхьэдэхыпӀэхэр зыхъумахэм я музей-фэеплъыр здэщыт щӀыпӀэм мыхьэнэуэ иӀэр къэлъытэгъуейщ. А щӀыпӀэр ятеухуащ Кавказыр къызэтегъэнэным щӀэбэна къулыкъущӀэхэм. ЗауэлӀхэм я къекӀуэкӀыкӀар, лӀыгъэу яхэлъар къыбжаӀэ музейм щӀэлъ хьэпшып, дэфтэр, сурэт уасэншэхэм. Тхыдэ напэкӀуэцӀхэр лъыпскIэ зытха къурш хъумакӀуэхэр тщызымыгъэгъупщэнщ мы музейр. Мыбы къэхутакӀуэхэр, зыплъыхьакӀуэхэр, гъуэгурыкӀуэхэр, щӀэблэр иджыр къыздэсым щызыIэпишэкIэ, 1942-1943 гъэхэм я фэеплъыр псэущ…

ЛЫХЬ Тимур


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *