Урысейм лъэпкъ IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэм (ФАДН-м) и къызэгъэпэщыныгъэкIэ «Русская цивилизация» лъэпкъыбэ сурэтзэпеуэр илъэс е 10-нэ хъуауэ йокIуэкI. Гъэ къэси абы зэкъуегъэувэ дуней псом щыщ цӏыху мин бжыгъэ. Япэ илъэсым къэрал 28-м къикӏа автор мин 1,8-рэ зэпеуэм къыхыхьамэ, 2025 гъэм Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ щыщ цӏыху мини 3,4-м къабгъэдэкӏа лэжьыгъэ мин 19,5-м щӏигъу утыку кърахьащ. Зэпеуэм и къалэнщ Урысейр лъэныкъуэ зэхуэмыдэкIэ къэгъэлъэгъуэныр – щӏэблэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэр, унагъуэ, псэкупсэ лъапӏэныгъэхэр, хабзэхэр, лъэпкъ телъыджагъэр, тхыдэ сурэтхэр, зауэлӏхэр, архитектурэ шедеврхэр, н.къ. Ди гуапэщ 2025 гъэм екIуэкIа зэпеуэм ди лъэпкъэгъу КЪУНДЕТ Мурат и «Умиротворение» сурэтым е 3-нэ увыпIэр къызэрыщихьар. Зэпеуэм, абы и мыхьэнэм, текIуэныгъэм зэрыхуэкIуам къытхутепсэлъыхьащ газетым и хьэщIэщым къытхуеблэгъа Мурат.
— Мурат, япэрауэ щIэджыкIакIуэхэм уакъедгъэцIыхуну дыхуейт: лъэпкъкIэ узыщыщым, уи лэжьыгъэм, уи щыIэкIэ-псэукIэм.

— Си сабиигъуэри, балигъ гъащIэм и Iыхьэри здыщызгъэкIуар Нидерланды хамэ къэралращ. Ди хэгъуэгум си быныр сщIыгъуу къэзгъэзэжащ илъэси 5-6-кIэ узэIэбэкIыжмэ. ЩIыуэпсыр хъумэным си лэжьапIэр епхащ..
— АтIэ, къызэрыдгурыIуамкIэ, уи IэщIагъэкIэ усурэттехкъым. Арами уи лэжьыгъэм Урысейпсо, уеблэмэ Дунейпсо утыкум гулъытэ къыщыхуащIри, лэжьыгъэ миным щIигъум къыхагъэщхьэхукIащ. Зэпеуэм дауэ ухыхьа хъуа?
— Сурэт техыныр си IэщIагъэкъым, ауэ фIыуэ солъагъу, ар дэни къыздогъуэгурыкIуэ: лэжьыгъэ IуэхукIэ щIыпIэ зэхуэмыдэхэм сыщыкIуэкIи, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм бгым сыщыдэкIкIи… Зэпеуэм сызэрыхыхьа сурэтри зэрымыщIэкIэ тесхащ. Си ныбжьэгъум сыщIыгъуу гъуэгубгъум тет мэжджыт гуэрым дыкъыщыувыIауэ сызыIуплъа теплъэгъуэр телефонкIэ тесхат.
— Нэмэзлыкъым тес щIалэм, абы къытепсэ дыгъэ бзийхэм, блыным трыригъадзэ ныбжьым зэуэ къыпхуагъэуша сурэтым фIэпща «Умиротворение» фIэщыгъэцIэр?
— Теплъэр тезмых щIыкIэ, сызэрыIуплъэу, щIалэ щысым, абы тридзэ нэхугъэм «гупсэхугъуэ» псалъэр си псэм къригъэIукIащ. ЩIалэр зи хэтри сцIыхукъым, иужькIэ зилъагъужынкIи хъунщ, ауэ абы и теплъэм сэ гулъытэ хуэсщIам пэджэжу гулъытэ къыхуащIыжащ абы Iэ хуэзыIэта цIыху мин бжыгъэми.
— Мурат, «Русская цивилизация» сурэт зэпеуэм сыт и мыхьэнэуэ уэ плъытэр?
— Мыпхуэдэ зэпеуэхэм лъэпкъ зэпыщIэныгъэр гъэбыдэнымкIэ къызэрымыкIуэщ я мыхьэнэр. Къэралыр зы теплъэу къызэщIикъуэжу къызолъытэ абы. Мыбы кърагъэхьа теплъэхэм зэры-Урысейуэ я гупсысэр, ялэжьыр, а дакъикъэм зэрыт щытыкIэр къызэщIиубыдэу зы теплъэм иувэу къыпщегъэхъу. Сурэтым къыщыгъэлъэгъуа, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIахэм я нэгу иболъагъуэ я гум щыхъэр, гуфIэгъуэр, нэщхъеягъуэ щытыкIэр; щIыуэпсым и зэхуэмыдагъыр къыщагъэлъагъуэ теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэм — даущыр, телъыджагъэр, зэмыIуса дахагъэр. Хэгъуэгу къэс, Урысейм и дэнэ къуапэ къэс я псэукIэр зы теплъэгъуэу къызэщIекъуэж…
— Мы зэпеуэм уэ сыт фIыуэ къыхэпхар, сыт абы къыуитар?
— Си гуи къэкIтэкъым апхуэдэ гулъытэ си сурэтым иIэну. IэIэткIэ къихьа бжыгъэм сыкIэлъыплъакъым, ауэ ещанэ увыпIэр къызэрысхьа хъыбарыр къыщысцIыхуам, хуабжьу згъэщIэгъуащ. ФIыщIэ тхылъ къызатащ, си сурэтыр ину къыдэгъэкIыжауэ саугъэт схуащIащ. Сурэтыр «Народы России и СНГ» гъэлъэгъуэныгъэшхуэм щагъэуващ, иужькIи щIыпIэ зэхуэмыдэхэми утыку ирахьащ.
— Сурэтыр къохъулIэн папщIэ псэкIэ зыхэпщIэн хуей?
— Сэ зыгуэр дахэу тесхынщ, е къызэрымыкIуэу згъэлъэгъуэнщ жэуэ сыпылъкъым. ПсэкIэ зыхэсщIэу сигу ирихьмэ, ирехъу ар псэущхьэ, цIыху, дуней теплъэгъуэ, — итIанэ тызох. Си нэм илъагъур фIэдахэу, камерэм и объективым сыщиплъэкIэ, сигу иримыхьыжынкIи мэхъу… Сурэтыр дахэ мэхъу, абы псэкIэ ухэпщIэмэ, уи нэкIэ пфIэдахэу плъагъур камерэм щиплъэгъуэжмэ… сурэтыр фIы хъунущ.
— ИпэкIэ апхуэдэ зэпеуэхэм ухэта? Мы гъэм екIуэкI X Урысейпсо зэпеуэм ухыхьэну?
— ИпэкIэ сыхэтакъым, ауэ куэдрэ къызэлъэIуащ зэпеуэхэм сыхыхьэну. Сурэт куэд сиIэщ бгъэлъэгъуэфыну. Си портфолиор сурэт мини 10-м щхьэдох, абыхэм ящыщу мини 3-м нэс нэхъыфIу къыхэсхыфынущ. Мыгъэрей зэпеуэми езгъэхьыну си сурэтхэри згъэхьэзыращ. Сыхыхьэнущ.
— ЗэрыхъумкIэ, ди редакцэм щылажьэхэри хьэрхуэрэгъу къыпхуэхъунущ. Дэри сурэт зыбжанэ едгъэхьащ: ди газетым къытехуа лIыхъужьхэр, тхыдэ Iэужь зиIэ теплъэ гъэщIэгъуэнхэр. ТекIуэныгъэр къэтлъэщынымкIэ сыт хуэдэ чэнджэщ къыдэптыфыну? Сурэтым и фIагъым, абы кIэщIэдза тхыгъэм мыхьэнэ гуэр иIэ?
— Мы зэпеуэр зэрыфIыр сурэттех IэщIагъэрылажьэхэм яхуэдэу а Iуэхур фIыуэ зылъагъухэри зэрыхэтыфращ. Сурэтым и фIагъыр ипэ ирагъэщкъым, атIэ и мыхьэнэр нэхъ тегъэщIапIэ ящI. СызэрегупсысымкIэ, сурэтым кIэщIэтхам (зытеухуам, зытепсэлъыхьым) куэдкIи елъытащ жюрим гулъытэу хуищIынум. Инэхъыбэм теплъэр къыбгурымыIуэу, абы и мыхьэнэм уеджа нэужь нэгъуэщIынэкIэ ущеплъ къохъу. ИпэкIэ зэрыжысIауэ, псэкIэ зыхэпщIэу тепхамэ, а сурэтыр хъунущ! Ехъулӏэныгъэ къэфлъэщыну сывохъуэхъу!
— Дэри дынохъуэхъу, Мурат! Гупсэхугъуэм къинэмыщIауэ ехъулIэныгъэри сурэт техыным къыпхудэкIуэну!
Епсэлъар АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.