ШЫЩХЬЭIУМ (августым) и 1-м щегъэжьауэ жэпуэгъуэм (октябрым) и 1 пщIондэ екIуэкIынущ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус, псапащIэ цIэрыIуэу щыта КЪАНДУР Мухьэдин и фэеплъ Дунейпсо литературэ зэпеуэ.
«Тхылъ къызэIуха» зэпеуэр къызэрегъэпэщ ди лъэпкъэгъу щэджащэм и щхьэгъусэ, тхакIуэ, усакIуэ Бэлагъы Любэ. Абы мурад ищIащ Мухьэдин дунейм зэрехыжрэ илъэситI щрикъум ирихьэлIэу апхуэдэ Iуэху къыдихыну, литературэм зигу хузэIухахэр, тхэхэм я нэхъыфIхэр утыку къришэну, я цIэр дуней псом щигъэIуну. «Мы Iуэхум лъабжьэ хуэхъур Мухьэдин дызэрыхуэщыгъуэм и закъуэкъым, атIэ абы къигъэна щIэиным и лъапIагъыр куууэ зэрызыхэтщIэм и дамыгъэщ.
ДяпэкIэ къытпэщылъщ абы и псэкупсэ, щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр хэкум къэгъэIэпхъуэжыныр. «Тхылъ къызэIухари» зытеухуар аращ — Къандур Мухьэдин къызэринэкIар хъумэным и зы Iыхьэщ, адыгэ щэнхабзэм зегъэужьыным, и пщIэр къэIэтыным хуэкIуэ зы лъэбакъуэщ, тхэн щIэзыдзагъащIэхэм защIэгъэкъуэнырщ. Мы Iуэхум хэтыну дэ къыдогъэблагъэ тхакIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэр.
Я IэдакъэщIэкIхэр къытхуезыгъэхь хъунур адыгэхэм я закъуэкъым, атIэ хамэ лъэпкъ, къэрал щыщхэри ди гуапэу къыхыдошэ — Урысейм, адыгэм я тхыдэм, щэнхабзэм, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм пщIэ хуэзыщIхэр, а зэхущытыкIэфIхэр псалъэкIэ къэзыIуэтэфхэр. Урысейм и Президентым и грантым щыщкIэ си гуапэу згъэгушхуэнущ ди лъэпкъым папщIэ тхэхэр. ФIыщIэ яхузощI си мурадыр къыздэзыIыгъа псоми», — жеIэ Любэ.
Лэжьыгъэхэр сыт хуэдэ жанрым итми хъунущ: прозэ, поэзие, эссе. УрысыбзэкIэ тхахэр зэрыщытым хуэдэу, адыгэбзэкIэ тхар урысыбзэкIи зэдзэкIауэ ирагъэхьын хуейщ мы адресым: president@ siffa.media Любэ къызэрыджиIамкIэ, нэхъыфIу къалъытэну тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ щхьэхуэ къыдагъэкIынущ, абы къинэмыщIауэ, Урысейм и литературэ къыдэкIыгъуэ нэхъ цIэрыIуэхэм къытрадзэнущ.
ТекIуахэр 2025 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 14-15-хэм Сочэ щагъэлъэпIэнущ. А зэIущIэм утыку къыщрахьэнущ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр иту къыдагъэкIыну тхылъыщIэри. ЗэIущIэм кърагъэблэгъэн я мурадщ хьэщIэ лъапIэхэр, литературэмкIэ дунейм щыцIэрыIуэхэр. Адыгэхэм я лъэпкъ щIэинхэм, щэнхабзэм, тхыдэм, къэкIуэнум щытепсэлъыхьыну лекцэхэр, мастер-классхэр, зэпсэлъэныгъэхэр мы зэхуэсым щрагъэкIуэкIынущ.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.